ЩIэблэ гъэсэныгъэр IэщIагъэу

ЦIыхум и дунейр щыщIэщыгъуэм деж и хъуреягъми фIыгъэкIэ догуашэ. Абы езыми и гур егъэнщIыж. Нобэ фыхэдгъэплъэнущ зы цIыху и дуней дахэ, Мэремкъул Маринэ и дунейм! Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ и къудамэр къиухащ, Налшык щыIэ «УСПЕХ» школым адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэщ. Маринэ тхакIуэщ. И IэдакъэщIэкIхэр республикэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ къытохуэ. И IэщIагъэм теухуа гупсысэ щIэщыгъуэхэм, и творческэ дунейм фыхэтшэну ди гуапэщ. 
- Сабийхэм уадэлэжьэныр, щIэ гуэрхэм хуэбгъэсэныр тыншкъым. ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм щэху Iэджи хэлъщ, ауэ нэхъыщхьэр сабийр фIыуэ плъагъунырщ. ЩIэныгъэ куу убгъэдэлъынкIэ хъунщ, ауэ абыкIэ еджакIуэхэм уазэрыдэгуэшэн хэлъэт уимыIэмэ, псори пцIы мэхъуж. УегъэджакIуэным гуапагъэ хэплъхьэн хуейщ. Сэ сабийм бгъэдэслъхьэ щIэныгъэр къызигъэлъагъужу щIидзэмэ, дэрэжэгъуэ ин къызет, абы нэхъ гурыфIыгъуи си IэщIагъэм хэткъым, - къыджиIащ Маринэ, и IэщIагъэр фIыуэ щIилъагъум дыщыщIэупщIэм. 
Маринэ щогуфIыкI иригъаджэ цIыкIухэм я дэтхэнэ ехъулIэныгъэми. 
- Сэ езгъаджэ цIыкIухэм я гугъу сщIынщи, анэдэлъхубзэм хуэмышэрыуэ яхэтми, абыхэми яфIэгъэщIэгъуэнщ бзэм и Iуэхур. Лъэпкъ тхыдэм, бзэм теухуа гъэщIэгъуэн гуэрхэмкIэ къыдызохьэх. СыщогуфIыкI адэ-анэхэмрэ адэшхуэ-анэшхуэхэмрэ сабийм и бзэм зрагъэужьыну щелIалIэм деж. Унагъуэм анэдэлъхубзэкIэ щызэпсалъэмэ, сабийри абы ирипсэлъэнущ, фIыуэ илъагъунущ. Согушхуэ, унэ лэжьыгъэ естам нэмыщI, «нобэ нанэ (е дадэ) и гъусэу зэзгъэщIащ» жиIэу сабийм усэ цIыкIухэм е IуэрыIуатэм щыщ гуэрхэм сыщрагъэдаIуэм деж. Апхуэдэу куэдрэ сагъэгуфIэ пэщIэдзэ классхэм щIэс цIыкIухэм. НэхъыжьыIуэхэм нэхъ яфIэгъэщIэгъуэну гу лъыстащ тхыдэм щыщ Iыхьэхэм, абыхэм нэхъ щIоупщIэ. Сэри апхуэдэ Iэмалыр блэзгъэкIыркъым – дызэгъусэу дытопсэлъыхь, езыхэм я Iуэху еплъыкIэми сыкIэлъоплъ, - къыддогуашэ. 
 Маринэ тхакIуэщ. Усэ цIыкIухэр, рассказ кIэщIхэр итхыурэ иригъэжьауэ щытащ. Абы фIыщIэ хуещI и тхыгъэхэм гъуэгу ягъуэтынымкIэ сэбэп къыхуэхъуа Хьэх Сэфарбий. 
- Школыр къэзуха нэужьщ си рассказхэмрэ новеллэхэмрэ журналхэмрэ газетхэмрэ къытехуэ щыхъуар. Ар зи фIыщIэр тхакIуэ Хьэх Сэфарбийщ. ТхакIуэ, усакIуэ ныбжьыщIэхэм папщIэ къызэригъэпэща «Шыхулъагъуэ» литературэ хасэм сыхыхьэри, абы зыщызгъэсащ. А зэманым сиунэтIащ хасэм, си гупсысэм зригъэубгъуащ. 
Ди псэлъэгъум и тхыгъэхэр щIэщыгъуэщ, и рассказхэм яIэщ гъэщIэгъуэну зыкъыщIэзыпхъуэт сюжетхэр. ЗэрыжиIэмкIэ, и рассказхэр нэхъыбэу художественнэ тхыгъэщ, зыщIыпIэ щызэхиха Iуэхугъуэ е къэхъукъуащIэ гуэрхэм зыхуашэ гупсысэхэм къатехъукIахэри яхэтщ. Куэдрэ къохъу тхыгъэм сюжет хуищIынури, зэриухынури имыщIэу къыщригъажьэ. Апхуэдэхэм деж тхылъымпIэм нэса зы гупсысэ кIапэр куэду къызэротIэпIыкI, тхыгъэми езыр-езыру зешэщI. 
Ди псэлъэгъум литературэр къыгуэхыпIэ имыIэу ирепх щIэблэм и гъэсэныгъэм. 
- Литературэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. ЩIэблэм и гъэсэныгъэр абы къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ. Сыт щыIэ щIэблэм и гъэсэныгъэм нэхъыщхьэ?! ДыщыцIыкIум щыщIэдзауэ, емрэ фIымрэ зэхэдгъэкIыу дрегъасэ литературэм, хьэл-щэн куэд абы къыхыдох. Уеблэмэ языныкъуэ художественнэ тхыгъэхэм хэт лIыхъужьхэр апхуэдизкIэ тпэгъунэгъу мэхъури, абыхэм задыдощI, куэдрэ щапхъэу къыдох, - жеIэ. 
Маринэ и студент гъащIэми и гугъу къытхуищIащ. ФIыгъуэ куэд къыздрихащ а зэманым: щIэныгъэ, ныбжьэгъугъэ, гукъэкIыжхэр… 
И мурадхэм дыщыщIэупщIэм къыджиIащ:
- Си мурадщ си тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъ дунейм къытезгъэхьэну. Абы мы зэманым солэжь. Си IэнатIэм и гугъу сщIымэ, ари гурэ псэкIэ къыхэсхащи, си гуащIэ къихьыху срилэжьэну сыхуейщ! 
 

 

Гугъуэт Заремэ.
Поделиться: