ХъымыщкIей - Хамышки

Тхыдэмрэ щIыуэпсымрэ

Мы цIэр зезыхьэ урыс къуажэр Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэмкIэ дэсщ. Нэхъ пыухыкIауэ къэдгъэлъагъуэмэ, иджырей Гъуазэрыплъ жылэ цIыкIур здэщыIэ щIыпIэм деж къыщыщIэбдзэрэ километр 16 хуэдизкIэ, хуэищхъэрэу, укъехыжмэ, сэмэгумкIэ къыкъуэунэхукI къуэ гъэпщкIуам къыдэж псы бгъунжыр Щхьэгуащэ щыхэлъэдэжым къыщегъэжьауэ ипщэкIэ щысщ. 
ФIэщыгъэр, зэрынэрылъагъущи, IыхьитIу зэхэтщ: «Хъымыщ»-рэ «кIей»-уэ. Япэр, зэрыхуагъэфащэмкIэ, Iэшэлъашэм щыпсэуа цIыху цIэрыIуэ гуэрым зэреджэу щытарщ (мыбдежым дигу къохьэж «Хьэмыщэ» жыхуиIэ нэгъуэщI адыгэ цIыхухъуцIэри). ЕтIуанэр, «кIей» («кIэй»-кIахэмкIэ) жыхуиIэр, хы ФIыцIэ Iуфэм щыпсэу адыгэхэм тIуащIэхэм, псыхъуэхэм, ныджэхэм я гугъу щащIкIэ къагъэсэбэп псалъэхэм языхэзщ. Гу зэрылъытэгъуафIэщи, ар ещхьщ къэбэрдей адыгэхэм ди бзэм къыхэна «къуэкIий» жыIэкIэм хэтлъагъуэ «кIий» и етIуанэ Iыхьэм.
Тхыдэм щыщу
Адыгэхэм я Хэкужьыр, щIыпIэрысхэр зэхэзехуэн щащIу, къыщазэуа иужьрей илъэсхэм ящыщщ 1862 гъэр. А илъэсым и щIымахуэкIэм урыс пащтыхьыдзэхэр абазэхэхэм щебгъэрыкIуэм, лъэныкъуитIри хуабжьу щызэпэщIэувауэ щытащ Щхьэгуащэ зыдэт тIуащIэм и нэхъ зэвыпIэ дыдэу къалъытэ Хьэджэхъу и Iэшэлъашэм. АрщхьэкIэ, генерал Гейман зи пашэ урыс дзэлIхэм, топхэри я бащэрэ бжыгъэкIи зэрынэхъыбэм къыхэкIыу, бгырысхэр ирагъэкIуэтын яхузэфIэкIащ. Мэлыжьыхьым и 26-м зэрыпхъуакIуэхэр ихьащ зи гугъу тщIы зэвыпIэм ищхьэкIэ щыIэ щIыпIэ зэлъыIухам деж Дахэ псы бгъунжыр Щхьэгуащэ щыхэлъэдэжым хуэзэу тIуащIэм хуиту зыщызыубгъуа сэтей-хьэкхъуафэм. 
ЖыпIэнур арамэ, 1862 гъэм и кIыхьагъкIэ Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэм бгырысхэр пащтыхьыдзэм щыпэщIэтащ. АрщхьэкIэ, мыбдежми, дыгъэгъазэм и 14-м ирихьэлIэу, зэрыпхъуакIуэхэм яхузэфIэкIащ ХъымыщкIей тэхъуанэм я лъэр нахусу, дыгъэгъазэм и 20-м абдежми зыщагъэбыдэну. 
Илъэс зыбжанэ дэкIа иужькIэ, 1869 гъэм, адыгэхэр я Хэку имысыжу, зэрыпхъуакIуэхэм «Хамышки» зыфIаща урыс къуажэр мы щIыпIэм къыщагъэунэхуащ. 
Ди тхыгъэм и кIэм дызыщыгуфIыкI хъуну Iуэхугъуи къыхэдгъэщынщ. Ар сыт жыпIэмэ, мы жылэм иужьрей лъэхъэнэхэм ди лъэпкъэгъухэм ящыщ унагъуэхэри дэтIысхьэж зэрыхъуарщ. 
 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: