Нало Жансэхъу и цIэкIэ«Пощт карточкэ» хъужыр письмоулъэм дэмылъу зэрахьэ, тхыгъэхэр зэIухауэ зэрызэIэпах хуегъэхьыныгъэ лIэужьыгъуэщ. Хэти ицIыху «открыткэ»-хэр пощт карточкэхэм я зы лIэужьыгъуэу аращ. Хабзэ хъуауэ, пощт Iэмэпсымэхэри къагъэщхьэпэ тхыдэм, щэнхабзэм, гъуазджэм, цIыхубэ гъащIэм щыцIэрыIуэ цIыхухэр ягу къагъэкIыжын папщIэ. Иужьрей зэманым куэдрэ зэхыдох ЗэхуэхьэсакIуэхэм я жэрдэмкIэ цIыху цIэрыIуэхэм, махуэшхуэхэм, тхыдэм къыхэнэну зыхуэфащэ Iуэхугъуэхэм я сурэтхэр пощт Iэмэпсымэхэм щытрагъауэ. Апхуэдэ зы Iуэху дахэ КъБР-ми къыщыхъуащ. Филологие щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъУ-м и СГИ-м и доцент, УФ-м и ТхакIуэхэм я союзым хэт Абазэ Албэч и жэрдэмкIэ, КъБР-м и ЗэхуэхьэсакIуэхэм я зэгухьэныгъэмрэ «Урысейм и пощт» IуэхущIапIэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэмрэ (УФПС) зэгъусэу къыдагъэкIащ адыгэ узэщIакIуэ, СССР-м и ТхакIуэхэм я союзым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и япэ унафэщIу щыта Нало Жансэхъу Мырзэбэч и къуэм и цIэкIэ пощт карточкэ. Нало Жансэхъу и цIэкIэ карточкэ къыдагъэкIыным щхьэусыгъуэ хуэхъуар узэщIакIуэр къызэралъхурэ илъэси II5-рэ зэрырикъурщ. КъинэмыщIауэ, илъэс 90 мэхъу Жансэхъу япэ дыдэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ я зэIущIэ зэрыригъэкIуэкIрэ. Нало Жансэхъу и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ куэд щIауэ ядж КъБКъУ-м и Социальнэ-гуманитарнэ институтым и студентхэм. Ар хеубыдэ «Къэбэрдей-шэрджэс литературэм и тхыдэр», «Къэбэрдей-шэрджэс драматургиер», «Къэбэрдей-шэрджэс литературэм и критикэ» унэтIыныгъэхэм. Гу лъытапхъэщ зи гугъу тщIы Iуэхугъуэр тхыдэ лъэхъэнэ гугъум хиубыда, лажьэ ямыIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэкIуэда цIыхухэм я зым и пщIэр къаIэтыжын мурадкIэ япэу ягъэзащIэ лэжьыгъэу зэрыщытым. Нало Жансэхъу и цIэр зезыхьэ пощт карточкэр 202I гъэм дыгъэгъазэм и II-м сыхьэти I0-м Налшык и Пощт IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм и щIыхьэпIэм щаутIыпщащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхь» мыхъурыр трагъауэкIэ. Лэжьыгъэр зэфIэзыгъэкIар КъБР-м и ЗыхуэхьэсакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и президент Грищенкэ Сергейрэ карточкэр къыдэгъэкIынымкIэ жэуап зыхьа Тхьэкъуахъуэ Iэуесрэщ. Зи гугъу тщIы пощт карточкэр щаутIыпща зэIущIэм хэтащ КъБКъУ-м и щIэныгъэ библиотекэм и лэжьакIуэ нэхъыжь Къэмбэчокъуэ Альбинэрэ СГИ-м и студентхэу Ерыджокъуэ Азидэ (3-нэ курс), Щомахуэ Алёнэ (4-нэ курс), Ефэнды Регинэ (4-нэ курс). НыбжьыщIэхэр абы къыщеджащ Нало Жансэхъу и критикэ лэжьыгъэхэм щыщ пычыгъуэхэм.
Поделиться:
Читать также:
24.04.2024 - 17:30 →
Нобель и саугъэтыр зыхуагъэфэща академикхэр
24.04.2024 - 16:32 →
Метр зэбгъузэнатIэ мелуанитIрэ ныкъуэрэ
24.04.2024 - 14:28 →
«Дунейр къызэхэкIухьи, уи унэжь екIуэлIэж»
24.04.2024 - 14:27 →
ЩIыналъэм зиужь зэпытщ
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
|