Урысейм и Конституцэ

Ди къэралым ХХ лIэщIыгъуэм щIэх-щIэхыурэ зэхъуэкIыныгъэ инхэр къыщыхъуащ. ЩIы хъурейм и Iыхьэ ханэм Совет властыр тепщэ щы­хъуа иужь, пIалъэ-пIалъэкIэрэ ди­ деж къыщащтащ абыхэм ядекIуну конституцэхэр. Ар лъэпкъ­хэм я зыужьыныгъэм щIэгъэкъуэ­ныш­хуэ хуэхъуа­уэ щытащ. Апхуэдэу 1977 гъэм жэпуэгъуэм и 7-р СССР-м и тхыдэм хыхьащ «Зызыужьа социализмэм и Конституцэр» къыщащта махуэу, ауэ абы лъэужьышхуэ ­къигъэнакъым.

СССР-р, абы кIэлъыкIуэу Совет властыр щы­лъэлъэжым къэралым и ухуэкIэми зихъуэжащ. Зэманым декIун Конституцэ къащтэн  хуейт. Ягъэхьэзыра Хабзэ Нэхъыщхьэм и телъхьэу цIыхубэм я нэхъыбэм Iэ яIэтащ 1993 гъэм ­дыгъэгъазэм и 12-м. КонституцэщIэр япэ итахэм сыт и лъэныкъуэкIи къащхьэщыкIырт. Абы теухуауэ 2008 гъэм УФ-м и Президенту щыта Медведев Дмитрий жиIэгъащ: «Илъэс пщы­кIутху ипэкIэ дэ къэтщтащ ди тхыдэм Хабзэ ­Нэхъыщхьэу хэта псоми ефIэкI КонституцэщIэ. Абы псом япэ ирегъэщ цIыхум и хуитыныгъэ­-хэр, лъапIэныгъэхэр».
Ар пэжщ, шэч гуэри къытумыхьэну. ЖыпIэну ирикъунщ къэралым и Хабзэ Нэхъыщхьэм иджы япэ дыдэу ЦIыхум и хуитыныгъэхэм псоми я зэхуэдэ декларацэр япэ Iыхьэу зэрыхагъэхьар. Уеблэмэ абы тегушхуакъым демократиер къызэбэкIыу къалъытэ зызыужьа къэрал куэд. Апхуэдэ дыдэу жыпIэ хъунущ зыщыщ лъэпкъ, иIыгъ дин я лъэныкъуэкIэ, нэгъуэщIкIэ цIыхухэр зэхэгъэж ящIу зэрамыдэр, властыр цIыхубэм и пащхьэм и деж ­жэ­уаптакIуэу зэ­рыщытыр, медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр, егъэ­джэ­ныгъэ IэнатIэр зэры­щып­щIэн­шэр н. къ. Дэтхэнэми хуитыныгъэ иIэщ къэ­рал унафэщIхэр хихыну е езым зыхригъэхыну. Дыщыгугъынщ зи махуэр дгъэлъапIэ ди Конституцэм къэралми цIыхуми зыдаужьыну.

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: