Бзылъхугъэ гуащIафIэ

ЦIыхубз губзыгъэу   щхьэгъусэм и щIыбагъ быдэу къыдэту  къекIуэкIа Сосналы Любэ мы тхыгъэмкIэ фэзгъэцIыхуну   сыхуейт. Генерал, Абхъазым и ЛIыхъужь Сосналы СулътIан и щхьэгъусэ Любэ    дуней еплъыкIэ гъэщIэгъуэн зиIэ цIыху гуащIафIэщ.
И IэщIагъэкIэ Сосналы (ТхьэицIыху) Любэ экономистщ. Зэман зэмылIэужьыгъуэхэм Мэз хозяйствэмкIэ министерствэм, экономикэмкIэ министрым и къуэдзэу, Министрхэм я Советым, Налог инспекцэм и управленэм, нэгъуэщI щIыпIэхэми щылэжьащ. Иджы ар пенсэм тIысыжами, жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру хэт цIыхущ. Къэрал къулыкъу иIыгъа щхьэкIэ, абы сыт щыгъуи игъэнэхъапэр и унагъуэрщ. УкъэзымыгъэпцIэжынури аращ.
 Ди  гуапэу фыщыдогъэгъуазэ Любэ и гукъэкIыжхэм къыхэтхам.

УзыIэт уи лъабжьэщ
ГъащIэм щызгъэунэхуа цIыхухэм ящыщу я псэм ипэ я напэр ирагъэщу щым срихьэлIащ — си адэр, Къалмыкъ Юрэ, си щхьэгъусэр. А щыми я щхьэ Iуэхухэм емыгупсысу, сыт хуэдэ Iуэхуми зрапщытыфынут.
  Си адэр лъэпкъым я нэхъыжьтэкъым, ауэ нэхъыжь Iуэху куэд кърахьэлIэрт, къечэнджэщыну къыхуэкIуэхэри мащIэтэкъым, фIэлIыкI иIэт. Алыхьым фIыуэ сыкъилъагъуу къыщIэкIынти, апхуэдэ Iулыдж зиIэ щхьэгъусэ къызитащ. ЛъэIукIэ къыбгъэдыхьауэ абы зэи зыри IуигъэкIыжакъым. Уеблэмэ куэдрэ къыхуихуащ, езым зэран къыхуэхъужми, ита псалъэр игъэпэжын папщIэ, шыгъушыпсыпIэ щыхыхьа. Абхъаз зауэм Iузышари ита псалъэрщ. И анэми сэри псалъэ къыджимыIэу зауэм кIуат.
Зауэм ипэкIэ щыIа гъащIэмрэ абы къыкIэлъыкIуамрэ
Илъэсрэ ныкъуэрэ дызэдэпсэуауэ арат Абхъаз зауэр къыщыхъеям.  
И ныбжьыр илъэс 48-рэ хъуху ар кхъулъатэм ису лётчик-истребителу щытащ. СулътIан зауэм фошыгъу уз къыхихат, ауэ Абхъазым и Президентыр къыщелъэIум, езыми зауэм къела къэралым, цIыхухэм я хьэтыр илъагъури, я Iуэху зэтеувэжыху къэнэну триухуат.
  Куэдрэ къытезгъэзэжурэ сеупщIырт Iэщэ-фащэ зимыIэ лъэпкъым и щхьэхуитыныгъэм щIэзэуну СулътIан зэрытегушхуам. «А зэрыIэщэншэ-зэрыщIэгъэкъуэныгъэншэращ сыщIытегушхуар», — къызитыжырт жэуап.
Нарт эпосым  и лIыхъужь?
      Дзэм хэтхэр, зауэ IэнатIэ Iутхэр пхъашэ, ткIий хъууэ къащыхъуми, ар пэжкъым. Хьэл-щэн пыухыкIа зиIэ цIыхум зэманми псэзэпылъхьэпIэми зригъэхъуэжыфынукъым. Зауэм СулътIан къыдыхэтахэр «лIыхъусэжькIэ» къеджэрт, нарт эпосым и лIыхъужь къыфIэзыщаи щыIащ. Абы сызэрыбгъэдэса лъэхъэнэм   цIыхум хуэмыфащэ ирипэсу зэхэсхакъым. Шэч хэмылъу, лэжьапIэм и макъ зыщыщригъэIэт мызэ-мытIэу къэхъуащ, ауэ зыри игъэпудтэкъым, арагъэнт къыщIыфIэлIкIри. Я нэхъ хьэлыншэри псынщIэу и пIэ иригъэувэжыфырт.
Iэужьри Iейкъым, лъэужьри нэхъыфIыжщ
ГъащIэм епха гупсысэ нэхъыщхьэу СулътIан къысхуигъэнахэм ящыщщ   Iэужь дахэ къызэбнэкIын зэрыхуейр.   ЦIыхум и Iэужьыр кхъэракъым къыщалъыхъуэр, атIэ цIыхугухэм къыщигъанэ лъагъуэрщ. ЦIыхум и пщэ къалэн куэд къыдохуэ, укъызыхэкIа унагъуэм, лIакъуэм, лъэпкъым, укъыщалъхуа къуажэм, къыбдалъхуахэм ехьэлIауэ. А псори къэмынэIауэ бгъэзэщIэныр къалэн тыншкъым, ауэ цIыхур цIыху зыщIыжыр ищIэмрэ илэжьымрэщ. СулътIан дунейм зэрехыжрэ илъэсипщI мэхъу, икIи абы къигъэна цIэмрэ пщIэмрэ нобэр къыздэсым кIуэдакъым.
Апсныр
Абхъазыр сэзыгъэцIыхуари фIыуэ сэзыгъэлъэгъуари си щхьэгъусэрщ. Абхъазым сэ къулей сищIащ, ауэ сIихари мащIэкъым. ГъащIэм зы цIыху ныбжьэгъу къыщыпхуэхъумэ, ар насыпщ, къэралпсо уи ныбжьэгъумэ — насып мыухыжщ. Абхъазым дэт дэтхэнэ унэм секIуалIэми, сагъэхьэщIэнущ, гуапэу къыщыспежьэнущ. Пэжым ухуеймэ, Абхъазым си псэр нэхъ щотынш, сыту жыпIэмэ, а зауэм зи щхьэ хэзылъхьа щIалэ цIыкIухэми си щхьэгъусэми я псэр абы щыIэу къысщохъу.
Гузэвэгъуэр зи щхьэ ирикIуар си закъуэкъым. Унагъуэ ямыухуауэ щIалэщIэ дапщэ абы зи щхьэ щызыгъэтIылъар. ХэкIуэдахэм я закъуэкъым, абыхэм къащIэхъуэн хуея щIэблэми дыхэнащ. СулътIан и быным хуэдэу а щIалэхэм зэрахущытар сэ сымыщIэмэ, зыщIэ щыIэ хъункъым.
Къару зыхэлъыр
      Си щхьэгъусэм иIа мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэщ къару къызэзытри, си лъэр щIэзыгъэкIри. СулътIан икъукIэ фIэгъэщIэгъуэнт къызыхэкIа лIакъуэр, абы и тхыдэр. Архивхэм щызэхуихьэсауэ щыта дэфтэрхэр и лъабжьэу тхылъ къыдэзгъэкIащ. КъищынэмыщIауэ, абы лъэпкъхэм яку дэлъыну зыщIэхъуэпса зэкъуэшыныгъэр зэрезгъэфIэкIуэнум яужь ситщ. Жылагъуэ лэжьыгъэр къызэрыщIэздзар «Псэм и пэ — напэ» Iуэхурщ. Ар зауэм хэта щIалэхэм къыздамыгъэпсынщIамэ, си закъуэ схуэмыгъэкъаруунри хэлът.
АхъшэкIэ ямыщэр…
          ГъащIэм щыслъэгъуар къызэщIэскъуэжу, псэм и пэ напэ, хьэмэ? — жысIэу сызэупщIыжмэ, итIанэми, псэм япэ напэр изогъэщ. МылIэжын щыIэкъым, ауэ дунейм къытебнэм куэд елъытащ.

Зытхыжар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться: