КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Чайкэ Юрий видеконференц мардэм тету иригъэкIуэкIа зэIущIэм. Абы щытепсэлъыхьащ КИФЩI-м щыIэ санитар-эпидемиологие щытыкIэмрэ коронавирус узыфэ зэрыцIалэм зэрыпэщIэтынымкIэ хэкIыпIэхэмрэ.
ЗэIущIэм хэтащ УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым и къуэдзэ Гриднев Олег, УФ-м промышленностымрэ сатумкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Осмаков Василий, «Росздравнадзор»-м и унафэщI Самойловэ Аннэ, «Роспотребнадзор»-м и унафэщIым и къуэдзэ Ежловэ Еленэ, КИФЩI-м хыхьэ хэгъэгухэм я унафэщIхэр.
ЩIышылэм и 18-м ирихьэлIэу COVID-19-р къызэрежьэрэ округым къыщахута сымаджэм я бжыгъэр мин 370-м ноблагъэ, щэкIуэгъуэм и 1-м щегъэжьауэ абы къыхэхъуащ мин 79-рэ, процент 46-р иужьрей мазэм сымаджэ хъуахэрщ. Зы жэщ-махуэм къриубыдэу сымаджэ нэхъыбэ къыщахутар Ставрополь крайрщ - цIыху 500-м щIигъу, абы къэкIэлъокIуэ Дагъыстэн Республикэр - 143-рэ. Мы зэманым коронавирус узыфэ зэрыцIалэр зыпкърыт сымаджэу щIыналъэм щыIэр цIыху мин 23,8-рэ мэхъу, а бжыгъэм и нэхъыбэр Ставрополь крайм хуозэ.
ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ Кавказ Ищхъэрэм и хэгъэгухэм коронавирус узыфэ зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэм зэрызыщибгъур, «омикрон» штаммыр зыпкърытхэри зэрыщыIэр. КИФЩI-м щыIэ эпидемиологие щытыкIэр къилъытэри, Чайкэ Юрий пщэрылъ ящищIащ округым и хэгъэгухэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэхэр зэман кIэщIым къриубыдэу узыфэм зэуэ зэрызиубгъуным хуагъэхьэзырыну.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек тепсэлъыхьащ республикэм и эпидемиологие щытыкIэмрэ узыфэм пэщIэтынымкIэ зэфIагъэкIхэмрэ. ЩIыналъэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ иджыпсту зэпIэзэрыту зэрыщытыр, блэкIа жэщ-махуэм узыфэ зэрыцIа-лэ лIэужьыгъуэщIэр япкърыту сымаджэ 80 къызэрахутар, госпиталхэм ягъэгъуэлъхэм я бжыгъэр нэхъыбэ зэрымыхъур. Мы зэманым коронавирусыр зыпкърытхэм щеIэзэ госпиталу республикэм 4 щолажьэ, псори зэхэту гъуэлъыпIэ 710-рэ щIэту. Абыхэм щагъэхъуж сымаджэ 543-рэ, 70-р реанимацэм щIэлъщ. ОРВИ-м и нэщэнэхэр яIэу цIыху 3915-рэ амбулаторэ кIэлъыплъыныгъэм щIэтщ, лабораторэ къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, абыхэм ящыщу сымаджэ 1450-м коронавирус узыфэр япкърытщ.
Коронавирусым и «омикрон» штаммыр цIыху 11-м япкърыту къыщахутащ Къэбэрдей-Балъкъэрым. Сымаджэ хъуахэм ящыщу тIур госпиталым ягъэгъуэлъащ, абыхэм я щытыкIэмкIэ шынагъуэ щыIэкъым. Мыдрейхэм узыр къатемыхьэлъэу зэрырахьэкIым къыхэкIыу, я узыншагъэр унэм щызэфIагъэувэж.
КIуэкIуэ Казбек жиIащ коронавирус узыфэ зэрыцIалэм пэщIэтыным республикэм зэрызыхуигъэхьэзырар. ЩIыналъэм и Iэтащхьэм ищIа пщэрылъхэр ягъэзащIэу коронавирусыр зыпкърыт сымаджэхэм унэм зэрыщеIэзэну хущхъуэхэмрэ узыр нэхъ пасэу къэхутэнымкIэ тест-системэхэмрэ къэщэхуным республикэ бюджетым къыхэкIыу сом мелуан 53-рэ хухахащ. КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ узыфэр къыщахутэ лабораторэхэр щIэгъэхуэбжьауэ зэрылэжьэнур, зы жэщ-махуэм къриубыдэу тест къэпщтыныгъэу мини 5-м щIигъу ирагъэкIуэкIыу. Апхуэдэу иужьрей жэщ-махуэм лабораторэ къэпщытэныгъэу мини 3-м нэблагъэ ящIащ. Экспресс-тестхэр щрагъэкIуэкI пунктхэр цIыхухэр куэду щызэхыхьэ щIыпIэхэм къыщызэIуахынущ, ахэр щылэжьэнущ еджапIэхэми.
Узым зэрыпэщIэт вакцинэр цIыхухэм халъхьэн Iуэхуми республикэм щыпащэ, мастэм и сэбэпынагъыр жылагъуэм гурагъаIуэу лэжьыгъэ пыухыкIахэри ирагъэкIуэкI. Республикэм вакцинэр щыхалъхьэ пункт 85-м, цIыхухэр куэду щызэхыхьэ щIыпIэхэм ягъакIуэ гупу 58-рэ мэлажьэ. ИджыпстукIэ вакцинэм и япэ пкъыгъуэр зыхезыгъэлъхьахэм я бжыгъэр мин 250-м щIегъу, мастэм и пкъыгъуитIри зыхалъхьахэр мини 183-рэ мэхъу.
Республикэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ нэхъапэкIэ республикэм къыщыхалъхьауэ щыта мардэ пыухыкIахэр гъэзэщIэныр нэхъ ткIий зэращIынур. Зи ныбжьыр илъэс 60-м щIигъуахэмрэ уз гъэтIылъа зиIэхэмрэ унэм щылажьэу ящIынущ, апхуэдэу вакцинэр зыхезмыгъэлъхьахэр IэнатIэм пэрагъэхьэнукъым, цIыху гупышхуэ щызэхыхьэ Iуэхухэр ягъэмэщIэнущ, санитар хабзэхэр гъэзэщIэным ткIийуэ кIэлъыплъынущ.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ цIыхухэм япэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэм фIыуэ къызэрыхэхъуэнур къалъытэу, абыхэм мылъку щхьэхуэ яхухэхыпхъэу зэрыщытыр. Поликлиникэхэмрэ госпиталхэмрэ щекIуэкI лэжьыгъэм къыхашэнущ республикэм и медицинэ еджапIэхэм я ординаторхэмрэ студентхэмрэ. КъищынэмыщIауэ, узыфэм и гуащIэгъуэу зыщиубгъу лъэхъэнэм ирихьэлIэу КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм федеральнэ медицинэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм щригъэджа щIалэгъуалэри зыдагъэIэпыкъун папщIэ республикэм къашэжын Iуэхуи зэрахуэ. Псори зэхэту лэжьыгъэм къыхашэнущ ординатор, студент 500-м нэблагъэ, абыхэм иратыну улахуэр республикэ бюджетым къыхэкIынущ.
Узыфэ зэрыцIалэ шынагъуэм щеIэзэ госпиталхэм щыIэ медицинэ лэжьакIуэхэм тезыгъэгушхуэу я улахуэм хущIагъу ахъшэр иджыри илъэс ныкъуэкIэ иратыну КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэ щыIэщ.
«ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм», район сымаджэщхэм я участковэ IэнатIэхэм я автомашинэхэм я щытыкIэр къапщытащ, апхуэдэ автотранспортхэр къызэращэхуным иужь итщ. Узыфэ зэрыцIалэр къыщахутэ икIи щеIэзэ амбулаторэ центрхэр нэхъыбэу къызэIуах, абыхэм коронавирусым узэрыпэщIэтынум теухуауэ дохутырхэм я чэнджэщ къыщыпщIэфынущ, тест къэпщытэныгъэхэр щебгъэкIуэкIыфынущ. КъБР-м УзыншагъэмкIэ и министерствэм коронавирусымкIэ и колл-центрыр щIэгъэхуэбжьауэ мэлажьэ, абы упсэлъэфынущ 122-рэ номерымкIэ.