Нобэ

♦Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм стратегие мыхьэнэ зиIэ я ракетэдзэхэм я махуэщ. Ракетэдзэхэр къызэгъэпэщыным теухуа унафэр СССР-м и Правительствэм1959 гъэм дыгъэгъазэм и 17-м къыдигъэкIауэ щытащ, РВСН-м и махуэр ягъэлъапIэ 2006 гъэм къыщыщIэдзауэ.
♦Урысейм и Къэрал фельдъегер къулыкъум и лэжьакIуэхэм я махуэщ. Къэрал документхэр IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм яIэрызыгъэхьэ а къулыкъум и тхыдэр жыжьэ къыщожьэ. Урысей император Павел Езанэм къэрал унафэр 1796 гъэм и щэкIуэгъуэм IэщIыхьа нэужь ищIа япэ унафэхэм ящыщщ фельдъегер IэнатIэр къызэгъэщыным теухуауэ а гъэм дыгъэгъазэм и 17-м Iэ зыщIидзар.
♦Белоруссие Кином и махуэщ
♦Къэзахъстаным щагъэлъапIэ энергетикым и махуэр
♦1903 гъэм «Авиацэм и адэу» къалъытэ Райт зэкъуэшхэу Уилберрэ Орвиллрэ ягъэунэхуащ хьэуам нэхърэ нэхъ хьэлъэ, зэрылъатэ Iэмэпсымэр.
♦1995 гъэм УФ-м и Къэрал Думэм и етIуанэ зэхуэсыгъуэм и депутатхэр хахащ.
♦1925 гъэм къалъхуащ совет усакIуэ, СССР-ми УФ-ми я Къэрал саугъэтхэм я лауреат Ваншенкин Константин.
♦1902 гъэм къалъхуащ Норвегием щыщ щIэныгъэлI, Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэр зыджу щыта Фогт Ганс.
♦1928 гъэм къалъхуащ театрымрэ киномрэ я актёр, СССР-м и цIыхубэ артист, УФ-м и Къэрал саугъэтыр тIэунейрэ зыхуагъэфэща, «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и нагъыщэ псори зрата Броневой Леонид.
♦1936 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, адыгэхэм я деж печатым зэрызыщиужьам и къэхутакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, АР-м щIыхь зиIэ и журналист ХъуакIуэ Заур.
♦1946 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, РАЕН-м и академик, къэрал лэжьакIуэ Шыхъуэстэн Абдулхьэмид.
♦1970 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, КъБР-м, Адыгейм, КъШР-м, Ингушым, Осетие Ищхъэрэ – Аланием я цIыхубэ артист Нэхущ Чэрим.
♦1977 гъэм къалъхуащ теленэтынхэр езыгъэкIуэкI, актрисэ «Дуней псом щынэхъ дахэ пщащэ» зэпеуэм 2002 гъэм щытекIуа Фёдоровэ Оксанэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 9 - I0, жэщым градуси 4 - 5 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Гъуэгуанэ тетым и ади и ныбжьэгъущ.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ