Я щхьэр лъагэу ярегъэлъагъуж

Мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс 50 ирикъуащ Тыркум къыщалъхуа адыгэ бзылъхугъэ, тхакIуэ цIэрыIуэ Къущхьэ Севим. Щыпсэу щIыналъэм и цIэр фIыкIэ зэригъэIум къы­щымынэу, Севим хамэ къэралым щыпсэу адыгэхэм я щхьэр­ лъагэу зэрыригъэлъагъужыр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ. ТыркубзэкIэ роман итхми, адыгэбзэкIэ псалъэ, зыхэсхэм ятетхыхьми, къы­зыхэкIар зыщымыгъупщэ бзылъ­хугъэ зэчиифIэм роман куэд и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Абыхэм яхэтщ адыгэхэм ятеу­хуахэри.

Езыр Къайсэр къалэм епха Узун-Пылар (Псынэ КIыхь) къуа­жэ цIыкIум къыщыхъуащ. И адэ-анэр щIым телэжьыхьу ара­ти, къалэм Iэпхъуэну мурад щащIым, зэхуахьэса мылъкумрэ я унэм къыщIэкIамрэ зэхалъхьэри, Истамбыл унэ къыщащэхуат. Севим илъэситI и ныбжьу Iэпхъуащ ахэр Истамбыл. Ар Тыркум щыIэ университет нэхъыфIхэм щеджащ, ухуакIуэ-инженер, экономист IэщIагъэхэр зригъэгъуэтащ, Америкэм Хопкинс Джонс и цIэр зе­зыхьэ и университетым инджылызыбзэр щиджащ.
Зыхуеджар инженер IэщIагъэрами, зэрыцIыкIу лъандэрэ и хъуэпсапIэр тхакIуэ хъунырт. Ауэ и адэм ар къыдищтэртэкъым, япэ щIыкIэ и щIакхъуэ Iыхьэр къызэрилэжьын IэщIагъэ тэмэм зригъэгъуэтмэ, нэхъ фIэигъуэти, пщащэр абы жиIам фэкIакъым. Инженеру тIэкIурэ лэжьа нэужь, инджылызыбзэ зригъэщIэну Америкэм кIуащ. А зэманым хуэмурэ тхэн щIи­дзакIэт Къущхьэм.
Абы и япэ IэдакъэщIэкIыр «Узын­шэу ущыт, Нисан!» романращ. Къыщигъэлъэгъуэжар и студентыгъуэ илъэсхэм зыхэта гъащIэрщ. ЩIалэгъуа­лэм я зэхущытыкIэр, балигъ гъа­щIэм хэмыбэкъуа ныбжьы­щIэхэм я гупсысэкIэр, зэхэ­тыкIэр, куэд мэхъу. Ар 1993 гъэм­ тхын иухат, ауэ япэ щIыкIэ зэпеуэ гуэрым хыхьэу и тхыгъэр щигъэлъэгъуэну хуейт, итIанэт тхылъу къыдигъэкIыну щимурадыр. А хъуэпсапIэм тету, тхылъ тедзапIэ ин гуэрым иригъэкIуэкI зэпеуэм ирагъэб­лэ­гъащ­ 1996 гъэм. Абы етIуанэ увыпIэр къыщихьри, и япэ романыр тхылъ тедзапIэм къыдигъэкIащ. Абы хуабжьу щыгуфIыкIащ Севим, икIи тырку литературэм нэхъ лъэрыхьу къыщалъытэ тхакIуэ цIэрыIуэ зыб­гъупщI хэст къэпщытакIуэхэми, абыхэм и лэжьыгъэр нэхъы­фIым зэрыхабжам куэдым тригъэгушхуащ. Абы хуэм-хуэмурэ къыкIэлъыкIуащ адрей романхэри.
Тхэным нэмыщI, журналистикэми дихьэхыу щытащ Севим. «Техникэ университетым сы­щы­щIэ­сым, мазэ къэс журнал гуэр къыдэкIырт. Ар къыдэзыгъэкI гупым сахэтащ сэри, сфIэфIт си тхыгъэхэр къытрез­гъэ­дзэну, Iуэхугъуэ зэмылIэу­жьы­гъуэхэм сытетхыхьыну. ИужькIэ Тыркум ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къыдигъэкI «Мазэрэ вагъуэрэ» газетым илъэситIкIэ сыщылэжьащ. ­Къи­­щынэмыщIауэ, щэнхабзэм теу­хуауэ щIыпIэ куэдым къы­щыдэкI журналхэм къытра­дзащ си IэдакъэщIэкIхэр», - же­Iэ абы.
Къущхьэ Севим и творческэ гъуэгуанэр хуабжьу гъэщIэ­гъуэнщ. ЗанщIэу романкIэ къы­щIэзыдзэ тхакIуэ куэд щыIэкъым, жанр нэхъ цIыкIухэмкIэ къыщIадзэ мыхъумэ. Ауэ Севим романкIэщ къызэрыщIи­дзар. А жанрырат и гупсысэр нэхъ къызэриIуэтэфыр, зригъэзэгъэфыр.
«Жьыбгъэмэ къызыпих шу­хэр». И цIэ къудеймкIэ къыбощIэ адыгэхэм зэратеухуар. Аращ езыми и IэдакъэщIэкIхэм ящыщу нэхъыфI дыдэу илъагъу романыр. Ар зытеухуар къы­зыхэкIа лъэпкъращ, щыцIыкIум и адэшхуэ Гъузер, и адэ Решат, абы и къуэшхэм жаIэжу зэхихахэрщ гупсысэ нэхъыщхьэу щып­хышар. Ауэ хъыбару жаIэжу зэхэпха къудейкIэ роман пхуэтхынукъым. Арати, илъэси 150-рэ ипэкIэ екIуэкIа зауаем, адыгэ лъэпкъым и щхьэм кърикIуам, хамэ щIыпIэ зэрырап­хъам теухуауэ Тыркум сыт щи­гъуэтми щIиджыкIащ, дэфтэр, архив куэдым хэплъащ. ­ИтIа­нэщ романым иужь щихьар.
«Мы тхылъым уриплъэмэ, зауэ, зэхэуэ, зэрыукI, пщыхэм цIыхуу къамылъытэ пщылI, зэныкъуэкъу - цIыхугум емы­хуэбылIэ Iуэхугъуэ куэд хэлъщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къэзгъэлъэгъуэж зэманыр ткIийт, гуащIэт, пхъашэт. Сыщегуп­сыскIэ, тхылъым и щыщIэныгъэшхуэу къызолъытэ адыгэм я гущабагъыр, хьэщIэр фIыуэ зэралъагъур, ди хабзэм и дахагъыр къызэрыщызмыгъэлъэгъуар. Сызытетхыхьым елъытауэ, ар хэбухуэнэныр тынштэкъым. Ауэ иджыри стхынущ си лъэпкъэгъухэм я зэхэтыкIэр, гумащIагъэр, хьэщIэхуэфIу зэ­рыщытыр, адыгэ хабзэ, нэмыс зэрылъ унагъуэхэр къыхэщу. Ар нэхъ щIэщыгъуэ хъуну къы­щIэкIынщ, сыт щхьэкIэ жы­п­Iэмэ, адыгэм теухуа гуэр зэбгъэщIэну иужь ущихьэкIэ, зы­хэта зауэхэмрэ хэкум къы­зэ­рырахуамрэщ бгъуэтыр», - жеIэ Севим.
ИтIани, «Жьыбгъэмэ къызыпих шухэр» романым цIыхухэр яфIэгъэщIэгъуэну зэреджар къыбощIэ, 2006 гъэм, иужькIи 2008 гъэм щIэрыщIэу къызэрыдагъэкIыжамкIэ.
Севим тхэ щхьэкIэ, и IэщIагъэр зэи къигъэнакъым. Ар ухуа­кIуэ фирмэм инженер-къэп­щытакIуэу щолажьэ, яухуэ­хэм кIэлъыплъу. Зэи зэмып­цIыжыр зыщ - и адыгагъэмрэ адыгэбзэмрэ хъумэнырщ. «Сэ Тыркум ита адыгэ къуажэщ сыкъыщыхъуар, абы дэлъар зэи сщыгъупщэнукъым икIи схэ­кIыжынукъым. Жылэм дэс псори адыгэбзэт зэрызэпсалъэр, дэ къалэм дыкъэIэпхъуа щхьэ­кIэ, ди унагъуэми щызекIуэр а бзэрат. Курыт школым сы­щы­кIуам адыгэбзэ фIэкIа сщIэртэкъым. Си егъэджакIуэм си адэ-анэр ириджэри: «Фи хъыджэбзыр евгъэджэну фыхуеймэ, тыркубзэ евгъащIэ», - къаж­риIауэ щытащ. Адыгэбзэр фIы дыдэу сщIэуэ, си тыркубзэр ныкъуэу сыкIуат школми, иджы тыркубзэр нэгъэса хъури, си адыгэбзэр ныкъуэ хъуащ», - адыгэбзэ хъарзынэкIэ къыд­жеIэ тыркубзэкIэ тхэ адыгэ тха­кIуэм.

 

Шыпш Даянэ.
Поделиться: