Ину къемышхми, мащIэу къыттоткIуэ

КъуэкIыпIэ Гъунэгъум ис адыгэхэм къатепщIыкIауэ аращ европей адыгэхэр, илъэс 30-40 ипэкIэ лэжьыгъэ, псэукIэ тынш къалъыхъуэу а къэралхэм Iэпхъуауэ.  Абы я нэхъыбэр щыпсэур Германиеращ, цIыху мин 40-м ноблагъэ. IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым пэрытщ ахэр, хьэрычэт  Iуэху зиIэр куэдщ, ауэ Германием къыщалъхуа лIакъуэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ зрагъэгъуэтауэ щIэныгъэлIи, дохутыри, инженери яхэтщ.  Сабийр щыцIыкIум деж зэрыпсалъэр, зэрыгупсысэр нэмыцэбзэми, балигъыпIэ зэриувэу адыгэбзэр зригъэщIэн щIедзэ. Мис ар я къалэн нэхъыщхьэщ Германием и къалэ нэхъ инхэм къыщызэIуаха Адыгэ Хасэхэм. Нэмыцэ хэгъуэгум иIэпхъукIыу нэгъуэщI къэралхэм Iэпхъуа адыгэхэми я гупэр къэгъэзащ ГерманиемкIэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Европэм щыпсэу адыгэхэм я щэнхабзэ федерацэр здэщыIэр аращ, аращ абыхэм жьантIэ яхуэхъур.

- Голландием адыгэу цIыху 500 хуэдиз дисщ, - къыддогуашэ Хасэ тхьэмадэ Шывлъакъуэ Зэфер. – Дэри Адыгэ Хасэ догъэлажьэ, тхьэмахуэм зыбжанэрэ дыщызэхуос. Псом хуэмыдэу сабийхэр къетшэлIэну тфIэфIщ, адыгэ лъэпкъым зэрыщыщыр ящIэжу къэдгъэхъун папщIэ. Ар цIыкIу щIыкIэ хыупщэмэ, гува-щIэхами и лъэпкъыбзэри хабзэри зыхилъхьэжынущ. Мы фестивалым псоми я нэ къыхуикIыу апхуэдэщ икIи зы къэмынэу зыкърагъэхьэлIэ. Европэм и къэралхэм сыт хуэдэ адыгэ зэхыхьэ щыIэми докIуэ дэ. ДэркIэ зэкъуэтыныгъэм мыхьэнэшхуэ иIэщ.

Нюрнберг щыIэ Адыгэ Хасэм и лIыкIуэщ абы дыщыщыIа махуэхэм зи машинэмкIэ дыкъезышэкIа Гугъэжь Мурат. Километр 700 хуэдиз къызэпачащ Нюрнберг къикIахэм. Мурати абыхэм ящыщ зыщ. «Унагъуэ 20 хуэдиз дэсщ Нюрнберг, ахэр зэроцIыху, Хасэм щызэIуощIэ, - жеIэ Мурат. -  Нэмыцэм и дэнэ къали дэтщ апхуэдэ зы «адыгэ жьэгу» цIыкIу. Ахэр мыхъуамэ, куэд щIауэ дыхэшыпсыхьыжат. НэгъуэщI зы лэжьыгъэ щемыкIуэкIми, зэлъэпкъэгъухэр адыгэбзэкIэ ущызэпсалъэу Хасэ уиIэныр сэбэпышхуэщ. Ди Хасэм сабийхэм адыгэбзэ щрагъащIэ, къыщагъафэ. Адыгэ фестиваль илъэс къэс дэнэ щекIуэкIми докIуэ», - же1э Мурат. Абы и щхьэгъусэр Аушыджэр щыщщ, Гъутхэ япхъущ, зы щIалэ яIэщ.

1980 гъэ лъандэрэ Хасэ Iуэхум хэтщ Берлин Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Къумыкъу Уэхьбий. Тыркум щыпсэухэми, нэмыцэ щIыналъэм Iэпхъуахэми я Iуэху зыIутыр ещIэри, хэзыгъаплъэр нэхъыбэщ.

- Абазэхэр, абхъазхэр хэмыту, адыгэ унагъуэ 300 дэсу къыщIэкIынщ Берлин. Ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи, Хасэм къекIуалIэр мащIэщ. Ди лъэпкъыр лъэпкъыу къызэтенэн щхьэкIэ, хэкурысхэр ди дэIэпыкъуэгъуу лэжьыгъэшхуэ едгъэкIуэкIын хуейщ. Дыпсэлъамэ,  Тыркум адыгэу мелуани 7-м нэблагъэ щыIэщ жыдоIэ. Нахуэу зэрыадыгэр имыгъэгъуащэу, и щхьэкуцIкIэ зищIэжу зы мелуан ису щытмэ, си пыIэжьыр щэ дэздзеинт, - жеIэ Уэхьбий. - Дэ ди зэманым нэгъуэщIу щытащ ди гупсысэкIэр. Ди бзэр дджыжыну дыхуимытрэ пэт, гъэпщкIуауэ деджэрт. Нобэ адыгэу дыкъызэтенэн щхьэкIэ, хэкум фIэкIа плъапIэ диIэ хъунукъым. Абы и лъэныкъуэкIэ, фэ, хэкурысхэми, къалэнышхуэ фи пщэ къыдохуэ. Совет Союзым и лъэхъэнэм сыщыIащ хэкум, абы щыгъуэм бгъэзэжмэ, уи щхьэр зэрыбгъэпсэужын IэнатIэ гуэр къыпхуагъэлъагъуэрт. Ауэ иджыпсту псэукIэми дэфтэрхэми ехьэлIауэ нэхъ гугъу хъуащ, дымыIэпхъуэжыфми, туристу дихьэжурэ ди ахъшэр хэкум къиднэу, ди зэпыщIэныгъэр едгъэфIакIуэу дыпсэуныр хэкIыпIэщ.

Уэхьбий зы щIалэрэ зы пщащэрэ иIэщ – Нартрэ Жанейрэ. Жаней Къэбэрдейм фIыуэ къыщацIыху, куэдрэ къокIуэж, ди университетым мазибгъукIэ адыгэбзэр щиджауэ уэр-сэру ещIэ. Мис а пщащэм и щапхъэр дуней псом щыбгъэлъэгъуэну урикъунщ. Адыгэну, адыгэ щIыгур зригъэлъагъуну, адыгэбзэр зригъэщIэну хуейти, и адэ-анэм япиубыдри, къэкIуэжащ. «Илъэсищ хъуху адыгэбзэкIэ фIэкIа псэлъакъым Жаней, итIанэ гъэсапIэм, еджапIэм кIуэн щIидзэри щыгъупщэжащ. Нэхъ балигъ къызэрыхъурэ жиIэт:  «Гимназиер къэзухмэ, хэкум сыкIуэжынурэ зы илъэс си адыгэбзэр зэзгъэщIэным тезгъэкIуэдэнущ». Апхуэдэурэ еджапIэр къиухри, дипломыр къыщихьыжа махуэм къыджиIащ: «Иджы хэкум сывутIыпщ». Япэрауэ, пщащэр тфIэсабийт, етIуанэрауэ, ЦIыпIынэ Аслъэн щаукIа лъэхъэнэрат, зэрызехьэти,  тфIэшынагъуэт. А псор зэдгъэзахуэу зыщитлъэфыхьым: «Сэ сыкъызэрыхъурэ си адэ-анэр адыгэ Iуэху иужь фитщ, Адыгэ Хасэм фыщолажьэ.  Сэ хэкум сывмыгъакIуэмэ, фэ фщIэм зыри къикIкъыми, Iуэхум фыкъыпэрыкI», - жиIэри  вакъэ зэв дригъэуват», - игу къегъэкIыж Уэхьбий. 

КъагъэкIуащ Жаней Налшык, и бзэри зригъэщIащ, куэди зригъэцIыхуащ, ауэ, зэрыщыпсэун къызэрыщимылэжьыфым къыхэкIыу, Германием игъэзэжауэ щыIэщ, щIэх-щIэхыурэ и «дыщ» къэкIуэжу. 

Кёльн Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Псыбланэ Фарукъи  (куэд мыщ1эу дунейм ехыжащ, и Ахърэт дахэ Тхьэм ищ1) и щIалэ МураткIэ къепхащ хэкужьым. Мурат Мейкъуапэ къэкIуэжри, «Налмэс» ансамблым илъэсиплIкIэ къыщыфащ, илъэситIкIэ пшынауэу щытащ, иджы Нэхущ Чэрим и гъусэщ, пшынауэу Налшык щолажьэ. Мурат нэхърэ нэхъыжьу зы щIалэрэ зы пщащэрэ иIэщи, ахэр унагъуэщ, Кёльн дэсщ.

- Унагъуэ 500 хуэдиз дэсщ Кёльн. ЦIыхуи 104-м хэтыпщIэ къату Хасэм къокIуалIэ, ахъшэ къэзымыту къакIуэхэри щыIэщ. Илъэси 10-15 хъухэр зыхэт къэфакIуэ гуп диIэщ, Iэмал зэриIэкIэ бзэр зэредгъэщIэным иужь дитщ, - жеIэ Фарукъ. - Дэ Тыркуращ дыкъыщыхъуар. Адыгэхэр къуажэ-къуажэу дызэхэсу, ди адэ-анэхэр адыгэбзэкIэ псалъэу, радио, телевизор димыIэу дыкъэхъуати, бзэр фIыуэ тщIащ. Иджырей щIалэгъуалэм анэдэлъхубзэр ебгъэщIэныр куэдкIэ нэхъ гугъу хъуащ, мыбы адэ-анэхэр жэщи-махуи елэжьын хуейщ, армыхъумэ Хасэ IуэхукIэ зэфIэкIынукъым. Европэм щыпсэу адыгэхэм я Щэнхабзэ федерацэм къалэнышхуэ егъэзащIэ. ЦIыху зыбжанэ фэкIа дымыхъуу щыщытар сощIэж сэ, япэ фестиваль зэрызыхэтшари сощIэж, Хасэм къакIуэ хабзэхэм фIэкIа хэмыту.  ИужькIэ Германием щыпсэу адыгэ псори къекIуалIэ хъуащ, итIанэ нэгъуэщI къэралхэми къикIыу щIадзащ. Хэкужьым ещхьу адыгагъэр ину «къемышхми», мащIэу къыттоткIуэ. Иджыпсту интернетыр диIэщи, хэкум нэхъ дыпыщIа хъуащ, абы щащIэхэр-щалэжьхэр дэри къыдогъэсэбэп. Ахэр зылъагъу ди щIалэгъуалэми ягу къегъэуш.

Москва щыIэ «Адыгэхэр» фондым и унафэщI Къэжэр Ланэ Берлин щопсэу, щолажьэ. Социальнэ сетхэм Iэмал куэд къыует иджыпсту. Хамэ къэралхэм къыщыдагъэкI таурыхъхэр адыгэбзэкIэ зэрызэрадзэкIыр, лъэпкъым къыхэкIа цIыху цIэрыIуэхэр студием кърагъэблагъэурэ къызэрагъэпсалъэр, къэфакIуэ гуп Москва зэрыщызэхашар Германием щыпсэухэм яхуи1уэтащ Ланэ.

- Мыбыхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ хэкум щекIуэкI лэжьыгъэми, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, езыхэр адрейхэм яхэмышыпсыхьыжын щхьэкIэ Iэмал гуэрхэр къагупсыс зэпытщи, ди дежи щIэгъэкъуэн къыщалъыхъуэ, - жеIэ Ланэ. – Сэ си адэ Къэжэр Альберт гулъытэ хэха хуищIу щытащ хамэщI щыпсэу адыгэхэм. ИкIи щэнхабзэ зэпыщIэныгъэр егъэфIэкIуэным теухуа проект иригъажьэри, 2012 гъэм хамэ къэрал щыпсэу адыгэ щIалэгъуалэр нригъэблэгъауэ щытащ, мис абы къыпызыщэ Iуэхуу аращ мыри. Хэкум исхэм къафIэIуэхукъым мыбы щыпсэухэр зэгупсыс псор, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, я нэхъыжьхэм я жьауэм щIэту, зыщIэупщIэм и жэуап ягъуэту, я бзэр дэнэ дежи къыщагъэсэбэпыфу апхуэдэщ.

Тхыдэм лъэужьышхуэ къыхэзына лъэпкъыжьщ дэ дыкъызыхэкIар, ар дгъэкIуэд, хэхэсхэм ящыдгъэгъупщэ хъунукъым. Мыпхуэдэурэ дызэкIэлъыкIуэмэ, дызэдэIэпыкъумэ, тхузэфIэкIынущ ар. Си щхьэкIэ си гуапэ мэхъу адыгэбзэр шэрыуэ дыдэу яIурымылъми, къызыхэкIар ящIэжу, щхьэж зэрыпсалъэ бзэмкIэ я лъэпкъыр зыхуэдэм тепсэлъыхьу щIалэгъуалэр къызэрыббгъэдэсыр.

Гур зэрыгъур куэдми, гугъапIэ дахэхэр уэзыгъэщIщ нэмыцэ хэгъуэгум щытлъэгъуа зэхэтыкIэр. Зыми химыгъэзыхьауэ километр щэ бжыгъэ  къызэпачу, кхъухьлъатэкIэ адыгэ фестиваль щек1уэк1 къалэм ди лъэпкъэгъухэр зэрык1уэ къудейм къегъэлъагъуэ  европей адыгэхэр я лъэпкъым зэрыхуэпэжыр.

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: