Угъурлы тхуэхъуну!ДыхуэпIащIэу, фIы куэдкIэ дыщыгугъыу апхуэдэщ сыт щыгъуи ИлъэсыщIэр. А псалъэм дэтхэнэ цIыхуми ирипхыр езыр нэхъ зыхуэпабгъэ, къехъулIэну нэхъ зыщIэхъуэпсу и пщIыхьым хэмыкI Iуэхугъуэхэращ. Щрет ар мылъкушхуэу е узыншагъэ быдэу, щIэныгъэу, ехъулIэныгъэу, лъагъуныгъэу е мамырыгъэу. А псоми сахэмыдэу икIи зэкIэрызмычу, зы хэмыщIу, зэуIуу фхузогъэфащэ ди цIыху псоми, Тхьэшхуэри а фIыгъуэхэмкIэ къыфхуэупсэну сыфхуохъуахъуэ. НобэкIэ дуней псор зыгъэгулэз коронавирус узыфэр ИлъэсыщIэм тщхьэщыкIыну, ди гъащIэм узыщрихьэлIэ нэгъуэщI лъэпощхьэпохэми ди лъэр щIамыгъэхуу, абыхэм дазэрытекIуэфын акъыл жанрэ гупсысэ нэхурэ дэтхэнэми ди гум Тхьэм кърилъхьэну сыщIохъуэпс. ЦIыхубэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ ди унафэщIхэми я мурадыфIхэр Тхьэм къаригъэхъулIэ, бэм я уэчыл нэсу я тетыгъуэр кIыхь ирехъу.
Поделиться:
Читать также:
22.04.2024 - 18:00 →
Дыщэ зыхэлъ гъавэхэкI
22.04.2024 - 17:33 →
Республикищым ис лъэпкъ
22.04.2024 - 16:00 →
ЩIыпIэ самоуправленэм и махуэр
21.04.2024 - 13:51 →
Макъамэ телъыджэм и лъахэм
21.04.2024 - 11:18 →
Афэрым, щауэхэ, пщащэхэ!
|