Шахматхэр - курыт еджапIэмЕгъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэр зэхъуэкIыныгъэхэр щIэх-щIэхыурэ зыхалъхьэщ. Иужьрейуэ абы къыхалъхьахэм ящыщщ зэреджэ программэм шахматхэр Iэмал имыIэу хагъэхьэн хуейуэ. А жэрдэмыр хэIущIыIу иджыблагъэ ищIащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Васильевэ Ольгэ. А Iуэхум теухуауэ къыжыIапхъэщ шахматхэм ныбжьыщIэхэр зэрыхуегъэджапхъэ программэ щхьэхуэхэмрэ тхылъхэмрэ зэрыщыIэр. Министрым къыхилъхьа жэрдэмыщIэм щытепсэлъыхьым, УФ-м ШахматхэмкIэ и федерацэм и президент Дворкович Аркадий къыхигъэщащ сабийхэм я хьэл-щэныр тэмэму зэтеувэн папщIэ шахмат джэгуным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Къапщтэмэ, абы ныбжьыщIэм зыхрегъащIэ бгъэдэлъ жэуаплыныгъэр, гупсысэр зи лъабжьэ Iуэху зехьэкIэми хуеущий.
Поделиться:
Читать также:
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
15.04.2024 - 12:10 →
Гагарин и гуфIэкIэ
11.04.2024 - 09:30 →
УнафэщIхэмрэ IэнатIэ лъыхъуэхэмрэ зэрощIэ
10.04.2024 - 11:00 →
Дисанэ и ехъулIэныгъэ
08.04.2024 - 12:46 →
Мазэм и хъыбар
|