ИлъэсыщIэ хъуэхъур – анэдэлъхубзэкIэ

УФ-м Анэдэлъхубзэхэр хъу­мэ­нымрэ джынымкIэ и фондымрэ ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэмрэ «Илъ­э­сыщIэ хъуэхъур - анэдэлъхубзэкIэ» зыфIаща флэшмоб къызэрагъэпэщ.

Флэшмобыр, зэрыфщIэщи, псоми зэтехуэу интернетым кърагъэувэ теплъэгъуэ цIы­кIущ. ИлъэсыщIэ къэблагъэм ирихьэлIэу, зи гугъу тщIа Фондымрэ ЕгъэджэныгъэмкIэ ми­нистерствэмрэ Уры­сейм­ щыпсэу дэтхэнэ зы нэрыбгэми Iэмал ират и анэдэлъ­хуб­зэм­кIэ хъуэхъу ири­гъэхьу къэ­ралпсо зэхьэзэ­хуэм хэтыну.
Зэпеуэм ухэтын папщIэ, дыгъэгъазэм и 24-м и пэ къихуэу мыхэр пщIэн хуейщ:
1. Тхыгъэу е секунд 30 нэхъ­рэ мынэхъ кIыхь видео кIэщI уи анэдэлъхубзэмкIэ бгъэхьэ­зыру, ар «Инстаграм», «Вконтакте» цIыхубэ зэпыщIапIэхэм уи напэкIуэцIым къыщип­лъ­хьэн, «НовыйГодНаРод­номязыке» дамыгъэм (хэш­тегым) щIэту.
2. УФ-м Анэдэлъхубзэхэр хъумэнымрэ джынымкIэ и фондым и напэкIуэцIым зы­пыптхэн. https://ins­ta­gram.com/rodnyeyazyki?utm_me­dium=copy_link
3. Фондым и инстаграм напэкIуэцIым и щхьэм деж ит жыпхъэм уи цIэ-унэцIэр иптхэу, зэпеуэм хэтым и сертификат ­къеIыпхын.

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: