Махуэшхуэм и щIыхькIэЩэкIуэгъуэ мазэм и етIуанэ Iыхьэм тохуэ Студентхэм я дунейпсо махуэр. Ар Iэтауэ иджыблагъэ щагъэлъэпIащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. ЕджапIэ нэхъыщхьэм и пресс-IэнатIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, абы щекIуэкIащ щIалэгъуалэр куэд лъандэрэ зыпэплъа «Виват, студент!» зэпеуэр. Ар нэхъыбэу зытеухуауэ щытар кино гъуазджэм и дуней телъыджэращ. КъБКъУ-м игъэува «Оскар Виват» саугъэтым щIэбэныну утыкум къихьат университетым щеджэ щIалэгъуалэм ящыщу акъыл жан, артистагъ зыбгъэдэлъ, хэлъэт зиIэ зыбжанэ. Абыхэм хуабжьу егугъуу зыхуагъэхьэзыращ зэпеуэм, ауэ щыхъукIи, я къалэн нэхъыщхьэм - еджэным - а Iуэхур зыкIи зэран хуамыгъэхъуу. ТхьэмахуитI-щыкIэ зызыгъэхьэзыра щIалэгъуалэр утыкум къыщихьам, гурыIуэгъуэ хъуакIэт иджырей студентхэр зэчий зэмылIэужьыгъуэ куэд зыбгъэдэлъ цIыхуу зэрыщытхэр. Пэублэ псалъэм и ужькIэ, абыхэм ящыщ дэтхэнэми къызэхуэсахэм ирагъэлъэгъуащ езыхэм траха фильм кIэщI цIыкIу. КъыкIэлъыкIуэу ахэр щызэпеуащ «Дыгъэр псоми зэхуэдэу къыттопсэ» зыфIаща Iыхьэм. ИтIанэ утыку кърахьащ я «Творческэ унэ лэжьыгъэр».
Поделиться:
Читать также:
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
15.04.2024 - 12:10 →
Гагарин и гуфIэкIэ
11.04.2024 - 09:30 →
УнафэщIхэмрэ IэнатIэ лъыхъуэхэмрэ зэрощIэ
10.04.2024 - 11:00 →
Дисанэ и ехъулIэныгъэ
08.04.2024 - 12:46 →
Мазэм и хъыбар
|