ГъащIэ здэщыIэнкIэ хъунухэм ящыщщ

Карнеги и цIэр зэрихьэу США-м щыIэ ЩIэныгъэхэмкIэ институтым и IэщIагъэлIхэу Фенг Фабо, Батлер Пол сымэ иджыблагъэ хьэршым къыщахутащ абы зыщызыгъазэ пкъыгъуэ абрагъуэхэм ящыщу «Нептун щIыIэ» зыфIащамрэ гъащIэ здэщыIэнкIэ хъуну зыхуагъэфащэ планетэу тIурэ. Иужьрейхэр егъэщIылIащ ди Дыгъэм нэхъ къыпэгъунэгъу «плъыжь цIыкIужьей» зыхужаIэ вагъуэ жьэражьэм. 
Астрономхэм ЩIы Хъурейм ирагъэщхьу къагъуэта планетэхэр «GJI80», «GJ229A» нагъыщэхэмкIэ къыхагъэщхьэхукIащ. Пэжщ, абыхэм гъащIэ щыIэну хуагъэфащэми, тIуми я хьэлъагъыр ди планетэм ейм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэщ: зэрызэкIэлъыкIуэу къэдгъэлъагъуэмэ, 7,5-кIэ, 7,9-кIэ. Ахэр дыщыпсэу ЩIыгум къыщхьэщокI зэгъэщIылIа я «дыгъэхэм» я хъуреягъыр къызэралъэтыхь махуэ бжыгъэхэмкIи: зэрызэкIэлъыкIуэу къыхэдгъэщынщи, 106-кIэ, 122-кIэ нэхъыбэщ.
Планетэхэр «къалъэгъуащ» ахэр зэпха вагъуэхэм къызэралъэтыхь гъуэгуанэхэм зэрызахъуэжымкIэ (гравитацэ къарукIэ зэрызызэщIашэм къыхэкIыу). Абы «гу лъатащ» мардэщIэм ипкъ иту зэхагъэува иджырей Iэмэпсымэ лъэщхэм я фIыгъэкIэ. 
Плъыжь цIыкIужьейр ди Дыгъэм елъытауэ зымащIэкIэ нэхъ упщIыIужащ, и щIыгум и зэпрыупIэри зы тIэкIукIэ нэхъ кIэщIщ. КъызэрахутамкIи, апхуэдэ къэщIыгъэхэр Шыхулъагъуэм (ди галактикэм адыгэхэр апхуэдэущ зэреджэр) щыкуэдыкIейщ. ИкIи, щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, абыхэм къедза уафэщIхэрщ, дыщыпсэу ЩIы Хъурейм зэрызыщиужьам ещхьу, гъащIэ нэхъ здэщыIэнкIэ хъунухэри. 
«Нептун щIыIэ» зыфIащам и гугъу тщIымэ, ар къыщагъуэтар GJ433 зи нагъыщэ вагъуэ къызэрыгуэкIым и Iэгъуэблагъэрщ. Абы и щIы щхьэфэм псы щыбгъуэтынущ, ауэ зэщIэщтыхьауэщ, зыпыщIа и «дыгъэм» зэрыпэжыжьэIуэм къыхэкIыу. ЩIэныгъэлI Фенг Фабо зэрыжиIэмкIэ, мы планетэр ящыщщ Нептун хуэбгъэдэну ди Дыгъэм и къэухьым нэхъ пэгъунэгъу дыдэу къагъуэтахэм. 
«Ди къэхутэныгъэм хуэдэхэм я фIыгъэкIэ, дызыхуэкIуэ лъэхъэнэ мыжыжьэм къагупсысыну телескопыщIэхэмкIэ дэ езым ди нэхэмкIэ зэдгъэлъагъуфыну планетэхэм я бжыгъэм къыхэхъуащ. Нэхъыбэу дызытелажьэр аращи, нэхъ къытпэгъунэгъу вагъуэхэм я Iэгъуэблагъэм къыщызылъэтыхь уафэщIхэм гъащIэ щыIэнкIэ зэрыхъунур зэхэдгъэкIынырщ», - жиIащ Батлер Пол.
 

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: