КъурIэн лъапIэм и фIыгъэкIэ

 Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я щыхьэр Дубай щызэрахьэ хабзэхэм язщ лъэхъуэщым ис щIэпхъаджащIэхэм КъурIэн лъапIэр гукIэ зэрагъащIэмэ, тезыру ятелъ илъэс бжыгъэр зэрыхухагъэщIыр.
 Лъэхъуэщым ис нэрыбги 115-м я тезырым мазихым щегъэжьауэ илъэс 20-м нэс хухагъэщIащ. КъурIэн лапIэм щыуагъэншэу еджэу ирагъэса нэужь, тутнакъи 124-м къэпщытэныгъэхэр тест IэмалкIэ ирагъэтыжри, хэт и илъэс бжыгъэм хухагъэщIащ, хэти къаутIыпщыжыпащ. Зи гугъу ящI цIыхуи 1I24-м щыщу 115-м гукIэ зэрагъэщIа сурэ бжыгъэм елъытауэ, я Iуэхум хэплъэжахэщ.
 «ЦIыхуи 7-м я тезырыр илъэс 20-кIэ хухагъэщIащ, - жеIэ лъэхъуэщхэмрэ КъурIэн щызэрагъащIэ еджапIэхэмрэ зэпыщIэнымкIэ жэуап зыхь тутнакъэщым и лэжьакIуэ Iэл-Хьэммади Мухьэммэд. – ЦIыхуиплIым я тезырыр илъэс 15-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ».
 КъулыкъущIэм зэрыжиIэмкIэ, илъэс 17 ипэкIэ Дубай дэт тутнакъэщхэм щызэхаубла «КъурIэныр зэгъэщIэнымкIэ программэм» тезыр зытелъхэм Iэмал гъуэзэджэ къаритащ псори щIэрыщIэу къыщIадзэжу я щхьэ пщIэ хуэзыщIыж цIыху хъужын папщIэ. Я хьэл-щэныр зэтраухуэжу, лъэхъуэщым щагъакIуэ зэманри пщIэншэу ямыгъэкIуэдын хуэдэу, абы икIыжа нэужьи, гъуэгу захуэм темыгъуэщыкIыжыну КъурIэн лъапIэм Iэмал къаритынущ», - къелъытэ Хьэммади.

Поделиться: