Тыркум щыIэ ХьэпцIей жылэр

Тыркум щыIэ Хьэпцlей къуажэм дэсхэр  1870 гъэхэм Къэбэрдейм и Джылахъстэней щIыналъэм икlыу lэпхъуахэм ящыщщ. Къуажэр зыухуар Хьэпцlэ Мэжидщ. Абы и гъусэу а щIыпIэм щетIысэхат  Тап Бабу, Бэгъуэт Мусэ, Къандур Шамил сымэ, нэгъуэщIхэри. ИужькIэ яхэтIысхьащ Елъкъанхэ, Тапхэ, Щамырзэхэ, Цейхэ, Быхъунэхэ, Фочыщlэхэ, Бэрэзджхэ.
Къуажэр Узун-Яйлэ щIыналъэм иужь дыдэу итlысхьахэм ящыщщ. Къуэгъулъкъуейрэ Жаныкъуейрэ я гъусэу щетIысэхащ ахэр абдеж. ИужькIэ, аргуэру Хьэждэгухэ, Ефэндыхэ яхэтlысхьащ.
Ансыкъуэхэ Эскишехир къалэм и Махьмудие куейм щытlыса щхьэкlэ, дэсын ямыдэу, ХьэпцIей и Iэхэлъахэм Iэпхъуэжащ. Иджыри куэд къахэтlысхьэжащ хьэпцIейдэсхэм. Къуажэр къуажэ дахэщ, лlы цlэрыlуэхэр къыдэкlащ. Лlыгъэкlи цlыхугъэкlи пхуимыгъэкlуэтыну, дуней тетыкIэ екIу яlэу щытащ.
Къандур Мэжид Узун-Яйлэр зэримыпэсу и къуэшищри къыдинэри, езыр Иорданием кlуэжащ (дуней псом щ ы ц l э р ы l у э тхакIуэ, режиссер Къандур Мухьэдин и адэшхуэращ). ХьэпцIей цIэрыIуэу дэсащ Хьэпцlэ Хьэбыж, Елъкъан Къанэмэт, Щамырзэ ФуIэд, Къандур Iэмин, Цей Хьэжы, Быхъунэ Хьилми, Ансыкъуэ Батырбей, Къандур ФуIэд, Ансыкъуэхэ Саид, Ахьмэд, Вахьдэт, Щамырзэхэ Апдулэ, Назим, Бинбашы Мухьэдин, Бэрычэт Хьусен, Цейхэ Хьэмэдэ, Наджи, Фочыщlэ Абдулкъадир, Бэгъуэт Мусэ сымэ.
Хьэпцlей къуажэр Сивас къалэм епха Кангал районым и щlым хэтщ. Япэрей зэманым Къайсэр къалэм епхауэ щытащ, арщхьэкlэ пэжыжьэ дыдэу зэрыщытым къыхэкIыу, I9I4 гъэм Сивас къалэм ирапхащ.
Къуажэр метр 1600-рэ лъагагъым тесщ. Сивас къалэм - километр 96-кIэ, Кангал районым километр 44-кIэ пэжыжьэщ. Къуажэр Узун-Яйла куейм хуэдэу щlыlэ щlыналъэщ. Псыр я мащlэщи, мэкъумэш ящIэ, кlэртIоф тэкlу хасэ.
Къуажэм  щlы бэрычэт, зыгуэр къызытрах зэрамыIэм, лэжьапIэ зэрыщымыIэм къыхэкIыу,  дэсхэм я бынхэр еджэну, лэжьэну къалэшхуэхэм lэпхъуахэщ. Анкара, Истамбыл, Сивас къалэхэм дэсщ  щlэныгъэ зрагъэгъуэтауэ,  псэукlэ хъарзынэ яlэу. Ауэ гъэмахуэ щыхъуам деж дэнэкlи щыпсэури, къуажэм щызэхуосыжри, бжьыхьэпэ пщlондэ дэсщ.
Жылэм лъапсэ дахэхэр, псэуалъэ екIухэр дащlыхьащ. Хьэпцlей къуажэр я хъыджэбзхэм я дахагъымкlи цlэрыlуэт.
Щlымахуэм дэс унагъуэр мащlэ дыдэ мэхъу кIуэ пэтми,  пщыкlутху зэпымычу дэсми аращ, ауэ гъэмахуэм унагъуищэм нэс  зэхуосыж.
Хьэпцlей къуажэр игъащlэми жылэфlу, хьэщlэ ягъэхьэщlэфу, я нэщхьэягъуэри, я гуфlэгъуэри зэгъусэу дахыфу, лъэпкъ lуэхуми жылэ lуэхуми  унафэ тращIыхьыфу,  лlыфl я куэду псэуащ, иджыри мэпсэу. Жылэм пшынауэ цIэрыIуэу дэсащ  Къандур Перихьан, Щамырзэ Кlурашэ, Къандур Гоксел, Къандур Сухьейлэ сымэ.
Хьэпцlей къуажэм иджыри узыщрихьэлlэ унагъуэцlэхэр: Ансыкъуэ, Бэгьуэт, Быхьунэ, Бэрэздж, Бэрычэт, Гъазэ, Гуэбэшокъуэ, Къандур, Къущхьэбий,  Мыкlуэф, Мэлыхъуэунэ, ФочыщІэ, Тап, Хъурсин, Хьэждэгу,  Хьэпцlэ.

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: