ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым дапхъэ щагъэуват щIэныгъэлI-IуэрыIуатэдж КъардэнгъущI Зырамыку и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуауэ, къыдигъэкIа тхылъхэр, нарт хъыбархэр, псалъэжьхэр, жыIэгъуэхэр, уэрэдыжьхэр, пшыналъэхэр зэрытхэр, иужьрейхэр щызэхуэхьэса дискхэр, Зырамыку и унагъуэм, и лэжьэгъухэм, ныбжьэгъухэм щIыгъуу траха сурэтхэр къызэщIиубыдэу.
Пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артисткэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ КъБР-м и Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ, театрымрэ киномрэ я артист Теунэ Джэмалрэ. Абыхэм зэхуэсахэм ягу къагъэкIыжащ адыгэ лъэпкъым и джэгуакIуэ нэс, IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным, абы зегъэужьыным хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIа КъардэнгъущI Зырамыку цIыху телъыджэу, адэжь щIыналъэр фIыуэ илъагъуу, абы ис гуащIэрыпсэухэм пщIэшхуэ яхуищIу зэрыщытар.
Пшыхьым и пэ къихуэу фестивалым хэтахэм тыгъэ хуащIащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и ЩIыхь тхылъыр, КъардэнгъущI Зыра-мыку зэхуихьэсыжа адыгэ уэрэдыжьхэмрэ пшыналъэхэмрэ зэрыт тхылъхэмрэ ахэр зытет дискхэмрэ, лъэпкъым и псэр, и блэкIар зыхэлъ адыгэ лъэпкъ уэрэдыжьхэр зэрахъумэм папщIэ.
ЯпэщIыкIэ экранымкIэ къагъэлъэгъуащ КъардэнгъущI Зырамыку и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуа видеонэтын, езым уэрэдхэр жиIэу къызыхэщхэр.
Зэхыхьэм хэтащ районхэм щекIуэкIа зэпеуэхэм щытекIуахэмрэ ирагъэблэгъахэмрэ, республикэм и уэрэджыIакIуэ, ансамбль нэхъыфIхэр. КъардэнгъущI Зырамыку хуэдэ щIэныгъэлIхэм я фIыгъэкIэ ди деж къэса адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэу фестивалым хэтахэм ягъэзэщIахэм купщIэшхуэ яIэщ, куэд къаIуатэ. Лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ, адыгэм къикIуа гъуэгуанэр къызыхэщ а уэрэдыжьхэм уедэIуэну уасэншэт. А уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ къыхощ фIыр ем зэрытекIуэр, лъэпкъым гузэвэгъуэ куэд зэришэчар, лIыхъужь цIэрыIуэхэр адыгэм зэрикуэдар. Къэбгъэлъагъуэмэ, апхуэдэхэт куэдым фIыуэ ялъэгъуа «Нэсрэн ЖьакIэ», «Бэдынокъуэ», «Нартыжь уэрэд», «Уэзы Мурат», «Лэшын и уэрэд», «Нэхущ удж», «Iуащхьэмахуэ», «Гуащэгъагъ», «Iэдииху», «Iэлъын цIыкIу», «Истамбыл», «Сэнджэлей», нэгъуэщI уэрэдхэри. Пшыхьыр ягъэдэхащ тхакIуэ, джэгуакIуэ Iэзэ ХьэхъупащIэ Амырхъан и къуэрылъху, шыкIэпшынауэ Iэзэ ХьэхъупащIэ Амырхъан, куэдым ягу дыхьэ уэрэджыIакIуэхэу Хьэкъул Оксанэ, Бэч Азэмэт, Бекъул Аслъэн, Бэрбэч Алихъан, Кушу Светланэ, «Бзэрабзэ», «Кавказ», «Ридадэ», «Шэджэм псыкъелъэхэр» ансамблхэм, нэгъуэщIхэми.
ЩIыналъэм и щэнхабзэм зезыгъэужь мыпхуэдэ зэхыхьэ гуапэхэм цIыхухэр дапщэщи хуэныкъуэщ. Аращ нэхъыжьри нэхъыщIэри зыхэта щэнхабзэ фестивалыр гукъинэж щIэхъуар. Пшыхьым къигъэнэ-Iуащ анэдэлъхубзэкIэ сабийр зыщIагъэдэIу гущэкъу уэрэдхэр, нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ щIэблэм гъэсэныгъэ дахэ етынымкIэ, ахэр тхыдэм щIэпIыкIынымкIэ зэрыщхьэпэр.
КърихьэлIахэр зэдэгуэшащ адыгэ лъэпкъым и джэгуакIуэ нэсу къэгъуэгурыкIуа, IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным, абы зегъэужьыным хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIа КъардэнгъущI Зырамыку цIыху телъыджэу, Хэкумрэ и лъэпкъэгъухэмрэ фIыуэ илъагъуу, пщIэшхуэ яхуищIу зэрыщытам теухуа я гукъэкIыжхэмкIэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.