Адыгэлъ зыщIэт Фахрие Эвджен

Куэдым фIыуэ ялъэгъуа актрисэ цIэрыIуэ Фахрие Эвджен и анэр адыгэщ.
Тырку литературэм нэхъ цIэрыIуэ дыдэу хэтхэм ящыщщ Гюнтекин Решад и Iэдакъэ къыщIэкIа «Псейбзум уэрэд къреш» романыр. Ар и лъабжьэу фильм куэд дыдэ дунейм къытехьащ. Иужьрейуэ абы трахам и лIыхъужь нэхъыщхьэ Фериде и ролыр гуимыхужу зыгъэзэщIар Фахриещ. Мыр хъыджэбзым и япэ ролкъым, ауэ мыбыкIэ ар дуней псом къыщацIыхуащ.

     Фахрие 1986 гъэм Германием щыщ Золинген къалэ цIыкIум къыщалъхуащ. Къыхэгъэщыпхъэщ ар дунейм къыщытехьа гъэм «Псейбзум уэрэд къреш» кинор япэ дыдэу утыку кърахьауэ зэрыщытар, лIыхъужь нэхъыщхьэу абы хэтар къэралым и тхьэIухуд зэпеуэм щытекIуа Шенер Айданщ.
Хъыджэбзым и сабиигъуэр тыншу щытакъым. А лъэхъэнэм нэмыцэм щыпсэу тыркухэр кърахуэкIырт. ИужькIэ абы куэдрэ жиIэжат щIыунэ щIыIэхэм зыщагъэпщкIуу жэщ кIыхьхэр шынэу ягъакIуэу зэрыщытар. Ауэ щыхъукIи, ар школым фIы дыдэу щеджэрт, егугъуу бзэхэр зэригъащIэрт.
Пщащэр япэу школ спектаклым хэту утыку къыщихьами иужькIи актёр IэщIагъэр и гум къыщыушатэкъым, езым и ныбжьэгъу хъыджэбз цIыкIухэм хуэдэуи ехъуапсэртэкъым. Курыт еджапIэ нэужьым ар щIэтIысхьащ Гейне Генрих и цIэр зэрихьэу Дюссельдорф дэт университетым социологиемрэ менеджментымкIэ и къудамэм.
2005 гъэм и анэм и гъусэу Истамбыл зыгъэпсэхуакIуэ кIуауэ, киностудием и лэжьакIуэхэм зэрымыщIэкIэ къалъагъури, «Зэи уигу иумыгъэху» сериалым хэтыну ирагъэблэгъащ. Ар трахын зэраухыу Эвджен хагъэхьащ «ПщIащэхэр пощэщ» проект иным. Абы илъэсиплIым нэблагъэкIэ хэтащ актрисэ щIалэр. Абыхэм траха «Псейбзум уэрэд къреш» фильмым хъыджэбзыр телъыджэу щоджэгу. Фильмыр зэуэ цIэрыIуэ мэхъу, абы и гъусэу я цIэр мэIу абы щыджэгуа артистхэми.
Фахрие щыджэгуащ «Зэшыгъуэ» психологие драмэм, «Лъагъуныгъэр щIелъафэ» мелодрамэм. Фахрие и зэфIэкI гушыIэ жанрми щеплъащ икIи ари Iэзэу къохъулIэ. «Си гъащIэм и зы илъэс» сериалым абы щегъэзащIэ лэжьыгъэ фIэкIа Iуэху зимыIэ, ар нэхъыщхьэу зыгъэув Пинар и ролыр. Пщащэм и благъэхэм дэкIуэн хуейуэ къраIуэкI. Машинэ зэжьэхэуэм хэхуа Пинар зрегъэцIыху щIалэ къызэрыгуэкI гуэр (ари щIалэ къыдэнэжащ). НыбжьыщIитIым я благъэхэр арэзы зэращIын мурад къагупсыс.
ИужькIэ адыгэ бзылъхугъэр щыдолъагъу «Алыхьым и гъуэгум тет гуп» триллерым, «Гъатхэ нэпцI» фильмым, «Уэращ си унэр» мелодрамэм щыджэгуу. 20I0 гъэм дунейм къытехьащ ар зыхэт «Энрикэ гуащэ» фIэщыгъэм щIэту лъагъуныгъэмрэ гушыIэмрэ щызэхэухуэна фильм гъэщIэгъуэныр.
Эвджен Фахрие и цIэр Тыркум щыцIэрыIуэт, ауэ «Псейбзум уэрэд къреш» фильмыр дунейм къытехьа иужькIэ бзылъхугъэм и цIэр жыжьэ игъэIуащ. Озчивит Бурак и гъусэу ягъэзэщIа ролхэр иужьрей илъэсипщIым тырку кинематографием щынэхъыфIу къалъытат. Абы щызэрыцIыхуа, лъагъуныгъэ ролхэр щызыгъэзэщIа ныбжьыщIитIыр зэгуакIуэри, иужькIэ унагъуэ дахэ хъужащ.
Фахрие щыджэгуащ тхыдэр зи лъабжьэ «Курт Сеитрэ Александрэрэ» фильмым. Урысыдзэм и офицер Курт Сеитрэ пщащэ ныбжьыщIэ Шурэрэ я лъагъуныгъэрщ зытеухуар картинэр. Абыхэм Урыс пащтыхьыгъуэм и къутэжыгъуэр, революцэр, хэкур бгынэныр я натIэщ.
Фахрие щIэупIщэ ин зиIэ проект куэдым ирагъэблагъэ. 20I7 гъэм ар щыджэгуащ «Ажалыр къэсыху» драмэм. Сельви и ролыр зыгъэзащIэ артисткэмрэ абы и щIалэ Догъэнрэ гугъуехь инхэр къапэщылъщ. ЕтIуанэ махуэм я хьэгъуэлIыгъуэу, щIалэм пцIы къытралъхьэри, псэуху къимыкIыну, пIалъэ къытралъхьэри ягъэтIыс.
«КIэ зимыIэ лъагъуныгъэ» фильмри цIэрыIуэ хъуащ. Абы лIыхъужь нэхъыщхьэу хэт Зейнеп медицинэм и профессор Джан фIыуэ елъагъу. Абыхэми лъэпощхьэпо куэд къапэщылъщ.
Фахрие илъэсипщIым щIигъуауэ ехъулIэу кином и дунейм хэтми, абы жеIэ актёр щIалэ дыдэу зыкъызэрилъытэр. Ар Шорэ Тюркан (Тыркум щыцIэрыIуэ адыгэ актрисэм) куэдым зэрырагъэщхьри гъэщIэгъуэн пщохъу… Адыгэлъ зыщIэтыр нэгъуэщIым зэрыхэмыгъуащэр пэжу къыщIэкIынщ.

Инэрокъуэ Данэ.
Поделиться: