Нэхъыжьым жиIэм уемыдаIуэмэ…

Теплъэгъуэ

Зэхуэпэжрэ зэхуэгуапэу зэныбжьэгъуитI псэурт. Ахэр щIэх-щIэхыурэ зэкIэлъыкIуэрт зэрыщIэрт. Зэманыр кIуэурэ зэныбжьэгъуитIым языр дунейм ехыжащ. Абы иужькIэ илъэсым щIигъуауэ лIам и къуэр и адэм и ныбжьэгъур илъагъуну хьэщIапIэ кIуащ. ЛIым и ныбжьэгъум и къуэр иригъэблагъэри игъэхьэщIащ. Абыхэм яку дэлъа зэныбжьэгъугъэ быдэм и гугъу хуищIыжащ, я хъыбархэм ящыщи хуиIуэтэжу зэбгъэдэсащ.

 Бысымым я гъунэгъум хьэгъуэлIыгъуэ яIэти, лIыкIуэ къыхуагъакIуэ, лIыр хьэщIэхэм хагъэсыну ираджэу. Езым хьэщIэ зэриIэр щхьэусыгъуэ щищIым, ари здишэу хьэгъуэлIыгъуэм хигъэтыну къелъэIуащ. Апхуэдэу щыхъум, лIым щIалэщIэр игъэтIысри иущиящ:

-ДыздэкIуэм «хьэщIэ щIалэ щыIэкъым», жаIэнурэ жьантIэм удагъэтIысхьэнущи, хэт къыщIыхьэми уздагъэтIыса шэнтыр умыхъуэж. Ефэ-ешхэм и кIэухым деж щхьэ щIэлъэныкъуэр къытрагъэувэнущ. Абы сэ и гъусэу къахь хабзэщ, ауэ ар щыбгъурымылъи къохъури: «Хэт сэ иIыгъ?» -жаIэу щIэупщIэмэ, уи сэр къипхыу зыми иумыт.

ЩIалэщIэр а псоми гупсэхуу едэIуа щхьэкIэ, зыри игъэзэщIакъым. Зыгуэр къыщIыхьэху къыщылъэтрэ игъэтIысурэ жыхафэгум къэсат щIалэр. Iэнэр и кIэм щынэсым щхьэ щIэлъэныкъуэм сэ бгъурымылъу къахь, щхьэр зыкъутэну зыхуагъэфэщам: «Хэт сэ иIыгъ?», - жиIэу зэрыщIэупщIэу, щIалэм и сэ гъэщIэрэщIар кърехри, ирет. Щхьэр зыкъутэр сэм ехъуэпсати: «Мыр ахъшэ сомищ и гъусэу сфIадыгъуауэ щытащ. Сыту фIыуэ укъысIэрыхьэжа иджы», - жиIэри щIалэм зыкъридзащ. ХьэщIэр зейр япоуври, абы лей къызэрытримыгъэхьэнур яжреIэ.

- Ар уи унэ пшэжмэ, суд тетщIэху бгъэIущынущ, - жаIэри къратыжын ядэркъым.

Зы псалъи жримыIэну къигъэгугъэри и хьэщIэр и унэ къешэж. Ар зы пэшым щIегъэтIысхьэ. Щхьэгъубжэ зыхэлъ блыныр я зэхуакуу, езыр нэгъуэщI пэшым щIотIысхьэж. Блыным и щхьэгъубжэмкIэ плъэмэ, щIалэм елъагъу: «НыбжызоIэ си пыIэ, зэхэщIыкI си хьэщIэ, - жиIэурэ лIым и пыIэр игъэтIылъауэ мэпсалъэ. - А сэр зейуэ жызыIа лIыр сэри куэд щIауэ къэслъыхъуэрт. НыбжызоIэ си пыIэ, зэхэщIыкI си хьэщIэ, а сэр зейр си адэр зыIэщIэукIаращ. Жэщ гуэрым си адэм зыгуэр къеджэри щIишащ. Ар къыщIэмыхьэжуурэ нэху щащ. СыдэкIрэ сыплъэмэ, си адэм и гущхьэм мы сэр хэлъу къэзгъуэтыжащ. Абы лъандэрэ мы сэр згъэлъагъуэу къыздызохьэкI, иджы сэр зейр къэзгъуэтащ. Си адэр зыIэщIэкIуэдам хуэфащэ унафэ зыхуэщIынур хьэкумыращ».

Нэху мэщри, ахэр хьэкумым макIуэ я Iуэхур зэхагъэкIыну. ХьэкумэщIыр щIалэм къебзэджэкIыну мурад зыщIа лIым йоупщI:

- Мы сэр ууей хьэмэрэ дыкъэбгъапцIэрэ?

- А сэр сызэрейр шэч къызытумыхьэжынщ, - жи мыдрейми зигъэщIагъуэу.

ЩIалэм сэр къыздрихамкIэ щеупщIым, и адэм и ныбжьэгъум «пыIэм хуиIуэта хъыбарыр» жиIэжащ.

- АтIэ, а сэр ущейкIэ, щIалэм и адэр зыукIари уэращ, - жиIэщ хьэкумыщIэми, пцIы зыупса лIым тезыр трилъхьащ.

Апхуэдэу и адэм и ныбжьэгъум и фIыгъэкIэ хейуэ суд пащхьэ къикIыжащ щIалэ хьэщIэр.

БЕСЧОКЪУЭ Далым.
Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ