Иджырей гъукIэхэр

Нобэрей ди гъащIэм сыт хуэдэ увыпIэу пIэрэ гъукIэ IэщIагъэм щиубыдыр? Дызэригугъауэ, дэхуэхакъым. Налшык къалэ, къапщтэмэ, кIыщ зыбжанэ дэтщ. Абыхэм я лэжьэкIэр зэдгъэщIэну мурад щытщIым дыкъытеувыIащ Искож хьэблэм щыIэ, Джатэжьей Анзор и лъэщапIэм. Анзор илъэс тIощIым нэблэгъауэ мы IэщIагъэм иролажьэ. А Iуэхум зэрыпэрыхьа хъуам дыщыщIэупщIэм къыдита жэуапым тепщIыхьмэ, зэрымыщIэкIэ а IэщIагъэр Iэпэгъу хуэхъуауэ аращ.
- Сэ дахэ цIыкIу сиIэну сыхуейти, ар зэзгъэщIын гъукIэ куэдрэ сылъыхъуащ, - жеIэ Анзор. – Апхуэдэу зэзгъэцIыхуащ гъукIэ Iэзэ Борий Къанщобий икIи сызыщIэхъуэпса сэр сызэрыхуей дыдэм хуэдэу абы схуищIащ. Абдежым щегъэжьауэ сыдихьэхащ а Iуэхум, псом хуэмыдэу адыгэ Iэщэм и къэгъэщIыкIэм. Арати, Борий Къанщобий и гъукIэгъэсэну а IэщIагъэм и щэхухэм зыхэзгъэгъуэзащ.
Лэжьыгъэм зыIэпиша щIалэм, япэщIыкIэ щылэжьэн щIыпIэр бэджэнду къищтащ, хуэм-хуэмурэ и Iуэхухэр щефIакIуэм, зыми емыпхауэ, и щхьэ хуэлэжьэжу щIидзащ. Къанокъуэ Арсен КъБР-м и Iэтащхьэ къулыкъум щыпэрытам, хьэрычэтыщIэ Iуэху цIыкIум зрагъэужьыфыным теухуауэ къыхилъхьауэ щыта программэм ипкъ иткIэ къигъэлъэгъуа и Iуэху зехьэкIэр нэхъыфIхэм хабжэри, ахъшэ саугъэт къыхуагъэфэщащ. Ар къигъэсэбэпри, и Iуэхум зригъэубгъуащ, зыхуэныкъуэ Iэмэпсымэхэр, хьэпшыпхэр къищэхуащ, лэжьапIэ IэнатIэщIэхэр къызэригъэпэщащ.
-    Иджыпсту кIыщым цIыхуих щолажьэри, абыхэм куэбжэ, бжэ, щIыхьэпIэхэр, пырхъуэхэр зэрагъэщIэращIэ гъущI хъархэр, нэгъуэщIхэри ящI, - жеIэ Анзор. – Сэ си лэжьыгъэр нэхъ зытегъэпсыхьар адыгэхэм я Iэщэхэм етIуанэ гъащIэ егъэгъуэтыжынырщ. Iэщэм елэжь, ар зыщI хэхауэ щыIэкъым. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, адыгэ Iэщэм къыпэхъун щыIакъым. Абы и къекIуэкIыкIам, и тхыдэм щыгъуазэ зыщыхуэсщIым, сэ гукIи псэкIи зыхэсщIащ а Iуэхум иужь сихьэн зэрыхуейр. Абы и лъэныкъуэкIэ КъБР-м и Лъэпкъ музейм зэгурыIуэныгъэ хузиIэу сыдолажьэ, апхуэдэуи цIыху щхьэхуэхэм я лъэIукIэ адыгэ сэшхуэ, къамэ, джатэ сощI.
Къыхэгъэщыпхъэщ Иордание къэралыгъуэм и пащтыхь Абдалла II и шэрджэс щхьэхъумэхэм я фащэхэр зыхуэныкъуэ IэщэхэмкIэ къызэгъэпэщыным теухуауэ, Анзор зэгурыIуэныгъэ къращIылIауэ зэрызэдэлажьэри.
Джатэжьейм зэрыжиIэмкIэ, адыгэ Iэщэхэр зи унэ изыгъэлъыну хуейхэм я бжыгъэм иужьрей зэманым къыхохъуэ. Хэт ищIэрэ, абыхэми къахэкIынкIи хъунщ ар ящIыфу зезыгъэсэну хуейхэр.
- Сыхуейт адыгэ Iэщэм цIыху нэхъыбэ елэжьыну, - жеIэ Анзор. - Iэщэм и щIыкIэм дихьэххэр щыIэщ. КъокIуэ, лэжьыгъэм пэрохьэри, а зы махуэм фIэкIа зыщаIэжьэркъым кIыщым. Пэжщ, лэжьыгъэ гугъущ икIи хьэлъэщ, куэдми хэпщIыкIын хуейщ. Нэхъыщхьэращи, уэ а Iуэхум удихьэхыу, ар зыгуэркIэ пфIэхьэлэмэту щытын хуейщ, апхуэдэ фIэгъэнапIэ щымыIэмэ, зыри къикIынукъым.
Джатэжьейм и IэщIагъэм фIыуэ зэрыхищIыкIыр IупщIщ, абы зэрызригъэужьынымкIэ гупсысэхэр иIэщи, шэч хэлъкъым ар жыжьэ зэрынэсынум. ГукIи псэкIи зыпэрыт IэщIагъэм абы и цIэр куэдрэ игъэIунущ.
Зэрынэрылъагъущи, лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ IэщIагъэм ди зэманми щIэупщIэ иIэщ, и пщIэр лъагэщ.

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
Поделиться: