«Урысейм хуэдэ щIыналъэшхуэм дежкIэ цIыху мелуани 146-р мащIэ дыдэу мащIэщ», - щыжиIащ УФ-м и Президент Путин Владимир дыгъэгъазэм и 23-м екIуэкIа и пресс-конференцым.
Пандемием цIыхущхьэкIэ хэщIыныгъэшхуэ къэралым къызэрыритам щытепсэлъхьым, къэрал Iэтащхьэм къыхигъэщащ Урысейм и экономикэр къэпIэтыжын папщIэ, абы ис цIыху бжыгъэм хэгъэхъуэн зэрыхуейр. «Дэ лэжьакIуэхэм, IэщIагъэлIхэм дахуэныкъуэщ», - къытригъазэурэ Iуэхум тепсэлъыхьащ Путин Владимир.
А псалъэхэр бэлэрыгъауэ зэрыжимыIами, зэхъуэкIыныгъэхэм зэрегупсысми и щыхьэту, илъэсым и иужьрей махуэхэм Президентым Къэрал Думэм хуигъэхьащ Урысейм и цIыху узэрыхъуну хабзэм и проектыщIэ. НапэкIуэцI 89-м нэблагъэ дэфтэрым убгъуауэ дыкъытемыувыIэми, гу лъыттапхъэщ ар Хэкужьым къэзыгъэзэжыну зи мурад ди лъэпкъэгъухэм я Iуэхур нэхъ тынш хъуну уигъэгугъэу зэрыубзыхуам.
ХэзыщIыкIхэм зэращIэщи, иджыри къэс зекIуэ хабзэмкIэ «Урысейм и гражданин» ухъун папщIэ, «къэралым ущыпсэуну лъэIу» (вид на жительство) щыпта махуэм щегъэжьауэ, зэпыу имыIэу илъэситхукIэ Урысейм ущыпсэун, урысыбзэ пщIэн, урыс тхыдэм ущыгъуазэу ущытын хуейт. А мардэхэр иджыри къыхонэ хабзэщIэм. Ауэ «нэрыбгэ щхьэхуэхэм» зи гугъу тщIа Iыхьищыр худачыхынущ. Абыхэм хеубыдэ езыр къызытехъукIа, е езым къытехъукIа благъэ (адэшхуэ-анэшхуэ, адэ-анэ, бын, къуэрылъху-пхъурылъху) Урысейм щыпсэууэ зиIэхэр. Гу зылъытапхъэщ «СССР-м е Урыс империем зи адэжьхэр щыпсэуахэр» Iыхьэми. КъинэмыщIауэ, хабзэщIэм хуитыныгъэ къыпхуегъанэ Урысейм и дарэгъу къэралым и гражданствэр щIэуэ къапщтэм дэщIыгъуу зепхьэну.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Сирием зауэ къыщыщыхъеям щыгъуэ, къэралым и цIыхуу зыкъалъытэжу къэкIуэжыну хуеяхэм жэуап гущIэгъуншэ иратауэ щытащ: 1864 гъэм ахэр зэрыIэпхъукIа щIыналъэр иджыри Урыс империем щыщу зэрыщымытам къыхэкIыу, ахэр «Урысейм и цIыхуу», «соотечественник» зыфIащхэм хыубжэну къезэгъыртэкъым. Нэхъ щабэу фэ зытет иджырей хабзэр нэхъ яхуэфIыну дыщогугъ Хэкум къэIэпхъуэжыну гукъыдэж зиIэ ди лъэпкъэгъухэм.
СКФО-м и зыужьыныгъэр къэзыхутэ бжыгъэ къэпщытакIуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, 2030 гъэм ирихьэлIэу, Кавказым ис цIыху бжыгъэр нэрыбгэ 550 000-кIэ хэхъуэнущ, псоми зэхэту я бжыгъэр цIыху мелуани 10,5-м нэсыну хуагъэфащэ. Дыщыгугъынщ а бжыгъэхэм зи бын къекIуэлIэжа Адыгэ Хэкури хиубыдэну.