Нобэ

1781 гъэм Москва къыщызэIуахащ Пётр Езанэм и цIэр зыфIаща театрыр. Иджыпсту ар Театр Инырщ.
1863 гъэм дунейм щыяпэу Лондон къыщызэIуахащ метрополитен. А гъуэгум километри 3,6-рэ и кIыхьагът.
1920 гъэм къару игъуэтащ Франджым щыIэ Версаль уардэунэм I9I9 гъэм мэкъуауэгъуэм и 28-м Iэ зыщытрадзауэ щыта зэгурыIуэныгъэм - Япэ дунейпсо зауэр зэриухам щыхьэт техъуэм.
1920 гъэм Лъэпкъхэм я Лигэр къызэрагъэпэщащ. Ар 1946 гъэ пщIондэщ зэрылэжьар.
1943 гъэм Дзэ Плъыжьым Кисловодск къалэр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къаIэщIигъэкIыжащ.
1946 гъэм Лондон къыщызэIуахащ ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и япэ зэIущIэр.
2010 гъэм уголовнэ тезырыщIэм – «и унэм щIэкIыну хуит зымыщI» жыхуиIэм - къару щигъуэтащ Урысей Федерацэм.
1883 гъэм къалъхуащ урыс тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, Сталиным и саугъэтыр щэнейрэ зыхуагъэфэща Толстой Алексей.
1915 гъэм къалъхуащ «Черкес плъыжь» (иджы «Черкес хэку») газетым и япэ редактор нэхъыщхьэу щыта Уэхъутэ Анзор.
1918 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, драматург, IуэрыIуатэдж, КъБР-м и цIыхубэ артист КъардэнгъущI Зырамыку.
1934 гъэм къалъхуащ Украинэм и япэ президенту щыта Кравчук Леонид.
1945 гъэм къалъхуащ актрисэ, Урысей Федерацэм и цIыхубэ артисткэ Теличкинэ Валентинэ.
1949 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Шукай ФатIимэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 4 - 7, жэщым градуси 2 - 3 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Гъунэгъу бий ящIыркъым.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ