Уае Дадэр Налшыки къыдыхьатМахуитI и пэкIэ Налшык и гъущI гъуэгу вокзалым цIыхуи 100 бжыгъэхэм гуапэу къыщрагъэблэгъащ Уае Дадэм и мафIэгу гъэщIэрэщIар. Ди республикэм къэсын и пэкIэ абы гъуэгуанэ кIыхь къызэпичащ, дыгъэгъазэм и 5-м Устюг Иным къыщежьэри, Урысейм и къалэ 37-мрэ зэщIигъэхьащ. МафIэгум тхыдэ гъэщIэгъуэни къыдокIуэкI - 1956 гъэм Коломенск заводым иужьрейуэ щащIа П36 жыхуаIэращ ар. Урысейм и гъущI гъуэгу Музейм и утыкум пIалъэ кIыхькIэ итауэ, нэгъабэ зэрагъэпэщыжри, сабии балигъи игъэгуфIэн къалэн иIэу къежьащ.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 18:33 →
«Дыщэ джыдэ цIыкIур» зыхуагъэфэщахэри яхэту
18.04.2024 - 14:05 →
ГъэсакIуэ цIэрыIуэр ящыгъупщэркъым
18.04.2024 - 12:26 →
АдыгэбзэкIэ ятхам адыгэбзэкIэ тепсэлъыхьу
18.04.2024 - 11:18 →
ЦIыхубэр зэрыгушхуэ
17.04.2024 - 11:56 →
Щамырзэ Моникэ и гъащIэмрэ лэжьыгъэмрэ
|