Гъэсэныгъэр сабийхэм я нэкIэ

КъБР-м и Парламентым и депутатхэр яIущIащ «ДыгъафIэ къалэ» Сабий академием и гъэсэнхэм. Лицейм и 7 - 11-нэ класс­хэм щIэсхэм Егъэ­джэ­ныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и жэрдэмкIэ драгъэкIуэкIа зэ­хыхьэр теухуауэ щытащ сабийхэм гъэсэныгъэм и мыхьэнэр къазэрыгу­ры­Iуэм. 

ЩIэблэм епсэлъащ комитетым и Iэтащхьэ Емуз Нинэ, абы хэт, КъБКъУ-м и медколледжым и унафэщI Пщыбий Светланэ, «Ды­гъафIэ къалэ» академием и унафэщI, «Юнармия» жылагъуэ зэгухьэныгъэм КъБР-м щиIэ къудамэм и пашэ Iэрыпщэ Мурат, ­КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэ­гъуалэм я IуэхухэмкIэ и ­министерствэм щIэблэм щIэныгъэ гуэдзэ етыным­рэ гъэсэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI Касьяновэ Татьянэ, КъБКъУ-м педагогикэмкIэ, психологиемрэ физкультурэ-спорт егъэджэныгъэмкIэ и инс­титутым и унафэщI Михайленкэ Ольгэ, сабий зэчиифIэхэм я «ДыгъафIэ къалэ» лицейм и унафэщI Джаппуевэ Тамарэ. 
Емуз Нинэ зэхыхьэр къы­щызэIуихым  къыхи­гъэ­щащ депутатхэр гъэ къэс лицейм и гъэсэнхэм яIущIэну зэраубзыхуар, абы хыхьэу Iуэху зэIумыбзхэм гулъытэ зэрыхуащIынур.
- Гъэсэныгъэм теухуа ­Iуэ­хущ, ар сабийхэм зэры­флъагъурщ нобэ къэтIэ­тар. ИужькIэ нэхъ фызыгъэгузавэ Iуэхухэм гулъытэ хуэ­фщIурэ ди деж къэ­ф­хьэсынщ, - жиIащ Емуз Нинэ. 
КъызэгъэпэщакIуэхэм къызэрыгуэкI упщIэ-жэуап щIыкIэ мыхъуу, ныбжьы­щIэхэр къыхашащ Налшык къалэм щIыпIэ само­управленэмкIэ и Советым и депутат, УФ-м и Феде­ральнэ Зэхуэсым Феде­рацэмкIэ и Советым и ЩIалэгъуалэ палатэм жэ­уап зыхь и секретарь Сурковэ Екатеринэ иригъэ­кIуэкIа «Егъэджэныгъэ Iуэху­щIапIэм и гъэсэныгъэр: иджы­реймрэ къэ­кIуэ­­нумрэ» фортсайт-сессием.
Фортсайт-сессиер къэ­кIуэнум щыгъуазэ зэры­зыхуащI Iэмалу зэры­щытым къыхэкIыу, Сурковэм лицейм и гъэсэнхэр къыхуриджащ къэкIуэнум хукъуэплъу школхэм ды­зыхуэкIуэ илъэситхум щIэ­уп­щIэ нэхъ щызиIэнкIэ ­хъуну къэхъугъэхэмрэ егъэ­­джэныгъэ IуэхущIапIэхэр зрихьэлIэну хуагъэфащэ Iуэху мыщхьэ­пэ­хэмрэ зрагъэщIэну. Я ­ныбжь елъытауэ ныбжьы­щIэхэм загуэшри, къэ­кIуэнум теухуа я еплъы­кIэхэр къагъэлъэгъуащ, ар и лъабжьэу школ гъэсэныгъэм и унафипщI къыхалъхьащ, абыхэм хьэщIэхэм яхутепсэлъыхьащ.
Лицейм и гъэсэнхэм къы­зэралъытэмкIэ, еджа­кIуэхэм хуитыныгъэ къратын хуейщ гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэхэм зэджэну тхылъхэр езыхэм къыхахыжыну. Апхуэдэу къагъэлъэгъуащ гъэсэныгъэм теухуа класс сыхьэт щIэщыгъуэхэр къызэрагъэпэщыну, школ психо­логым и дерс гуэдзэнхэр, ­къабзагъэм, щIыуэпсым ехьэлIа дерсхэр я программэм хагъэхьэну, волонтёр гупхэр школхэм къыщызэ­рагъэпэщыну, лъэпкъ, унагъуэ хабзэхэр хъумэ­ным гулъытэ нэхъыбэ ­хуащIыну зэричэзур. 
НыбжьыщIэхэр къытеувыIащ еджапIэм щIэблэр жылагъуэм зэрыхэтынум зэрыхуигъасэм теухуа я еплъыкIэхэм. Абыхэм къы­зэралъытэмкIэ, ябгъэдэлъ щэнхабзэм нэхъри хэзыгъэхъуэну Iэмалщ я егъэджакIуэхэмрэ къыде­джэ­хэмрэ пщIэ яхуэзымы­-щIым къуэды тралъ­хьэ­ныр. Школ­хэм нэхъапэм лэжьыгъэм зэрыщыхагъэгъуазэу щыта гъэсэныгъэр иджыри яублэжыным теухуа Iуэхуми тепсэлъы­хьащ, лэжьыгъэм ныбжьыщIэхэр щэнхабзэм зэ­рыхишэм къыхэкIыу. Къы­зэрыщIэкIамкIэ, щIалэ, хъыджэбз куэд хьэзырт щэбэт щIыхьэхухэм хэты­ным и мызакъуэу, класс­хэри зэлъыIуахыну.
НыбжьыщIэхэм къыхагъэщащ школыр нэхъыжь­хэмрэ нэхъыщIэхэмрэ щы­зэпсалъэ, щызэгурыIуэ IуэхущIапIэу къэнэжын зэ­рыхуейр. Егъэджэныгъэ IуэхущIапIэм Хэку гъэсэ­ныгъэм щиIэ увыпIэми и гугъу ящIащ. Лицейм и гъэсэнхэм жаIащ хэгъэ­зыхь мыхъуу лэжьыгъэм и мыхьэнэр ныбжьыщIэхэм зэрыгурагъэIуапхъэр. 
Зэхыхьэр щиухым Емуз Нинэ лицейм и гъэсэнхэм фIыщIэ яхуищIащ икIи къыхигъэщащ абы хэта дэтхэнэми ар гуапэу игу къинэжыну зэрыщыгугъыр. 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также: