МЭРЕМ ПШЫХЬ

Инджылыз псалъэжьхэр
Рим зы махуэм яухуакъым

Хьэ щэхумрэ псы хуэмымрэ защыхъумэ.
ПсынщIэу зэбгъащIэр псынщIэу пщогъупщэж.
Акъылыншэр сытым дежи япэ йоувэ.
Акъыл зэрылъ щхьэ зыфIэмытым нэ жан зэрищIын щыIэкъым.
ЯпэщIыкIэ къэлэжьи, итIанэ щIэхъуэпс.
Бжэр е хуэщIауэ, е Iухауэ щытын хуейщ.
Шэху уэздыгъэр лъэныкъуитIымкIи щыщIагъанэркъым.
ХьитIыр къупщхьэм щхьэкIэ зэрыукIыху, ещанэм ар къищтэри щIэпхъуэжащ.
Рим зы махуэм яухуакъым.
ЩэныфIагъэр ехъулIэныгъэм и анэщ.
Къагъэсэбэпурэ лажьэмэ нэхъыфIщ, щылъурэ улъий нэхърэ.
Хьэкъущыкъу нэщIращ макъ ин зыщIыр.
ЖыхапхъэщIэр къабзэу мэпхъанкIэ.
Насып къэбгъуэтыну тыншщ, гугъур ар пхъумэнырщ.
Уи IэкIэ пщIэ Iуэхур псынщIэу зэфIокI.

ГъэщIэгъуэнщ
Ахъшэм и уасэр егъэунэху

Дортмунд щыпсэу, илъэс 54-рэ зи ныбжь бзылъхугъэм и мылъкур 1996 гъэм накъыгъэм и 1-м зыхуэфащэу къилъытэхэм яхуигуэшри, унэм къыщIэкIащ фэилъхьэгъуэ зыбжанэрэ сурэт зытIурэ зыдэлъ шумэданыр иIыгъыу.
ЕгъэджакIуэу, психотерапевту лэжьа Швермер Хайдемари ахъшэм и уасэр зригъащIэу Европэр къызэхекIухь. Мылъкуи уни зимыIэ бзылъхугъэр къалэхэм, къэралхэм къыщызэтоувэ, тхылъхэр итхыу, лекцэхэм къеджэу, и дуней тетыкIэм яхутепсэлъыхьу. Псэун папщIэ зыхуейхэм хузэфIэкI лэжьыгъэкIэ пщIэ щIиту аращ Хайдемари. Щыпсэун пIалъэкIэ къезытым унагъуэм илъ IуэхумкIэ доIэпыкъу, и шхыным щхьэкIэ тыкуэнышхуэхэм сабэ щелъэщI, и щхьэц хущIэзыщэхэм я хьэр жьы къабзэм къыщрешэкI… Европэ университетхэм е жылагъуэ зэгухьэныгъэ гуэрхэм и псэукIэм теухуа лекцэ къеджэну щрагъэблагъэм и деж гъуэгум и билетхэр зыщIыгъу егъэблагъэ тхылъхэр къыхуагъэхь.
Мазэ къэс пенсэу еврэ 800 къехь Хайдемари, ауэ ахэр езым нэхърэ абы нэхъ хуэныкъуэ и цIыхугъэхэмрэ имыцIыхуххэхэмрэ яхуегуэш. И япэ тхылъым къыпэкIуа гонорарри тхьэмыщкIэхэм яритауэ щытащ. ЗэрымыщIэкIэ зыгуэр къэхъу хъужыкъуэрэ хуей хъумэ, еврэ 200 игъэтIылъауэ и шумэданым дэлъщ, ауэ Хайдемари зэрыжиIэмкIэ, абы зэи еIусакъым, хуей хъуакъым.
Абы и дуней тетыкIэм тетхыхьыну хуэзауэ щыта журналист Лахат Итай жиIэжащ бзылъхугъэм и теплъэкIэ унэншэуи ахъшэншэуи хуумыгъэфэщэну. Ар цIыхубз зэщIэкъуащ, узыншэщ, зыкIэлъоплъыж, гуфIэр и нэгум кърех. Ар зыми щышынэркъым, зыми игъэпIейтейркъым. И жьыщхьэр щигъэкIуэнур дэнэми журналистыр щыщIэупщIэм, бзылъхугъэм жиIащ фIыуэ къэзылъагъу, и дуней тетыкIэм пщIэ хуэзыщI бынитI зэриIэр. И бынхэм зрашэлIэжмэ, унагъуэ IуэхукIэ ядэIэпыкъуу псэунущ.
Апхуэдэ псэукIэм и мыхьэнэр сыт? Хайдемари жиIащ сыт щыгъуи зы Iуэхугъуэм игъэпIейтейуэ зэрыщытар: иджырей дунейм ахъшэм щиубыда увыпIэмрэ хъугъуэфIыгъуэ псори абыкIэ къызэралъытэмрэ… Сыт цIыхум и пщIэмрэ езы гъащIэмрэ уасэ щIыхуагъэувыр? Бзылъхугъэм фIыуэ къыгуроIуэ ахъшэм мыхьэнэри, абы зэфIигъэкIхэри, ауэ…
Хайдемари щыхьэт тохъуэ ахъшэншэу пIалъэкIэ псэу цIыхум и гупсысэкIэм зэрызихъуэжым, мылъкур нэрыгъ зыхуэхъуахэмрэ итхьэкъуахэмрэ а уз бзаджэм пэIэщIэ зэрищIым.

Шыпш  Даянэ.

Ар пэжщ
Дуней псом къыщацIыху «емыджэфхэр»

Зэчий зыбгъэдэлъ, творчествэ куу зиIэ цIыху цIэрыIуэхэм я гъащIэмрэ лэжьыгъэмрэ къэзыхутэхэм жаIэ ахэр школакIуэ, студент «хуэмыхухэм» ящыщу зэрыщытар. Къапщтэмэ:
Ньютон Исаак и классэгъухэм ящыщу нэхъ мыхьэнэншэу еджэхэм хабжэрт. ИужькIэ и классым щIэс щIалэ цIыкIум езауэри, къиубэрэжьати, щIэныгъэкIэ япэ итыну мураду зыхуигъэувыжри, мазэ бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу псом нэхърэ нэхъыфIу еджэ хъуащ.
Германие пащтыхьыгъуэм и канцлер Отто фон Бисмарк щIагъуэу еджэу щытакъым, лэжьыгъэми апхуэдэ дыдэут зэрыхущытыр.
Наполеон фIыуэ еджакъым, ауэ есэпым хъарзынэу хищIыкIырт.
Бетховен Людвиг щыуагъэ хэту фIэкIа тхэфыртэкъым, зэхэлъхьэн-зэхэхынхэри фIыуэ къехъулIэртэкъым. АбыкIэ Дюма Александр-адэм ещхьт.
Нобель саугъэтым и лауреат Эйнштейн Альберт ику иту еджэрт. И адэ-анэм жаIэу щытащ абы щIэныгъэ куу зэрызримыгъэгъуэтыфынур, къызэрыгуэкI IэнатIэ гуэрым пэрыгъэувэн зэрыхуейр.
Маяковский Владимир еджэныр апхуэдизкIэ къыфIэIуэхуртэкъыми, уеблэмэ «Анна Каренина» и кIэм нэсу зэремыджамкIэ зыкъиумысыжырт.
Пушкин Александр лицейм щыщIэсым еджэным щIагъуэу хэзагъэу щытакъым, уеблэмэ, есэпымкIэ дерсхэр илъагъу хъуртэкъым.
Чехов Антон курыт школым щыщIэсым тIэу кърагъэнэжауэ щытащ.
Япэ ракетэхэр, спутникхэр къэзыгупсыса, «Восток», «Восход» космическэ кхъухьхэр къэзыгъэщIа Королёв Сергей «3» защIэкIэ еджауэ аращ.

Хабзэм щыщ
Унэишэ

Мыр адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм и пкъыгъуэ нэхъыщхьэ, нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщ зыщ. КърихьэлIэхэр хьэгъуэлIыгъуэр зейм я Iыхьлыхэмрэ я благъэхэмрэщ, а унагъуэм и ныбжьэгъуфIхэрщ, я кIуэгъужэгъухэрщ.
НысащIэр тешэм, тешэрыпIэм щыIамэ, унэишэр абы къыщрашыжым и деж занщIэу ящIырт. Ауэ ар зыщIыпIи ирамыхьэлIамэ, щауэм и адэ-анэм я унэм занщIэу къашамэ, унэишэр щекIуэкIыр, зэрыхабзэти, зы тхьэмахуэ е тхьэмахуитI хуэдиз нэхъ дэмыкIыут. А зэманым къриубыдэу унагъуэм, Iыхьлыхэм хьэгъуэлIыгъуэм зыхуагъэхьэзырырт: зыхуей, зыхуэфI, фадэ, пIастэ. А зэманым нысащIэри Iуэхуншэу щыстэкъым. Гъунэгъухэм, хьэблэм дэсхэм ягъэунэхурт, мастэрэ Iуданэрэ ищIэрэ, Iэпэщабэ, гулъытэ хэлъ? Ауэ мыбы щыгъуэ апхуэдэ гулъытэхэр ягъэнэIуащэртэкъым, Iуэхум къыдэкIуэу, Iуданэрэ мастэрэ зэфIрагъащIэ хуэдэурэ, сабий гуэрым и щIыIур ирырагъэдэжыну нысащIэм и деж щIагъэхьэу арат.
НысащIэр яхуапэ, бын узыншэ зыпIа фыз угъурлитIым абы и Iэблэхэр яубыдри, щхьэтепхъуэ телъу, щIалэгъуалэм уэредадэ жаIэу ар и лэгъунэм къыщIашри, фызхэр зыщIэс унэм яшэ. Япэм Iэмал зимыIэ хабзэт нысащIэм фоч щхьэпрыгъэукIыныр, зыщIашэ унэм и уэнжакъыр нэщанэ уапIэ ящIыныр - бзаджэнаджэр ягъащтэрт.
Пшынэ еуэу, Iэгуауэм щIэту, уэредадэ жаIэу нысащIэр зы унэм (и пэшым) къыщIаша нэужь пщIантIэм и деж щызэтрагъэувыIэрти, абы джэгу мащIэ хузэхаублэрт, итIанэ уэредадэм щIадзэжырти, адрей унэм (пэшым) яшэрт. Абы щIашэн и пэкIэ къепхъыхыу дэ, IэфIыкIэ, ахъшэ жьгъей, хугу кърапхъыхырти, ар сабийхэм къащыпырт. Унэ ирашэри, абы и Iэблэр зыIыгъхэри бжэщхьэIум теувэ хъунутэкъым, абы лъакъуэ ижькIэ ебэкъуэн хуейт.
БжэщхьэIум ебэкъуа нысащIэр ныш яукIам и  фэ цIынэм Iэмал имыIэу теувэрт. Фэр зэрагъэтIылъ хабзэр цыр къыдэгъэзеяуэщ: фэм цыуэ тетым хуэдиз насып нысащIэм мы унэ зыщIыхьэм щIигъуэтэн хуэдэу. АдэкIэ нысащIэр хьэблэ, благъэ фызхэр зыщIэсым щIашэ. НысащIэм и щхьэтепхъуэр фызхэм ящыщ гуэрым еIэтри, мыдрейхэр зырызыххэу бгъэдыхьэурэ абы йоплъ, йохъуэхъу, IэплIэ ирашэкI. Ауэ езы нысащIэм зигъэхъейркъым, IэплIэ къыхуэзыщIхэм я Iэхэри иубыдыркъым. Абыхэм я Iэр иубыдмэ, щхьэзыфIэфI, тэмакъкIэщI хъуну, унагъуэр и унафэ щIигъэувэным хущIэкъуну жаIэрт.
Пасэм щыгъуэ мыбы щIэс бзылъхугъэхэм унэ ирашэ нысащIэм и гуащэр хэту щытакъым. Ахэр щызэтехьэри, щызэпсалъэри мыбы щыгъуэтэкъым. Абы щхьэкIэ гуащэм щхьэхуэу техьэпщIи псэлъапщIи ищIын хуейт, унэишэ цIыкIум ирихьэлIэу. Ауэ иджы мыдрей фызхэми ещхьу, гуащэри и нысэм бгъэдохьэри IэплIэ ирешэкI. Апхуэдэм деж гуащэр бгырыпх гуэркIэ нысэм ирапх. Ахэр зэкIэратIэтыкIыжын щхьэкIэ, гуащэм и малъхъэ, и къуэ, ипхъу, и нысэ нэхъыжь хуэдэхэм къащэхужын хуейщ. Ахъшэр гуащэм и жып иралъхьэ. Хабзэ зэрыхъуащи, абы иужькIэ гъэфIэжу Iэнэ щхьэхуэ къиухуэн хуейщ.
Фызхэм нысащIэм фIэхъус-сэламыр ирахын зэфIэкIа нэужь (языныкъуэ жылэхэм япэ ирагъэщ), IурыцIэлъыр ящIырт. Мыбы щыгъуи нысащIэ цIыкIур хуэсакъын хуейт форэ-тхъурэ зэхэлъым зэремыбзеиным. Абы ебзей нысащIэм хуагугъэрт ар нэплъыс-нэIусу, ныбаблэу, ныбэхуэфIу щытыну. IурыцIэлъ зэрылъ шейщIэтыр фызым бжэщхьэIум и деж къыщежьэ щIалэгъуалэм къаритырти, абы щхьэкIэ зэныкъуэкъуу, зэIэпщакIуэу ирахьэжьэрт, илъыр яшхамэ, хьэкъущыкъур традзэрти якъутэжырт.
А псор екIуэкIыхукIэ, щIалэгъуалэм щIыбым джэгушхуэ щащIырт, щауэм и шыпхъу унэ ихьахэр, а лъэпкъым япхъу къэкIуэжауэ хьэгъуэлIыгъуэм хэтхэр къагъафэрэ пхъужьыбжьэ къыIахыу. А бжьэр яхуапэуи щытащ, цIыхухъухэм къагъэсэбэпын хьэпшып цIыкIуфэкIухэр кIэращIэу.
А щIыкIэм тету IурыцIэлъри, пхъужьыбжьэ къыхэхынри зэфIэкIамэ, нысащIэр аргуэру уэредадэр жаIэу, пшынэ еуэу, Iэгур трагъэщащэу и лэгъунэм яшэжырт.

МафIэдз Сэрэбий.

Гупсысэр - псалъэкIэ
Щэху

Гум ущотIыгъуэ. Макъамэ гуапэм ещхьщ уэ птеухуа гупсысэр. А макъамэр зэхэсхыху, дунейр нэхъ дахэ хъууэ къысщохъу. Дауи ирехъуи, удзыр бдогъагъэ, псынэпсыр уогъэуэршэр, уафэ лъащIэм сыбогъаплъэ. Апхуэдиз дахагъэ къызэрыщыр уи нэгу зэлъыIухарщ. Хьэуэ, уэ езым уи нэгу дыдэм апхуэдэу хуиту сиплъэфын насыпри тIэкIу спэжыжьэIуэщ. Зи гугъу сщIыр уи сурэтырщ. Аращ гукъэкIыжым сыхэзышэжыр.
ГукъэкIыж… ГурыщIэм зыкъыхиукъуэдият си гъащIэм. Си Iуэху лъэпкъ хэмылъу ар си гум уэ пхухиха гурыщIэт. Къысщыхьапэри, си гупсысэр зэрыхуейуэ уэ птриухуат. Гур нысфIэкIуасэрти, куэд дыди зыхимыщIыкI уи гъащIэм зыхигъэфIыхьырт. Ирикъуртэкъым зыгъэфIэнкIи. Пщэдджыжь хьэуа къабзэкIэ ирикъу зэрыщымыIэм хуэдэт. Си Iэр ныпхуэсшиямэ, си Iэпэр бубыду уи лъахэм сипшэну къысщыхъурт. Iэджэуи дахэу къыщIэкIынщ а лъахэр… дыгъэпсыр удз гъэгъахэм яхуэгуапэу, псынэпсыр зэнзэныпсу къабзэрэ-къабзэу, уафэр бзыгъэу, бзум я уэрэдым а псор нэхъри гуакIуэ щIэхъукIыу. Си фIэщ хъуркъым уи лъахэм уафэр щыгъуагъуэуи уэшх къыщешхыуи. Псэ къабзэм и лъахэм ахэр щыхабзэкъым. Абы сипшамэ, сигу пэщыху уи нитIым сыщIэплъэнт, си гур уи Iэгум нислъхьэнт, си гъащIэр уэстынт. Уэри абы ущыгуфIыкIыну хъунт. Ауэ… А гур уэ тыгъэ пхуэсщIын щхьэкIэ, зыгуэрым къытесхын хуей хъунут. СыткIэ ухуейт уэ зыгуэрым и насып зыгъэлъэпэрэпа, и гъащIэр зэхэзыуIухьа гу?! Ар си щIыбагъкIэ къыщынэ гъащIэ Iыхьэт. СиутIыпщыртэкъым, зы лъэбакъуэ закъуэкIи сынигъэкIуатэртэкъым. МащIэуи сыхузэгуэпырт уи деж сынэзышэну гъуэгур зэрыIуищIэм щхьэкIэ. Ауэ, ари сэрат зи гъащIэр, сэ езым сухуэжат. Налъэ-налъэу, ткIуэпс-ткIуэпсу, сыхуэсакъыу, сегугъуу. Иджы дэнэ схьыжынт?! КъэзгъэIэса, зэзгъэса гъащIэр хыфIэздзэу дакъикъэм схуэгъэщэщэжынутэкъым.
ГъащIитIыр зэдекIуэкIыфынутэкъым, апхуэдиз нурыгъэм нэр щигъэункIыфIыкIынут. Абы насыпыншагъэ къыхэкIынри зыхуэIуа щыIэтэкъым…
КъыскIэлъыхъуапсэу си щIыбагъ къыдэзна гъащIэм згъэзэжри, мыдрейм си гур къыхэзнащ. ТIури Iыхьэншэ хъуакъым. Ауэ, гур зейм дэнэ щищIэн абы тыгъэ хуащIауэ… Апхуэдэ мылъку иIэу и пщIыхьэпIи къыхэхуэу къыщIэкIынукъым. Ауэ щыхъукIи, гур насыпыфIэщ. ИIэщ зыми зэхимыха, нэбгъузкIи зыIумыплъа щэху. Лъагъуныгъэ щэху.

Гугъуэт Заремэ.

ЦIыху цIэрыIуэхэр
Франджы гъуазджэм и вагъуэ

Тхыдэм хэтауэ къыщIэкIынкъым зи творчествэм апхуэдизрэ тепсэлъыхьа сурэтыщI. Пикассо Пабло теухуауэ зэи зыри псэлъакъым шыIэныгъэ хэлъу: хэти абы и цIэр уэгум нэс еIэт, хэти хужимыIэ къигъанэркъым. Бзэ зэхуэмыдэхэмкIэ къыдэкIащ Пикассо теухуа тхылъ куэд. Абы тетхыхьащ Аполлинеррэ Элюаррэ, Маяковскэмрэ Арагонрэ, нэгъуэщIхэри.
Дуней псом тет къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм - Парижрэ Прагэрэ, Токиорэ Римрэ, Нью-Йоркрэ Стокгольмрэ, Мехикэрэ Цюрихрэ, Сан-Паулурэ Амстердамрэ, Москварэ Берлинрэ - щекIуэкIа абы и гъэлъэгъуэныгъэхэр къэхъукъащIэ телъыджэ гуэрым хуагъадэрт. Пабло и лэжьыгъэм дихьэхыр сурэтыщIхэм я закъуэтэкъым, атIэ абы и IэдакъэщIэкIхэм щытепсэлъыхьырт уэрамхэм, клубхэм, шхапIэхэм, метрохэм.
Франджым щыIэ Гримальди Уардэунэр Пикассо и музей ящIащ. КъищынэмыщIауэ, къэрал псоми я къалащхьэхэм дэт музейхэм пэш хэха щаIэщ сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIхэм.
Пикассо и творчествэр, абы и гъуазджэр куэдым къагурымыIуэу жаIэ. Ауэ щыхъукIи, абы и цIэр цIыху мелуан бжыгъэм ящIэ. Ныбжьэгъу куэд иIэщ Пикассо, ауэ мынэхъ мащIэу жагъуэгъуи иIэщ. Абы ипкъ иткIэ, зи гугъу тщIы сурэтыщIым цIыхухэр зэрыхущытыр тIууэ зэщхьэщокI.
Пикассо Пабло Испанием и Ипщэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Малаг къалэм 1881 гъэм къыщалъхуащ. Абы и адэ Руис Хуани сурэтыщIт, уеблэмэ сурэт щIынымкIэ егъэджакIуэт. ЩIалэ цIыкIур и адэм дэIэпыкъуурэ дихьэхащ гъащIэм IэщIагъэ нэхъыщхьэ щыхуэхъуа Iуэхум. Хуан щыхущIэмыхьэхэм деж къыщIидза лэжьыгъэр и кIэм нигъэсыну Пабло къыхуигъанэрт. ЩIалэми ар фIэхьэлэмэту нитхысыжырт. ИужькIэ езы Пабло сурэт ищIу хуежьащ. Абы и IэдакъэщIэкIхэм «Руис-Пикассо» жиIэу кIэщIитхэрт, иужькIэ и анэ Пикассо Марие и унэцIэр къищтащ.
Пабло и сабиигъуэр щигъэкIуар Коруньерэ Барселонэрэщ, абы художествэмкIэ школым щеджащ. ИужькIэ художествэмкIэ училищэ нэхъыщхьэ Мадрид щыщIэтIысхьащ. Абдеж щегъэжьауэ абы мурадышхуэхэр зыхуигъэувыжырт. Париж зыбжанэрэ кIуащ, живописым зэрызригъэужьыну Iэмалхэм егупсысу щIидзащ, художественнэ журнал къыдигъэкIыу хуежьащ.
В 1904 гъэм Париж Iэпхъуэну мурад ещI, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а къалэр абы Европэм и художественнэ центру къелъытэ. «Париж сыщыщхьэхуиту къысщыхъурт», - жиIэжырт абы. А лъэхъэнэм ар ныбжьэгъу хуэхъуащ тхакIуэ цIэрыIуэу щыта Аполлинер, Жакобо Макс, сурэтыщI Брак Матисс сымэ, Франджым щыпсэунуи къэнащ.
Дуней псом ягу дыхьа абы и япэ лэжьыгъэхэр XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм итхауэ аращ. Иджы ахэр - «Арлекин» е «Портрет поэта» - классикэм щыщ Iыхьэ хъуауэ ялъытэ.
Пикассо и гъуазджэр зэманым игъэунэхуну хунэсащ. Хэт иджыпсту Бёклин и IэдакъэщIэкIхэм дахьэхыжыр? Футурист Маринетти зыцIыхужыр хэт? Дадаистхэм я усэ еджэжыр хэт сымэ? Ауэ щыхъукIи, 1909 - 1959 гъэхэм Пикассо и цIэр жамыIэу екIуэкIакъым.
Языныкъуэхэр иризодауэ - Пабло испан сурэтыщI хьэмэрэ франджы? Ди деж, Урысей Федерацэм, абы и унэцIэр франджыбзэкIэ щыжаIэ - иужьрей пычыгъуэм ударенэр техуэу, адрейхэм «Пикассо» жаIэ. Дауи, Пикассо испану щытащ икIи щытщ. Абы и хэкур фIыщэу илъагъурт, къищынэмыщIауэ, и теплъэкIи, и хьэлкIи, и дуней тетыкIэкIи испанхэм ещхьыркъабзэщ. Абы зыми шэч къытрихьэркъым. Ауэ цIыхухэм зэдэуэн щыщIадзэр абы гъуазджэм щиубыд увыпIэм деж нэса нэужьщ. Иныкъуэхэм къалъытэ абы и живописым испан Iуэху лъэпкъ хэмыту, и IэдакъэщIэкIхэр Италиемрэ Франджымрэ епхауэ. Езыр испан дыдэщ, ауэ и творчествэр нэхъыбэу зэпхар франджы гъуазджэрщ. Дауэ мыхъуми, Париж и художественнэ гъащIэм хэмытамэ, ар Пикассо хъурэт?!
КъэщIэрэщIэжыгъуэ лъэхъэнэм псэуа IэщIагъэлIхэми хуэдэу, Пабло куэдым дихьэхырт икIи зрипщытырт. Ар живописецщ икIи скульпторщ. Пабло тхылъ куэдым сурэт яхуитхащ, балет куэдым декорацэхэр яхуищIащ.

Дохъушокъуэ Синэ.

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ