Псейхэр щхьэхуэу зэщIакъуэжИлъэсыщIэм къагъэсэбэпа псейхэр зэщIэкъуэжыным теухуа Iуэху щхьэпэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм. Ар зэщIыгъуу къызэрагъэпэщат Налшык къалэ администрацэм, «Экологистикэ»-м, къалэм зегъэужьынымкIэ «Платформэ» IуэхущIапIэмрэ «Зеленый дозор» экологие зэщIэхъееныгъэмрэ.
ЦIыхухэм илъэсыщIэм ябла псейхэр къагъэлъэгъуа щIыпIэхэм ирашалIэурэ ятащ, абы пэкIуэж саугъэтхэри ягуэшащ. Апхуэдэу, Шортэным и цIэр зезыхьэ уэрамым деж щылажьэ хэщIапIэм ирашэлIащ псей 17, «Искож» районым псеи 10, ипподром Iэшэлъашэм псеи 2. ЦIыхухэм ящIэу къыщIэкIынукъым псейхэр зэхуэхьэсыным и сэбэпынагъыр, армыхъумэ нэхъыбэм ятыну къыщIэкIынт.
Поделиться:
Читать также:
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
15.04.2024 - 12:10 →
Гагарин и гуфIэкIэ
11.04.2024 - 09:30 →
УнафэщIхэмрэ IэнатIэ лъыхъуэхэмрэ зэрощIэ
10.04.2024 - 11:00 →
Дисанэ и ехъулIэныгъэ
08.04.2024 - 12:46 →
Мазэм и хъыбар
|