Дзэлыкъуэ районым и бзылъхугъэхэр

Дзэлыкъуэкъуажэ утыку къыщрахьащ «Зольчанка» тхылъыр. ЗэIущIэм кърихьэлIахэм тхылъ-щIэнгъуазэу къалъыта къыдэкIыгъуэр траухуащ дзэлыкъуэдэс бзылъхугъэхэм – анэхэм, егъэджакIуэхэм, дохутырхэм, щIэныгъэм, гъуазджэм, щэнхабзэм, мэкъумэш IэнатIэм я лэжьакIуэхэм, къэралым къулыкъу хуэзыщIэхэм. Ар я Iэдакъэ къыщIэкIащ Джатэ Руслан, Бжьахъуэ Ранетэ, КъуэщIысокъуэ Iэсият сымэ.
ЩIыналъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIа цIыху гуащIафIэхэм ятеухуа лэжьыгъэр къыщыдагъэкIащ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм. Абы хагъэхьащ дэфтэрхэр, гукъэкIыжхэр, газетхэмрэ журналхэмрэ къытехуа тхыгъэхэр, унагъуэхэм щахъума сурэтхэр, лэжьакIуэхэм къыхуагъэфэща дамыгъэ лъапIэхэр. КъыдэкIыгъуэм къызэщIеубыдэ дзэлыкъуэдэс цIыхубз 920-м ятеухуа очеркхэр, сурэт минрэ щитхум щIигъу, «Анэ-лIыхъужь», «Анэм и щIыхь» орденхэмрэ анэ быныфIэм  ират  медалым и нагъыщэ псори зыхуагъэфэщахэр,   нэгъуэщI дамыгъэ лъапIэхэмкIи зыхуэупса бзылъхугъэхэр.
Джатэ Руслан фIыщIэ яхуищIащ тхыгъэхэр зэхуахьэсынымкIэ къадэIэпыкъуахэм икIи къыхигъэщащ я лэжьыгъэр къащхьэпэну, абы къыпызыщэну къыкъуэкIынуи   зэригуапэр. Апхуэдэу абы и псалъэм щIигъужащ щIэблэр я Хэкумрэ абы и тхыдэмрэ пщIэ хуащIу ягъэсэну зэракъалэныр.
БлэкIа илъэситхум Дзэлыкъуэ районым лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкIащ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъыр хъумэным теухуауэ. Абы и щапхъэщ Фэеплъ Блын ухуэныгъэр, щэнхабзэ-тхыдэ музейр, «Зольская земля: события, судьбы, свершения» (20I9), «Зольский район 1941-1945» (2020), «Зольчанка» (2021) къыдэкIыгъуэхэр.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу