Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Ислъэмей къуажэм щыщ Iыхьэм хьэщхьэрыIуэ узымкIэ мардэ пыухыкIа (карантин) щыгъэувыным теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

 Бахъсэн районым хыхьэ Ислъэмей къуажэм и щIыналъэм хьэщхьэрыIуэ уз зыпкърыт псэущхьэ щыIэу наIуэ къызэращIам къыхэкIыу, «Ветеринарием и IуэхукIэ» 1993 гъэм накъыгъэм и 14-м къащта Федеральнэ закон №4977-1-м, «ХьэщхьэрыIуэ узым земыгъэубгъунымкIэ, абы и къежьапIэр гъэкIуэ-дынымкIэ, карантин щыгъэувынымкIэ, щыIухыжынымкIэ, нэгъуэщI мардэ пыухыкIахэмкIэ ветеринар хабзэхэр къэщтэным теухуауэ» УФ-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм 2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 25-м къыдигъэкIа унафэ №705-м япкъ иткIэ икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ВетеринариемкIэ и управлением и унафэщIым 2021 гъэм дыгъэгъазэм и 8-м къигъэхьа тхыгъэ №38-02-06-1509-м тету, хьэщхьэрыIуэ узыр гъэкIуэдын мурадкIэ:
 1. Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Ислъэмей къуажэм Евгъэжыкъуэм и уэрамым тет унэ-лъапсэ №186-м хьэщхьэрыIуэ узым и къежьапIэр зэрыщыIэр къэгъэлъэгъуэн.
 2. Унафэм и япэ Iыхьэм къыщыгъэлъэгъуа лъапсэм мардэ пыухыкIахэр (карантин) щыгъэувын, илъабжьэкIэ къакIуэ Iуэхугъуэхэр ягъэзэщIэнымкIэ хуитыныгъэ ямыIэу:
 узыр зыхуэлъэ псэущхьэхэм емыIэзэну;
 хьэщхьэрыIуэ узыр къыщыхъеяуэ къалъыта лъапсэм, абы щыпсэухэм къищынэмыщIауэ, нэгъуэщI цIыхухэр ямыгъэкIуэну, Урысей Федерацэм и ветеринар къэрал IэнатIэм и IуэхущIапIэхэм я IэщIагъэлIхэр, апхуэдэуи узым и къежьапIэр гъэкIуэдыныр зи къалэнхэр хэмыту;
 узыр зыхуэлъэ псэущхьэхэр, нэхъапэкIэ, махуи 179-м къриубыдэу, хьэщхьэрыIуэ узым зэрыпэщIэт вакцинэр зыхалъхьахэр хэмыту, псэущхьэхэр щаукI щIыпIэхэм яшэну;
 узыр зыхуэлъэ псэущхьэхэр а щIыпIэм ирашурэ нэгъуэщI щIыпIэ яшэну;
псэущхьэ лIахэм я фэр трахыну;
 узэщакIуэ хъуну лIэужьыгъуэхэм хагъэхьахэм ящыщу узыр зыхуэлъэ псэущхьэхэм ещэкIуэну.
 3. ХьэщхьэрыIуэ узыр къыщежьам и гъунапкъэм и хъуреягъкIэ къегъэ-щIылIа метр 500-м пэIэщIэ защIыну гъэувын.
 4. Мардэ пыухыкIахэр (карантин) къэщтэн мы унафэм и 3-нэ Iыхьэм къыщыгъэлъэгъуа къуажэм Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр щемыгъэкIуэкIыным теухуауэ:
 узыр зыхуэлъэ псэущхьэхэм егъэщIылIа жармыкIэ, сату, нэгъуэщI Iуэху-гъуэхэр къызэрамыгъэпэщыну;
 узыр зыхуэлъэ псэущхьэхэр, нэхъапэкIэ, махуи 179-м къриубыдэу, хьэщ-хьэрыIуэ узым зэрыпэщIэт вакцинэр зыхалъхьахэр хэмыту, псэущхьэхэр щаукI щIыпIэхэм ирашыну;
 узыр зыхуэлъэ псэущхьэ Iэлхэр зоопаркым яшэн папщIэ къаубыдыну.
 5. Мы унафэм и 2-нэ, 4-нэ Iыхьэхэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэм хуагъэува мардэ пыухыкIахэр (карантин) щыIэнущ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм ахэр Iухыжыным теухуа унафэ къыдигъэкIыху.
 6. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ВетеринариемкIэ и управленэм хуэгъэувын хьэщхьэрыIуэ узыр гъэкIуэдыным хуэгъэзауэ зэфIэгъэкIыпхъэхэр Лэскэн муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм щIыгъуу зэхилъхьэу игъэзэщIэну.
 7. Мы унафэм къару егъуэт абы Iэ щыщIадза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и 
Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек

Налшык къалэ
2022 гъэм щIышылэм и 14
№5-РГ

Поделиться: