Куржы нысащIэ

Къэбэрдей хэку дахэм и лъынтхуэ нэхъыщхьэ Бахъсэн аузыр зи тIысыпIэу щыта ХьэтIохъущокъуэ пщышхуэ лъэпкъыр адыгэм я набдзэт. Хэку Iуэхуи лъэпкъ тхыди адыгэщIым щызекIуакъым ХьэтIохъущокъуэхэ яжь зыщIимыхуа. ЯIуатэ пэтми яхуэмыух я лIыгъэмрэ цIыхугъэмрэ иращIэкIа хъыбархэр нобэми щIэуэ къыкъуокI. 
ЩыIащ адыгэлIхэр, я бгыр псыгъуэрэ я плIэр бгъуэуэ. Я фащэр дахэрэ хамэр къехъуапсэу, бзыпхъи трахрэ я щхьэм фIамыхыу. Я Iэпщэр быдэрэ джатэр якъузу. ЛIыгъэ зэрахьэрэ зыщымытхъужу, тхъуэжьейм шэсамэ, псиблым пхысыкIыу, гъуэгу зэпачамэ, лIыгъэр лъэужьрэ хъыбар техъуэжу. Мис апхуэдэ адыгэ щIалипщI ХьэтIохъущокъуэр я шу пашэу гъуэгу техьащ, дуней тлъагъунщ, хабзэ зэдгъэщIэнщ, лъэпкъ зэхуэмыдэхэм дахэплъэнщ, пщащэ щэныфIэхэм дахэдэнщ, дигу щызуи зыдгъэпсэхунщ, жари. 
КIуэм-лъэм, кIуэм-лъэуэрэ, Бахъсэн аузыр къызэранэкIри, щыгум ихьауэ зыщаплъыхьым, Куржы хэкур къалъэгъуащ. Лъэпкъ цIэрыIуэщ, пасэ лъандэрэ ди благъэжьщ, я сонэхэри ди щIы кIапэщ, ди ныбжьэгъухэри щыкуэдщ, хьэщIэ жыпIэмэ, я нэ - я псэщ, я псэукIэм дыкъеплъынщ, лIыгъэу яIэри зэдгъэщIэнщ, жаIэри яшхэм елъэдэкъэуащ. Къуршым щхьэдэххэри хэку щIэращIэу Куржым я псэупIэм щепсыхащ. Я ныбжьэгъу-жэрэгъухэм я деж щыхьэщIащ, я хабзэ, лэжьэкIэ, псэукIэхэм кIэлъыплъащ, ямыщIэхэм щыгъуазэ защIащ, езыхэм я хабзэрэ лIыгъэри щагъэлъэгъуащ. Гъуэгуанэм щалъэгъуакIи къэзылъэгъуакIи арэзыуэ, хабзэрэ пэжыгъэкIи зэрыгъэбыдауэ къуршым къыхуеIэу къыздэкIуэжым, Куржы фызышэ кърихьэлIащ. 
КъызэрыкIуэж гъуэгум и бгъуитIыр яуфэбгъуауэ, я Iэнэри, я джэгури укъуэдияуэ, фитонри, тешанкIэхэри, я гъуэгу гъуэмылэр зэрылъ гухэри зэхэту, я шу гъусэхэри тIощIым щIигъуу щалъагъум, зэчэнджэщхэри, яхэмыхьэн мурад яIэу, гъуэгум дадзыхащ. АрщхьэкIэ, куржыхэм къалъагъури къапежьащ, яхуеблэгъэнуи къелъэIуащ. Ягъазэри епсыхащ. 
ГуфIэгъуэ зиIэхэм ехъуэхъущ, я шыгъупIастэ зыIуагъахуэри, къежьэжыным щынэсым, дуней псом щыцIэрыIуэ адыгэшым къехъуэпса куржыхэр яшхэр зэрахъуэжыну къелъэIуащ. АрщхьэкIэ гъуэгурыкIуэхэм а лъэIур къащтакъым. Куржыхэр яшхэм шэсыжу адыгэ щIалэхэр къаухъуреихьыну щыхуежьэм, Iуэхур зыхуэкIуэр къызыгурыIуа гупыр напIэзыпIэм шыбгым къихутэжащ. Шагъыр фIыуэ ефахэмрэ зи гъащIэр зэхэзекIуэным хуэгъэпсахэмрэ зэдэхъуакъым. Зэрыхьзэрийм гулъытэншэ щыхъуа нысащIэр ди щIалэхэм къапхъуатэри, макIуэ-мэлъей… 
ЩIалэхэр къэсыжри, къайхъулIамрэ яIэщIэщIамрэ я нэхъыжьхэм хуаIуэтэжащ. Мыпхуэдэ Iуэху ауэ сытми къэбгъанэ хъунутэкъыми, ХьэтIохъущокъуэхэрэ ХьэтIохъущыкъуейм дэс нэхъыжьхэмрэ унафэ ящIащ: лей зылъыса бзылъхугъэм илъэскIэ къылъыгъуазэIамэ, хабзэм тету пщIэ иIэу зейм иратыжыну е, апхуэдэ къыкъуэмыкIмэ, пщащэм и щхьэм и унафэ езым ищIыжыну. А зэманым къриубыдэу цIыхубзым и щхьи и нэмыси къабзэу яхъумащ, ягъэзэшакъым, адыгэбзэрэ адыгэ нэмысрэ ирагъэщIащ, дэн-бзэным, хэдыкIыным, дыщэ уагъэ щIыным, пщэфIэным, унагъуэ IыгъыкIэм, уей-уей жезыгъэIэ адыгэ цIыхубзым хэлъын, ищIэн хуей фIагъхэм хурагъэджащ, хуаущиящ. 
 Куржы пщащэр езыри дахэт, щIыкIафIэт, акъылыфIэт, къытепсыхам хьэдагъэ иримыщIэкIыу, къыщыщIамрэ къызыхэхуамрэ зэпилъытри, къэхъуным пэплъэу тIысыжащ. Илъэс пIалъэр блэкIри, Iуэхур зылэжьа щIалэхэр къызэхуэсащ. Илъэсыр зэригъэкIуамкIэ, лей къытехьамэ, гукъеуэ къылъысамэ, нэгъуэщIхэмкIи щеупщIым, адыгэбзэ къабзэкIэ къажриIащ лей гуэри къызэрытемыхьар, нэхъыфI дыдэу дунейм щилъагъу и куржы лъэпкъым примыдзыхыу адыгэхэр фIыуэ зэрилъэгъуар. 
ИтIанэ щIалэхэм жаIащ: къэхъуар дызыхуэмей Iуэхут, Iэмалыншагъэм къыхэкIат, иджы уи щхьэ и унафэ пщIыжыну и чэзу хъуащи, уигу ирихь къытхэтмэ, къыхэхи, къэнар дэлъху дыпхуэхъунщ, ди къалэнри дгъэзэщIэнщ. Акъыл зиIэ цIыхубзым щIалэхэм фIыщIэ къахуищIри, я дэлъхугъэр къызэрищтэр яжриIащ. Къызэрипэсмэ, ХьэтIохъущокъуэхэ я къуэр и псэм зэрикъабылри ибзыщIакъым. 
Арати, хьэгъуэлIыгъуэ къытекъутам ефIэкIыу гуфIэгъуэшхуэ къыдахри, щIалэхэм шыпхъу яхуэхъуа куржы пщащэр я ныбжьэгъу ХьэтIохъущокъуэм ирагъэшащ, хуэфащэ уаси къыIахащ. Арати, зэман дэкIри, фIыкIэ зи цIэ къраIуэ унагъуэщIэ къэхъуащ, нэфыгъуэ зытрамыгъаплъэм хуэдэ щIалэ дыгъитIрэ пхъу тхьэIухудрэ яIэу. Ауэрэ, ХьэтIохъущокъуэм гу лъитэ хъуащ и щхьэгъусэр зэрынэщхъеирилэм, и нэпсри щыщIилъэщIыкI къызэрыхъум. Игу къеуэмкIэ щеупщIым, къыпфIэщIауэ аращ, жери зытригъэхьакъым. Мызэ-мытIэу лIым гу лъитэ щыхъум, и лажьэмкIэ хигъэзыхьащ. ИтIанэ щхьэгъусэ губзыгъэм гукъеуэ щэхукIэ лIыфI игъэпIейтеину хуейтэкъыми, и гукъеуэм хущхъуэгъуэ зэримыIэр, и адэ-анэр, къыдалъхуахэр, Iыхьлыхэр игу къызэрыкIар хуиIуэтащ. 
Зэрыхэгъаплъэри, фызым и щхьэр япэ къиIэтыжащ: «Уемыгупсыс бжесIам. ЦIыхум гу щиIэкIэ, гукъеуи иIэнщ. Сщыгъупщэжынщ. Сэ ди Тхьэм къысхуиухамкIэ сыарэзыщ. СощIэ: ди куржы гъуэгур зэхуэщIащ. 
Арати, кIэ зымыгъуэта псалъэмакъыр абдеж щаухащ, ауэ ХьэтIохъущокъуэм Iуэхур игъэтIылъакъым. И ныбжьэгъухэм яхыхьэри, и Iуэху зытетыр яхуиIуэтащ. Ауэ цIыхубзыр яшэжу Куржым кIуэн къахэкIакъым. Джэдум зи шатащхьэ тришхыкIар ещIэж жыхуаIэм хуэдэт. 
Ауэрэ зэман дэкIащ, гукъеуэри тIысыж хуэдэу хъуат. Ауэ ХьэтIохъущокъуэм зэры-ХьэтIохъущокъуэр игъэпэжын хуейти, жэщу и тешанкIэр зэщIригъэщIащ. И унагъуэр иригъэтIысхьэщ, къэмыскIэрэ зэIэр къыгуичу жыхуаIэм хуэдэ щIалэ гублащхьэм дигъэтIысхьэщ, езыр шууэ япэ иувэри и щыкъум кIуащ. Я гугъэр зыхахыжа я пхъур бынунэу щахуэкIуэжым, лъэпкъри, зи цIэ ираIуэу жылэм дэсри зэхуэсащ. Я малъхъэ ХьэтIохъущокъуэм и псалъэми, къэхъуам хэтахэм щыщу къэнахэми жаIэм едаIуэри, Iуэхур мамырыгъэкIэ яухащ. 
Арати, малъхъэм хуэфащэ нэмыс кърахащ, япхъуми я пхъурылъхухэми къащыгуфIыкIащ. Я хьэщIэгъуэри икIарэ къежьэжыным нэсауэ, япэрей зэхуэс-зэIущIэхэм къримыхьэлIа куржы щIалэ къыкъуэкIащ. Ар зэкIужт, Iэпкълъэпкъышхуэт, лIыгъэрэ къарурэ зэрыхэлъри нэрылъагъут. 
«Мыбдеж щыс ди хьэщIэ зыкIи дыхуэмейуэ икIи дыхуэмыныкъуэу малъхъэ зыкъытхуэзыщIар сымыукIыу дэзгъэкIыжынукъым», – жиIэри къэуващ. Гупыр хьэжэпхъажэ хъуащ. Унагъуэр къэгузавэри я пхъум еупщIащ: 
- Сыт и лIыгъэ ди малъхъэм? Дауэ зыкъызэкъуихынкIэ хъуну? 
- Зы фIэкIыпIэ иIэу Iэщэ кърихынукъым, ауэ Iэмал зыхуимыгъуэту къыпэувам и гъащIэр иухауэ аращи, зыщыфхъумэ, – игурэ и щхьэрэ зэтелъу я пхъум къажриIащ. Абы и псалъэм езым я лъэIури дэщIыгъуу модрейм щыжраIэжым, ауан къищIащ. 
«Фи пхъур къэвгъуэтыжри, псори зыщывгъэгъупщэжащ», – жиIэри ари къакъуидзэжащ. Куржы щIалэр яцIыхужырти, къыжьэдэзыкъуэфын къахэкIакъым. Псалъэмакъыр ХьэтIохъущокъуэм щызэхихым, жиIащ: 
- Сэ зэуакIуэ сыкъэкIуакъым. СыздэкIуэри сыщIэкIуэри сщIэжу сыкъежьащ. СимыукIыну Iэмал щимыIэкIэ, сызэрыкIуэжыну гъуэгум къыщыспреув, хуеймэ, гъусэ иIэу, хуеймэ гъусэншэу. КъыстекIуэмэ, си псэр фи щхьэузыхьщ. Куржы щIалэм и жэуапыр нэхъ пхъашэжт: 
- Уэ укъэрабгъэщ, ауэ уIэмалшыщ. Уи шым ущогугъри, пщIантIэм удэкIыу ущIэпхъуэжыну аращ. Ар жиIэщ, щIалитI къриджэри, унафэ яхуищIащ сатыритIу чы хатIэну. И унафэр ягъэзащIэри, езыр къэпсэлъащ: 
- Иджы, ХьэтIохъущокъуэу лIыгъэшхуэм къызэгуиуд, мо чыхэр щIыхезгъэтIар къыбгурыIуамэ, уи IэкIуэлъакIуагъыр сыгъэлъагъу, – псалъэр ауаным хуишащ. 
- Чы пыдупщIу зедгъэлIалIэу ди лъэпкъ хабзэкъым, фIэкIыпIэ дгъуэту Iэщэ къитхыркъым, псом хуэмыдэу щыкъум урахьэщIэу. ФIэкIыпIэ зыхуэдмыгъуэтым жэуапу игъуэтыр фи пхъум къывжиIащ, - адэкIэ ауаным и жэуапу щIигъужащ: - Мо чы хебгъэтIахэр езым пыбупщIыжыфыну пIэрэ? 
Апхуэдэ псалъэм къигъэлыба куржыр уафэхъуэпскIым хуэдэу шыбгым къихутэжащ. ШхуэмылакIэм емыIусэу куэпкъкIэ шыр иунэтIурэ зыч IэщIэмыкIыу пиупщIащ. КIэщIу зыкъигъазэри къэуващ: 
- Уэр щхьэкIэ джатэ къисхынукъым, шэрджэс. Мы бжымкIэ уанэгум укъисхынурэ щIым уесIулIынущ. Упсэууэ мы пщIантIэм удэкIынкъым. 
- Сыпсэууэ удэкIынкъым жыпIамэ, арат нэхъ захуэр, куржы, – ХьэтIохъущокъуэм и жэуапри кIэщIт. ПщIантIэшхуэ укъуэдиям дэт цIыху Iувыр зэщIэдымащ. ХьэтIохъущокъуэр и гъусэ щIалэм къоджэ, и шым уанэ трилъхьэжыну, тешанкIэр щIищIэжыну унафэ хуещI, и щхьэгъусэм и бынхэр зыщIигъуу тешанкIэм итIысхьэжыну жриIащ. Езыр напIэзыпIэм уанэгум къихутащ, шым елъэдэкъауэри утыкушхуэм зыщигъэкIэрэхъуащ. ЗыкъэзыIэта сабэр тIысыжри, къыпэщыта шым тесари, иIыгъа бжыри зэпыупщIауэ къыщIэщыжащ. 
ХьэтIохъущокъуэр и шым епсыхщ, къаблэмкIэ зигъазэри: «Алыхь лъапIэ, сыкъыболъагъу лъыгъажэ сызэрыхуэмеяр», – жиIащ. 
ЦIыхухэм захуигъазэри: – «Фэри фыщыхьэтщ къайгъэ сызэрыхуэмеямкIэ, ауэ адыгэлI и фыз трахыркъым», – яжриIащ. И бынунэр зэрыс тешанкIэр пщIантIэм къыдигъэкIщ, и шыр IумпIэкIэ къыдишыжри, и гупэр пщIантIэмкIэ гъэзауэ шэсыжащ… Апхуэдэ щIалэхэр зэрахэтарагъэнщ ХьэтIохъущокъуэхэ я цIэр тхыдэм ехьэжьауэ къыщIыхэнар.

 

Къармокъуэ Мухьэмэд.
Поделиться: