Ставрополь щIыналъэм и Iэтащхьэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къохъуэхъу

Ставрополь щIыналъэм и Iэтащхьэ Владимиров Владимир Инстаграмым щиIэ и напэкIуэцIым деж Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэсищэ зэрырикъумкIэ абы щыпсэухэм къехъуэхъуащ.
«Нобэ ди гъунэгъу Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 зэрырикъур егъэлъапIэ.
1922 гъэм щIышылэм и 16-м Къэбэрдей-Балъкъэр автоном щIыналъэр къызэрагъэпэщауэ щытащ. Абдеж къыщежьащ Республикэм и лъэхъэнэщIэ тхыдэр, ехъулIэныгъэшхуэхэмкIэ гъэнщIа гъуэгуанэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым къикIуа гъуэгуанэм пщIэ зэриIэр кърибгъэлъэгъуэну ирикъунщ абы щаухуа IуэхущIапIэшхуэхэм, зауэ зэманымрэ мамыр лъэхъэнэмрэ зи лIыгъэрэ гуащIэдэкIкIэ къыхэща цIыху цIэрыIуэхэм я цIэхэр. Абыхэм иригушхуэр езы щIыналъэм и цIыхухэм я закъуэхэм, атIэ хамэ щIыпIэхэм пщIэрэ щхьэрэ щаIэщ. Ноби Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэр, я адэхэмрэ адэжьхэмрэ я лъэхъэнэм хуэдэу, щалъхуа лъахэр зэрефIэкIуэным пылъщ, ар яхъумэ, зрагъэужь, нэхъри нэхъыфIыж ящI.
Ставрополь щIыналъэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я зэхуаку зэпыщIэныгъэ куэд дэлъщ. Дэ сыт щыгъуи дызэдолажьэ, дызэрогъэныбжьэгъу – ди щIыналъэхэр зыхуей хуэзауэ къытщIэхъуэ щIэблэм къазэрыхуэдгъэнэнум дыхущIокъу. Дыщыпсэу Хэкур ди зэхуэдэ унапIэу зэрыщытыр тщIэуэ зыр зым и щIэгъэкъуэн дохъу. Шэч хэлъкъым, дяпэкIи ар апхуэдэу щытынущ.
ГукIи псэкIи Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбеки махуэшхуэр зыгъэлъапIэ цIыхубэми сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэ фиIэну, фехъулIэу, фефIакIуэу фыпсэуну!» – щыжеIэ Ставрополь щIыналъэм и Iэтащхьэм и хъуэхъум.

 

Поделиться: