Iэпщацэр премьер-лигэм щытлъагъуну?

Дызэрыт мазэм и пэщIэдзэм хъыбар гуапэ къытIэрыхьащ: ди лъахэгъу Iэпщацэ Марат Къэзан и «Рубин»-м зэгурыIуэныгъэ дрищIылIащ илъэси 4,5-кIэ хэтыну. Тэтэрстаным и командэ нэхъыщхьэр Урысей Федерацэм щынэхъ лъэщхэм ящыщ зыщ икIи къэралым щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм увыпIэфI дыдэхэр щеубыд, Европэми мызэ-мытIэу лъэщу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Израилым щыпсэу адыгэхэм ящыщ Натхъуэ Бибрэс абы щыджэгуущ нэхъыфIу къызэрытцIыхуар икIи япэ ехъулIэныгъэ инхэр Хэкужьым щиIар.

Фызэрыщыдгъэгъуэзауэ щытащи, Iэпщацэ Марат гъатхэ кIуам Iэ тридзат Ростов областым и щIыхьыр ихъумэу Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым зыкъыщызыгъэлъагъуэ Песчанокопскэм и «Чайка» командэм илъэситIкIэ хэтыну. АрщхьэкIэ зыхэхуа гупым Iуэху мыщхьэпэхэр къыху­къуэкI­ри, етIуанэ дивизионым кърагъэкIуэтэхащ. Апхуэдэу щыхъум адыгэ щIалэщIэр Томск и «Томь»-м хагъэхьащ, зэхьэзэхуэ нэхъ лъэщым къыхэнэн папщIэ. Абы и щIыхьыр ихъумэу Iэпщацэм зэIущIи 9 япэ дивизионым щригъэкIуэкIащ. А мащIэри ирикъуащ ди лъахэгъум зэфIэкI лъагэ зэриIэр топджэгум фIыуэ хэзыщIыкIхэм ялъэгъуну. Аращ пIалъэ кIыхькIэ «Рубин»-м щIызэригъэбыдылIари.
 Iэпщацэ Марат къыщалъхуари топ джэгуным зыщыхуигъэсари Налшыкщ. И ныбжьыр илъэс пщыкIуплI щыхъум Краснодар ирагъэблагъэри, Галицкий Сергей и футбол академие цIэрыIуэм адэкIэ и зэфIэкIым щыхигъэхъуащ. Ар къиуха иужькIэ къигъэзэжри, «Спартак-Налшыкым» джэгун щыщIидзащ икIи псынщIэ дыдэу зыкъызэкъуихащ.
Абы щыгъуэм илъэс пщыкIуий зи ныбжь Iэпщацэ Марат лъэ быдэкIэ губгъуэм къызэрихьам и щыхьэтщ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2018 - 2019 гъэхэм щыIа зэхьэзэхуэм ди командэм и щIыхьыр ихъумэу зэIущIэ 24-рэ зэриригъэкIуэкIар. IэщIагъэлIхэм и джэгукIэр хуабжьу ягу ирихьащ - аращ къэралым и ныбжьыщIэ гуп къыхэхам щIраджари.
ФИФА-м и вице-президенту щыта Гранаткин Валентин и цIэ­кIэ къызэрагъэпэща XXXI дунейпсо зэхьэзэхуэ 2019 гъэм мэ­къуауэ­гъуэм и 4 - 14-хэм Санкт-Петербург щекIуэкIащ. Iэпщацэ Марат зыдрагъэблэгъа, гъуащхьауэ цIэрыIуэу щыта Кержаков Александр зи тренер нэхъыщхьэ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ ныбжьыщIэ командэ къыхэхам хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуат Ираным, Аргентинэм, Армением я гуп лъэщхэр. Ди лъахэгъум абыхэм фIы дыдэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Уеблэмэ, Iэпщацэм дигъэкIа топым и фIыгъэкIэ Армением и командэ къыхэхар хагъэщIащ. Ебланэ дакъикъэм абы и хьэрхуэрэгъум топыр къытрихащ икIи гъуащхьэхъумэхэм яIэщIэкI­ри, бжыгъэр къызэIуихащ.
Урысей Федерацэм и етIуанэ ныбжьыщIэ командэ къыхэхар зы­хэт гупым щытекIуахэм ящыщ зы хъури, финал ныкъуэм нэсащ. Абы къыщыпэщIэува ди къэралым и япэ гупыр къы­зэрыпэлъэщар зэIущIэ нэужь пенальтихэмкIэщ.
КъищынэмыщIауэ, а махуэ дыдэхэм Iэпщацэ Марат ираджат етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым и командэ къыхэхам. Профессионал Футбол Лигэм и «Переправа» кубокыр къэхьынымкIэ зэхьэзэхуэм адыгэ щIалэщIэр ирагъэблэгъат, арщхьэкIэ Уры­сей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ ныбжьыщIэ командэ къыхэхам щыджэгуным нэхъ пщIэ иIэу къалъытэри, и гъэсакIуэхэм ар япэ ирагъэщащ.
Гранаткин Валентин и цIэкIэ щыIа XXXI дунейпсо зэхьэзэхуэм набдзэгубдзаплъэу хущыта къэралым и чемпион «Зенит»-м и тренерхэм Iэпщацэм и джэгукIэр хуабжьу ягу ирихьащ икIи я щIалэгъуалэ гупым дэщIыгъуу зигъэсэну Iэмал къратащ, нэ­гъуэщI­ ди лъахэгъу Жылэ Ислъам дэщIыгъуу.
2020-2021 гъэхэм Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэми Iэпщацэ Марат щынэхъыфIахэм ящыщщ. «Спартак-Налшыкым» хэту ар зэIущIэ 26-м къыщихьащ икIи я хьэрхуэрэгъухэм топищ щахудигъэкIащ.
Иужьрей зэманым футболым лъэбакъуэ лъэщхэр зэрыщичам шэч хэлъкъым илъэс тIощI фIэкIа ныбжь зимыIэ гъуащхьэхъумэныкъуэ Iэпщацэ Марат. Ди гуапэщ иджы зыхыхьа Къэзан и «Рубин»-м хэту адэкIи и ехъулIэныгъэхэмкIэ Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм дыщигъэгуфIэмэ. ЗэфIэкI лъагэ иIэу абы Мэзкуу и «Спартак»-мрэ «Химки»-мрэ зыкъыщызыгъэлъагъуэ адыгэ щIалэ закъуэ Мырзэ Резуан ар хуэфэщэн гъусэ хуэхъуну хуабжьу дыщогугъ.

Хьэтау Ислъам.
Поделиться: