ТхакIуэ цIэрыIуэ Дангулов Саввэ

Адыгэ хъуа ермэлыхэм (черкесогаихэм) ящыщ тхакIуэ цIэрыIуэ, Армавир къалэ щIыхь зиIэ и цIыху Дангулов Саввэ къызэралъхурэ илъэси 110-рэ мэхъу.
Саввэ 1912 гъэм Армавир къалэм къыщалъхуащ, и сабийгъуэр щыкIуари а щIыпIэрщ. Курыт еджапIэ къиуха иужькIэ, «Трудовой путь» газетым корреспонденту лэжьэн щыщIидзащ. Журналист IэщIагъэм дихьэха щIалэщIэм и тхыгъэхэр Ростов къыщыдэкI «Молот» газетым къытохуэ. А къыдэкIыгъуэрщ Саввэ и Iуэтэжхэмрэ очеркхэмрэ япэу тезыдзар. Абы и журналист зэфIэкIхэр нэхъри къыщынэIуар «Красная звезда» газетым щыщылэжьа лъэхъэнэрщ. 1943 гъэм щыщIэдзауэ илъэс зыбжанэкIэ Саввэ Румыным щыIэ Советскэ посольствэм пресс аташе къулыкъур щиIыгъащ. 

Дангулов Саввэ тхэн Iуэхум щыдихьэхауэ къалъытэр 50 гъэхэращ. 1957 гъэм дунейм къытехьащ «Игнат Лоба в Румынии» повестыр, 1961 гъэм абы къыкIэлъыкIуащ «Ленин разговаривает с Америкой», «Трона» тхылъхэр. Ауэ абы и IэдакъэщIэкIхэм щыщу нэхъыщхьэу, икIи нэхъыфIу къыхагъэщыр «Дипломаты» (1966 гъэ), «Кузнецкий мост» (1977 гъэ) романхэращ. Ахэр дунейм къызэрытехьэу критик цIэрыIуэхэр къыпэджэжри, бзэ куэдкIэ зэрадзэкIауэ щытат. 
1955 гъэм щыщIэдзауэ илъэс 15-кIэ Саввэ «Иностранная литература» журнал цIэрыIуэм и унафэщIым и къуэдзэу лэжьащ. 1969 гъэм ар «Советская литература» журналым и редактор нэхъыщхьэу ягъэув. 1970 гъэм абы и Iэдакъэ къыщIэкIа «Признание» пьесэм къытращIыкIа спектаклыр Армавир театрым илъэс куэдкIэ щагъэлъэгъуащ. Саввэ и гъащIэ гъуэгуанэр къыщыгъэлъэгъуащ «Учитель словесности» тхылъым. I98I гъэм абы литературэ портретхэр етхри «Художники» тхылъыр къыдегъэкI. 
Дангулов Саввэ къыщалъхуа къалэм куэд дыдэкIэ зыщIигъэкъуащ. Абы и жэрдэмрэ мылъкукIэ къалэкум къатитхуу зытет библиотекэ щаухуауэ щытащ, ныбжьыщIэхэм яхухэхауэ. Тхылъ зэIухам и теплъэ зиIэ а ухуэныгъэ телъыджэм Армавир къалэр зэригъэдахэр шэч къызытумыхьэнщ. Библиотекэм и унэлъащIэр Строганов и цIэр зэрихьэу Москва дэт Художественно-промышленнэ училищэм щеджэ ныбжьыщIэхэм ящIащ. Библиотекэр къыщызэIуахым «Анэм сегупсысурэ» фIэщыгъэм щIэту Саввэ илъэс 19-кIэ зэхуихьэса сурэтхэр щIэджыкIакIуэхэм тыгъэ яхуищIат. Абы хуэдэ коллекцэр дунейм щызырызщ. Анэм хуэгъэпса сурэтхэр Саввэ зэрызэхуихьэсыр зыщIэ сурэтыщI цIэрыIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр къыхуагъэхьыу щытащ. Псори зэхэту сурэтхэр 150-м щIегъури, абы Саввэ къищэхуа яхэткъым.
А сурэтхэр Москва дэт Зэныбжьэгъугъэм и унэм щыщигъэлъэгъуам, беижь куэдым ахъшэшхуэ къыхуагъэлъэгъуати, ярищэн идатэкъым. 
КъыдэкIуэтей щIэблэр гъэсэным и гуащIэшхуэ хилъхьащ Саввэ. Къыщалъхуа щIыналъэм къэкIуэжыху IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм, щIалэгъуалэм яхуэзэрти епсалъэрт. И зэфIэкI, IуэхущIафэ иныр къалъытэри абы I986 гъэм «Армавир къалэ щIыхь зиIэ и цIыху» цIэ лъапIэр къыхуагъэфэщауэ щытащ.
Дангулов Саввэ 1989 гъэм шыщхьэуIу мазэм дунейм ехыжащ, ауэ абы хузэфIэкIащ урыс литературэм, щэнхабзэм и лъагъуэ дахэ щыпхишын. 
ТхакIуэм дамыгъэ лъапIэ куэд къыхуагъэфэщащ, ауэ а псом я щхьэщ абы къыщIэна тхыгъэхэмрэ IуэхущIафэ щхьэпэхэмрэ.
Саввэ и фэеплъу икIи и цIэр зэрихьэу 1994 гъэм Армавир къыщызэIуаха унэ-музейм тхакIуэм и Iэрытххэр, дэфтэрхэр, сурэтхэр, и хьэпшыпхэм щыщ куэд щIэлъщ. Музейм и зы пэшыр ягъэдахэ Саввэ зэхуихьэса бзылъхугъэ сурэтхэм. 
Музей ящIар Саввэ щыпсэуа унэрщ, езыр дунейм щехыжым уэсят ищIат и унэр зэфIэкI зыбгъэдэлъ ныбжьыщIэхэм къахуэсэбэпын IуэхущIапIэ ящIыну. Абы къыщызэрагъэпэщ пшыхь гъэщIэгъуэнхэм, зэхыхьэ щхьэпэхэм, концертхэм, мастер-классхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм Армавир щыпсэухэм ямызакъуэу, хьэщIэ куэд къоблагъэ. КъищынэмыщIауэ, гупжьей зэмылIэужьыгъуэхэм я зэхуэсыпIэщ мы унэр.
КъыжыIапхъэщ, унэм ущIыхьэн, зыщуплъыхьын папщIэ пщIэ зэрыIамыхыр.

 

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: