ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щригъэкIуэкIащ Iущыцэхэм я хэгъэгупсо зэпеуэр.
Ар къыщыхилъхьэм, Хасэм къалэн нэхъыщхьэу иIар еджакIуэхэм я гур щIэныгъэм хузэIухыныр, ар къэгъэсэбэпауэ я бзэм зегъэужьыныр, лъэпкъыр, щIыналъэр, и Хэкур фIыуэ зылъагъу, нэгъуэщI лъэпкъхэм я щхьэхуэныгъэхэм пщIэ хуэзыщI ныбжьыщIэ гъэсэнырщ. Iущым и Iущыжыр еджакIуэхэм къахэшыныр зи мурад нэхъыщхьэу щыта зэхьэзэхуэм хэтыну хуитт 8 - 11-нэ классхэм щIэсхэр.
КъэпщытакIуэхэу кърагъэблэгъат адыгэ сурэтыщI цIэрыIуэ Црым Руслан, Шэджэм къалэ дэт 1-нэ курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Къардэн Оле-ся, Адыгэбзэ Хасэм и хасащхьэм хэт ХьэцIыкIу Рае сымэ.
«Нарт эпос: лIыхъужьхэм я Iэщэ-фащэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ» - арат япэ зэхыхьэм и темэу къыхахар. Пасэу хъыбар ирагъэщIати, еджакIуэхэм Iэмал яIащ абы зыхуагъэхьэзырыну.
ЯпэщIыкIэ цIыкIухэр адыгэбзэм, литературэм, тхыдэм ехьэлIауэ зэхагъэува лэжьыгъэмкIэ ягъэлэжьащ. Мыбдеж балл бжыгъэ нэхъыбэ къыщызыхьахэр адэкIэ зэпеуэм хэтыну хуит хъурт. Апхуэдэу мыбдеж къыщыхэжаныкIащ Дыгулыбгъуей дэт 8-нэ курыт еджапIэм и 10-нэ классым щеджэ Къуэдзокъуэ Фаридэ (и егъэджакIуэр Чэрты Сюзаннэщ), Аруан щIыналъэм хыхьэ Мысостей дэт курыт еджапIэм и 10-нэ классым щеджэ Жэмгъураз Жанеттэ (и егъэджакIуэр Шорэн Хьэлимэтщ), Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Къармэхьэблэ къуажэм и 1-нэ еджапIэм и 9-нэ классым щIэс Думэн Дианэ (и егъэджакIуэр Лыхь Людмилэщ).
А ныбжьыщIищыр адыгэ тхыбзэмрэ жьабзэмкIэ зэпрагъэуащ. КъэпщытакIуэхэм къызэрыхуагъэфэщам хуэдэу, зытеувэну гъуэгухэр (плъыжь, гъуэжь, удзыфэ) абыхэм къыхахри, зэпеуэм щIидзащ. АдэкIэ Iуэхур зэрагъэпсам тету иригъэкIуэкIащ Адыгэбзэ Хасэм и хасащхьэм хэт Къэбардэ Астемыр.
Щыуагъэ къыхэмыкIыу упщIэхэм я жэуапыр иритурэ, екIуу и гъуэгу гъуэжьым ирикIуэри, Къуэдзокъуэ Фаридэ япэ увыпIэр къихьащ.
Ауэ упщIэхэр абдежым щиухакъым. Къэбардэ Астемыр пэшым щIэс еджакIуэхэм и упщIэхэр яритащ, жэуап нэгъэса къэзытым жыджэрыпщIэрэ (орден) жаныпщIэрэ (медаль) къаригъэлэжьу. Хэт сыт хуэфащэми зыгъэбелджылыр къэпщытакIуэхэрат. Къалэжьа жыджэрыпщIэ-жаныпщIэхэм елъытауэ абыхэм къыкIэлъыкIуэ джэгугъуэм я лэжьыгъэр нэхъ мащIэ хъунущ.
Дахэу, екIуу зэхэта Iуэхур къекIуэлIа псоми яфIэгъэщIэгъуэн хъуауэ, еджакIуэ цIыкIухэр нэхъ тегушхуарэ къыкIэлъыкIуэ джэгугъуэм хэтыну къэбырсеяуэ, псори зэдэарэзыуэ зэхэкIыжащ.