ЦIыху кIуапIэ зэрыхъуным хуагъэпс

Къэбэрдей-Балъкъэрым и псы хущхъуэхэм нэхърэ нэхъ сэбэпрэ  къабзэрэ къэ­гъуэ­ты­гъуейщ. Ап­хуэдэщ «Аушы­джэр и псыхуабэхэр», «Нарзанхэм я къы­щIэжыпIэ» щIыпIэр. 

 ЦIыхум я узыншагъэр егъэ­фIэкIуэнымкIэ щIыналъэ мы­хьэнэ зиIэ щIыпIэу Джылы-Су къэлъытэнымкIэ уна­фэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм къищтащ. Абы ипкъ иту, щIыпIэр сыт и лъэныкъуэкIи яхъумэнущ: щIыуэпсым (псы къы­щIэжыпIэхэм, хьэуам, щIым) зэран хуэхъу лэжьыгъэ щрагъэкIуэкIынукъым, Iэгъуэ­благъэм щаухуэ хъунукъым Iэщ фермэхэр, псэупIэ унэхэр, кхъэхэр. Апхуэдэу хъу­пIэуи къа­гъэсэбэп хъунукъым. 
Гектар 227-м щIигъу къы­зэщIэзыубыдэ Джылы-Су щаухуэнущ насос станцхэр, псыр зрикIуэ бжьамийхэр, псы зэбгрытыкIыпIэхэр, псы хущхъуэм цIыхухэр щефэну утыкухэр. ЖыпIэнурамэ, ди псы хущхъуэ къыщIэжыпIэхэр турист кIуапIэ зэрыхъуным хуэгъэпсащ нобэ ялэжь апхуэдэ Iуэху щхьэпэхэр.

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: