Ди тхыдэм и хъумапIэ

Хамэ къэралхэм ис адыгэ­хэм я бзэр, хабзэр, щэнхабзэр, тхыдэр яхъумэжын папщIэ Iэмал нэхъыщхьэу къалъытэу япэу зиужь ихьар Адыгэ хасэхэр къызэгъэпэщынырщ. Абы къыкIэлъыкIуэу, я зэхэ­щIыкIрэ лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэмрэ яхъумэн папщIэ, адэжь щIэинхэр зэхуахьэсу, яхъумэу хуежьащ. ЦIыху куэдым езыхэм я музей, библиотекэ яIэжщ. Абы и щхьэпагъыр пасэу къыгурыIуэри, Тыр­кум щыпсэу ди нэхъы­жьыфI Агъашэ Мухьиддин къызэригъэпэщащ зы биб­лио­текэ.

МухьидДин езыр абазэщ. Ан­кара ЭкономикэмкIэ щыIэ академиер къиухащ. IэнатIэ зэ­мылIэужьыгъуэхэм пэрытащ, пен­сэм зэрыкIуэрэ и лъэпкъ Iуэхум гурэ-псэкIэ толажьэ. Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэгъэпэщыным жыджэру хэтащ Мухьиддин, адыгэ Iуэхум зригъэужьын папщIи куэд илэ­жьащ, зытегузэвыхь и анэ­дэлъхубзэр фIыуэ ещIэ, тыркуб­зэр, инджылызыбзэр, нэ­гъуэщI бзэ зыбжани егъэ­­шэрыуэ.
Адыгэ Iуэхум иужь итурэ, адыгэ, абхъаз лъэпкъхэм ятеухуауэ тхылъ, журнал, газет щызэхуэхьэса зы институт щымыIэныр Iэмалыншэу къилъытащ. «Хъыджэбз дахэ, лIыхъужь закъуэтIакъуэ дызэриIэр ящIэ мыхъумэ, лъэпкъ тхакIуэ­хэр, щIэныгъэлIхэр дизэриIэр, ди лъэпкъым бгъэдэлъ хъу­гъуэфIыгъуэхэм нэгъуэщIхэр къы­зэрытетхыхьыр  ящIэр­къым,­ жысIэри, иужь сихьащ Iуэхум. Арати, хэт дэнэ къэрал кIуэми, селъэIурт, ди хъыбар зэрыт тхыгъэ гуэр щагъуэтмэ, къыс­хуахьыну. Къищынэмы­щIауэ, интернетыр хуабжьу къытхуэ­щхьэпащ. Европэм, Америкэм, нэгъуэщI щIыпIэхэми еджакIуэ кIуахэр хуабжьу сэ­бэп мэхъу. Абыхэм я фIыгъэкIэ дэнэ къэрали къали кавказ лъэпкъ­хэм ятеухуауэ тхауэ щыIэхэр сощIэ. СощIэ дэнэ сыт къыщып­лъыхъуэ хъунуми. Дэ­нэ сыт хуэдэ тхылъ щIэлъми тхауэ сиIэщ. Iэмал зыхуэдмыгъуэтыр зыщ - егъэлеяуэ лъапIэщ. Илъэс 200, 300, 400, 1000, нэхъыбэж я ныбжьу, ди Кавказ щIыгум щалъэгъуахэр ятхыжауэ, я нэгу щIэкIахэр тхылъым иту къэнауэ куэду щыIэщ. Ахэр и пэжыпIэкIэ уасэншэщ, а тхыгъэхэр гупсысэ куу зиIэщ, пудуи къуатынукъым. Аращи, дэ зэкIэ ахэр къэтщэхуну дыпэлъэщыркъым», - жеIэ Мухьиддин.
Пэжщ, тхылъхэр хуэм-хуэмурэ къригъэхьын щIидзащ. Фондыр 2000 гъэм иухуащ, 2006 гъэм хасэ Iуэхухэр зригъэтIылъэкIри, абы зегъэу­жьы­ным иужь ихьащ. КъатитIу зэтет унэ щхьэхуэ фондым и цIэкIэ къащэхури, лэжьэн щIа­дзащ.
Мухьиддин ныбжьыщIэхэм быдэу япыщIащ. Ахэр нэхъ зэхэзокIуэри, нэгъуэщI къэрал кIуэнухэр къригъэблагъэурэ яжреIэ, абы сыт щыIэми зра­гъэ­щIэну, библиотекэхэм щIы­хьэну, Кавказым, адыгэхэм ятеухуауэ сыт ягъуэтми къыхурагъэхьыну. «Зыщывгъэпсэху зэманхэр абыхэм ятевгъэкIуадэ, жысIэу согъэIущ. Езы тхылъыр къысIэрывмыгъэхьэфми, зы­щIэлъ пэшыр, зыдэлъ пхъуантэр, тхылъыр къыщыдэкIа илъэ­сыр, мазэр, махуэр фтхыи къысIэрывгъэхьэ. Ар здэ­щыIэр, зэрыщыIэр къытхуэ­щIэмэ, сэ­бэпышхуэщ», - жеIэ абы.
- Фондым щIэлъын хуейуэ, Кавказым, Хэкум щыIэ институтхэм, университетхэм яIэн ­хуейуэ, тхылъ мини 2 къэтщ. Сэ дэнэ сыкIуэми, тхылъ 20 - 40 къыздэзмыхьу сыкъэкIуэжыркъым. Си ныбжьэгъухэр саугъэт лъыхъуэу щытмэ, сэ унэ­хэм сыкIуэурэ тхылъхэр къызолъыхъуэ, журналхэм соплъ, тхылъ тедзапIэхэм сыкIуэурэ къызощэху. Мис апхуэдэурэ хуэм-хуэмурэ библиотекэ хъуащ­ ди IуэхущIапIэр. Мы лъэхъэнэм тхылъ мин 20-м щIигъу щIэлъщ. Тыркум къыщыдэкIауэ зы напэ закъуэ фIэкIа имытми, напэ ныкъуэ иримыкъу фIэкIа а тхылъым имыхуами, къызолъыхъуэри, щIызолъхьэ. Ар археологиеми, антропологиеми, тхыдэми - сытым теухуауэ щытми, согъэтIылъ.
Дызылъыхъуэ журналхэри щыIэщ. 1898 гъэм «Итхьэд» и цIэу къыдэкIащ. Ар 4, 5 мэхъу, ауэ псори дгъуэтакъым. Япэ закъуэращ диIэр. Гууз куэд итщ. Абы щыгъуэ Уэсмэн пащтыхьыгъуэм и унафэщIхэм: «Журналыр мы хэкум къихьэнкIэ Iэмал иIэкъым, мыр дызыхуэмейщ», - жаIэу унафэ ящIауэ щытащ. Ар дэ къэдгъуэтащ», - къеIуатэ Агъа­шэм.
Мухьиддин зэрыжиIэмкIэ, 1911-1913 гъэхэм Истамбыл ща­у­хуа Хасэр хасэшхуэт - цIы­хуи­ 108-рэ хэтт. Абы къыдагъэкIыу щытащ «Гъуазэ» газетыр. Ар хуабжьу купщIафIэт. Газет 59-рэ мэхъу ар. 9-р зэкIэ игъуэ­тыжыркъым, 50-р иIэщ. 40-р, 41-р, 42-р игъуэтамэ, а ­50-р­ зэкIэлъыкIуэу къыдигъэ­кIы­жынут. А газетхэм къэбэрдей, кIахэ диалектхэмкIэ, уэс­мэ­ныбзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ ­ятха тхыгъэхэр итщ. Налшык щы­Iа муфтийм и тхыгъэ, пащ­тыхьым и дэIэпыкъуэгъу шейх Гуулис­там къыхуригъэхьа уп­щIэ­хэмрэ жэ­уапымрэ, алыфбейм теу­хуауэ Сирием, Иор­данием, Египетым, Ливием, адыгэ щыпсэу нэгъуэщI къэ­рал­хэм щып­сэухэм я чэнджэщ зэхуахьэсахэр итщ а газетхэм. Ахэр адыгэбзэкIэ тэрмэш иригъэщIу къыдигъэ­кIы­жыну ­хуейщ.
Мухьиддин и мурадхэм ящыщщ сабийхэм, ныбжьы­щIэхэм ятеухуа тхылъхэр нэхъыбэ ищIыну. Сабийр ехъуэп­сэн хуэдэу сурэтхэмкIэ гъэ­щIэрэщIауэ зэхигъэувэну и хъуэп­сапIэщ, щэнхабзэм, бзэм зиужьынымкIэ сэбэп хъун тхылъхэр.
«Тыркум тхылъ щащэ жармы­кIэхэм дахохьэ, ди тхылъхэр ядогъэлъагъу, дэри адрейхэм ящэхэр зыдогъащIэ. Абы нэхъыжь­хэри, нэхъ щIалэхэри къыхохьэ. Куэд щIоупщIэ сабийхэм папщIэ тхылъхэм. Сабийм папщIэ тхэуэ Четин (ГъуэгулI) Омер диIэти, 2016 гъэм и ныбжьыр илъэс 73-м иту, дунейм ехыжащ. Ар езыр цIыху телъыджэт. Сабийхэм папщIэ абы итха псысэхэр Европэм щыщ къэрали 6 - 7-м езыхэм я бзэкIэ зэрадзэкIауэ школхэм щрагъэдж. УщIэгушхуэ хъун адыгэщ ар.
Бзэр зымыщIэр сабийщ, илъэс зыхыбл зи ныбжьри, илъэс 40 зи ныбжьри. Бзэр зэгъэщIэжынымкIэ тхылъхэм, фильмхэм дахуэныкъуэщ», - жеIэ лIы щыпкъэм.
Тхылъхэр къыдэгъэкIыным нэхъ гугъуу хэлъыр адыгэбзэкIэ, итIанэ урысыбзэкIэ зэ­дзэкIынырщ. Тыркум факультети 9 щыIэщ урысыбзэ щрагъэджу. КъыщынэмыщIауэ, Налшык, Мейкъуапэ къалэхэм щыIэ университетхэм нэдгъа­кIуэурэ щед­гъэджахэм хъар­зынэу бзэр ящIэ. Ахэр сэбэп къытхуэхъунущ. ИтIанэ, Тыркум тэрмэш зыщI куэду щыIэщ - ахэр согъэлажьэ ахъшэкIэ.
Иужьрей лъэхъэнэм хуэм-хуэмурэ тхылъ куэд къыщыдэдгъэкI хъуащ Тыркум. Си щхьэкIэ тэрмэш езгъэщIурэ, иужьрей илъэси 9-м тхылъ 80 къыдэзгъэкIащ. А тхылъхэр ди къэралым и библиотекэу миным щIигъум щIэтлъхьащ, соми къаIытхакъым. Ар библиотекэхэм щIэлъмэ, зыгуэрхэм ялъагъунущ, яджынущ. Адыгэми, нэ­гъуэщI лъэпкъ щыщми, еджэ­мэ, ди хъыбар ящIэнщ. Ар зы. ЕтIуанэрауэ, Уэсмэн пащты­хьыгъуэм щыгъуэ адыгэхэм ятеухуауэ ятха дэфтэрхэр ди­Iэщ, я бжыгъэкIэ мин 40-м щIигъуу. Ауэ ар уэсмэныбзэщ зэ­рытхар, тэрмэш 20 сиIэми, си гъащIэр хурикъункъым ар зэрадзэкIыну. Мис ар жагъуэ сщохъу.
Уэсмэн пащтыхьыгъуэм и пашэхэр псы Iуфэм щыкIуам, ди унафэщIхэр ирагъэблагъэурэ, саугъэтхэр иратурэ, ящIа унафэхэр, зэрызэгурыIуар, ­зэ­рызэуар - псори дэфтэру диIэщ. ДиIэщ Хэкум дыкъыщрахуам щыщIэдзауэ, Тыркум дызэрыщагъэтIысам, къуажэхэр зэры­зыхэтIысхьам теухуахэр.
Ди жагъуэ зэрыхъущи, щIэ­ныгъэр къафIэIуэхужкъым дызэрыт зэманым. Адыгэм и закъуэкъым ар. Ды­зыхэс лъэпкъ­хэри аращ. ЩIалэгъуа­лэр нобэ компьюте­рымрэ телефонымрэ исщ. Абыхэм еплъмэ, дунейр ящIэ яфIощI, тхылъ еджэну хуеижкъым. Ар къэт­лъытауэ, сыт хуэдэ тхылъри, журналри Тыркум щыIэ университети 180-м, хасэхэм яхудогъэхь, - жеIэ ­Агъашэ Мухьиддин.
Нобэ Тыркум щытрадза тхылъ 400-м щIигъум итщ адыгэ­хэм ятеухуахэр. Ахэр щIэзыджыкI дэтхэнэ зыми къи­щIэнущ ди лъэпкъыр зы­хуэдэр. Ахэр зэхуэхьэсынырщ, тхы­лъыщIэхэр къыдэгъэ­кIы­нырщ фондыр зытелажьэр. Ап­хуэ­дэуи тхыдэ куу дызэриIэр, хэкуншэу дызэрыщымытыр, бзэ къулей, хабзэ дахэ, лъэкIыныгъэ зэрабгъэдэлъыр хамэ щIыпIэ къыщыхъуахэм я деж зэрынахьэсыным иужь итщ.

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: