ЩIыпIэ жыжьэу Ныуэжьыдзэ

А цIэр зезыхьэ бгыр (метр 2948-рэ и лъагагъщ) ди рес­публикэм и Iуащхьэмахуэ щIы­налъэм итщ, псыхэу Гиж­гитрэ Урдырэ зы­къы­щызэ­щIа­къуэ къуэладжэхэм я зэхуаку дэтщ. Зэры­зэщ­хьэ­щы­ха и лъэныкъуэкIэ, Гижгит Бахъсэн хохуэж, Урды Гун­дэлэн холъэдэж. 

Бгым зэреджэр, зэрыгуры­Iуэ­гъуэщи, адыгэбзэм къыте­хъукIащ. Ди зэманым куэдым къамыгъэсэбэпыж «ныуэжь» псалъэм къикIыр «фызыжь» жыхуиIэрщ. «Дзэ» пычыгъуэр абы дэщIыдгъужмэ, фIэщы­гъэр «фызыжьыдзэ» мыхьэ­нэм тынш дыдэу зэрыхуэкIуэри нэрылъагъущ. Ауэ щыхъукIи, ди лъэпкъым и къекIуэкIыкIар къэзыгъэнэIуэж дэтхэнэми и гупсысэр хуигъэ­кIуапхъэщ, зи гугъу тщIы Iуащхьэр зыхуэдэм а фIэщы­гъэр тезыгъэIукIахэр фIыуэ щы­гъуазэу зэрыщытам имы­закъуэу, ар зэрыт щIыпIэри я хэщIапIэрэ Iэщ гъэхъупIэу къызэрекIуэкIари.
Ди лъэхъэнэмкIэ къедгъэ­зэкIыжынщи, иджырей ту­рист­хэр зыхуеIэ хъуа мы бгым и Iэгъуэблагъэр, Къуэштэн зи фIэщыгъэу, ди республикэм и гъэмахуэ хъупIэхэм ящыщ зыщ. И жыжьагъкIэ къэтлъы­тэмэ, Бахъсэн зыдэт тIуащIэр зи хэщIапIэ Былым къуажэм ар зэрыпыIудзари, куэдыр зыщы­гъуазэ Къэнжал бгыщхьэ тафэ цIэрыIуэм «зэрыпыIукIуэтари» зэхуэдэщ – километр 25-м ны­зэ­рыхьэсщ. АрщхьэкIэ, иужь­рейм уикIыу авто­машинэ-                  кIэ Ныуэжьыдзэ ухуэкIуэныр  ди зэманым зэгъэхъулIэгъуей хъуащ, совет лъэхъэнэм щыIа Iэбгъэхэм я нэхъыбапIэр ябгы­нэжу, ахэр зэрызэ­лъагъэ-Iэсу къекIуэкIа гъуэгухри зэры­щымыIэжым къыхэ­кIыу. 
ИкIи, мы зэманым зэры­щы­тыр аращи, зи гугъу тщIы Iуащ­хьэ телъыджэр здэщыIэ щIы­пIэм автомашинэкIэ унэсыныр нэхъ тыншу щызэбгъэ­хъу­лIэ­фынур, туристхэри щыхьэт зэ­рытехъуэу, Былым къуажэм ищхьэкIэ щыIэ гъуэгу бгъунжу Гижгит псыр къыздижымкIэ бгъурытым утемыплъэкъукIыу утетмэщ. Пэжщ, лъэсы­рыкIуэ­хэм я дежкIэ дэтхэнэ зы ­лъа­гъуэри гъэщIэгъуэнщ, Iэ­гъуэ­благъэм зыкъы­щызэ­къуэ­зых теплъэгъуэхэри апхуэ­дизу телъыджэщ, удэзыхьэхщи, щызыхэпщIэмрэ къызэ­рып­щыхъумрэ гъуни нэзи зимыIэм хуэдэщ.
ЗекIуэным дихьэх турист «хъы­жьэхэм» мы Iэшэлъашэм и гугъу щащIкIэ, адыгэбзэм къыхэкIа нэгъуэщI щIы­пIэ­цIэхэри, ди гуапэ зэрыхъунщи, къагъэсэбэп. Абыхэм ящыщ зыщ Ныуэжьыдзэ деж ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ зыкъы­щызэ­щIэзыкъуэ Урды псым и тIуа­щIэм зыдэзыуфэбгъуа Хьэ­кхъуафэ лъапэрыт абрагъуэм зэреджэри. Абы и джабэ нэкIухэр жьэхэгъэкъуащ Инал зи фIэщыгъэ бгыщхьэ тафэу зи лъагагъкIэ Ныуэжьыдзэ куэд­кIэ къыкIэрымыхум (метр 2879-рэ).

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: