Кавказ щэнхабзэм итхьэкъуа япон щIалэ

Ижь-ижьыж лъандэрэ хамэ къэрал куэдым щыщ къэхутакIуэхэр хуабжьу дехьэх Кавказым ис лъэпкъхэм я тхыдэм, псэукIэм, къекIуэкIыкIам. Но­бэ фэдгъэцIыхуну дыхуейщ апхуэдэ зы, зи ныбжьыр илъэс 19 фIэкIа мыхъу Японием щыщ Нозаки Тайга.  
АпхуэдизкIэ кавказ лъэпкъ­хэм я щэнхабзэр зигу дыхьа япон щIалэщIэм езым абы зыхуигъэсэным къищы­нэ­мы­щIауэ, гуп зригъэпэщауэ Японием и къалащхьэм ди ­къафэхэм щыхуегъасэ. То­кио­дэсым видеодерсхэмкIэ зригъэщIащ ахэр. Тайга ещIэ адыгэ, шэшэн, куржы, осетин къафэхэр. Токио дэт шхапIэ инхэм ирагъэблагъэурэ абы­хэм къыщофэ, пшыхьхэр егъэ­дахэ. 
Иджыри курыт еджапIэм щыщIэсым кавказ лъэпкъхэм я тхыдэр зригъэщIэным дихьэхащ Нозаки. Бгырысхэм я къа­фэр къыщилъэгъуам къы­щы­щIэ­дзауэ, къыгурыIуащ абы фIэкIа нэгъуэщI зэры­хуэ­мейр.

- Тайга, кавказ лъэпкъхэм я щэнхабзэр дауэ къэпцIыхуа?
- Адыгэ къафэр сигу щIы­дыхьам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ а къа­-фэм зауэлIым и къарур, балетым и дахагъэр, тхыдэр къы­зэ­рызэщIиубыдэр. Илъэс 12 сы­щыхъум къы­щыщIэдзауэ ­европей щэнхабзэм зыщыз­гъэгъуазэн щIэздзащ. Зэман дэкIри интернетым зэры­мы­щIэкIэ сыщрихьэ­лIащ къамэ­хэр щагъэджэгу кавказ къа­фэкIэм. Гъуазджэр зи лъабжьэ спорт - апхуэдэущ сэ абы сы­зэреплъыр. Абы къы­щы­щIэ­дзауэ кавказ лъэпкъ ­къафэхэм сыдихьэхащ. 
Мазэ зыбжанэкIэ урысыбзэр зэзгъэщIащ. Адыгэ уэрэдхэр жызоIэф. Си ныбжьэгъу куэд хамэ къэрал щэнхабзэхэм зыхагъэгъуазэ. Кавказ лъэпкъхэм ятеухуауэ диIэ еплъыкIэхэмкIэ дызэдогуашэ. Ауэ си унагъуэр апхуэдэу нэгъуэщI лъэпкъхэм я щэнхабзэм дихьэхкъым, хамэ къэралхэм къикIауэ Японием щыпсэур мащIэ дыдэщи. Абы къыхэкIкIэ ди гъунапкъэм и адрыщIкIэ щыIэ лъэпкъхэр куэдым къафIэIуэхукъым. 
Хамэ къэралхэм зэи сыщыIакъым. Псом хуэмыдэу си нэ ­къокI Кавказым сыкIуэну. Лъэпкъ къафэр къыщежьам нэхъ куууэ зыщыхуэзгъэсэну сыхуейщ. ИнтернеткIэ дызэ­рыцIыхуауэ сахуотхэ Тыркум щыщ шэрджэсхэм, Иорданиемрэ США-мрэ щыIэ шэшэнхэм, иджы си гуапэу нэхъ гъу­нэгъуу къэс­цIыхуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ адыгэ­хэр.
- Япон щэнхабзэм уи гъащIэм сыт хуэдэ увыпIэ щи­Iыгъ? Уэ къыбопщытэ фэ куэдкIэ фпэжыжьэ дунейм и зы Iыхьэ. 
- Японымрэ Кавказымрэ я щэнхабзэхэм икъукIэ зэтехуэ­ныгъэ куэд хэлъщ. Абы къы­хэкIкIэ гугъуехьышхуэ къыхэкIкъым си лъэпкъым и щэнхабзэри схъумэн, кавказ щэнхабзэми зыщызгъэгъуазэным. 
- Кавказ щэнхабзэм и сыт хуэдэ лIэужьыгъуэра уи гум нэхъ дыхьэр?
- Псом хуэмыдэу сэ сфIэфIщ къафэхэмрэ макъамэхэмрэ. Пшы­нэм и макъамэ дахэр сигу ирохь, барабаным и теуэкIэр гу къеуэкIэм хуэдэщ. Адыгэ ­лъэп­къым и къафэкIэр зыхуэбгъадэ хъун щымыIэщ. 
- Ди щэнхабзэм теухуауэ сыт хуэдэ хъыбар ебгъэщIэну ­ухуейт дуней псом?
- Кавказым ис лъэпкъхэм икъукIэ щэнхабзэ дахэ, тхыдэ куу яIэщ. Абыхэм хуэдэ дуней псом щыIэу си фIэщ хъуркъым. Ауэ Кавказым щыпсэу си ныбжьэгъур хуабжьу егъэгузавэ, лъэпкъ хабзэхэм тет, абы къы­пызыщэ щIалэгъуалэр икъукIэ мащIэ зэрыхъуам. Апхуэдэ гукъеуэ Япониеми щыщыIэщ. Глобализацэмрэ интернетымрэ дуней псор зэригъэуIуащ, ар­щхьэкIэ лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къадекIуэкIыу щыта хъугъуэфIыгъуэхэр игъэкIуэдащ. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъы­щеплъмэ, IэмалыфIи къыт­хукъуэкIауэ жыпIэ хъунущ - интернетыр къэдгъэсэбэпурэ кавказ щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ дуней псом щызэбгредгъэхы­фынущ. 
ЩIалэгъуалэм захуэзгъазэу къыхузоджэ, фи лъэпкъ щэнхабзэр, тхыдэр фхъумэну, абы фытетыну. Ди лъэпкъыр дэ дымыхъумэжмэ, зыми ар къытхуищIэнукъым. 

Зыгъэхьэзырар Жыласэ Замирщ.
Поделиться: