И IэщIагъэм ирогушхуэ

Иужьрей илъэсым жылагъуэм медицинэ лэжьакIуэхэм хуаIэ щытыкIэм икъукIэ зыщихъуэжащ. Пандемием дуней псом ягу къигъэкIыжащ дохутыр IэщIагъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Я щхьэ щымысхьыжу икIи узым пимыкIуэту коронавирус шынагъуэм бэнэныгъэ гуащIэ драгъэкIуэкI абыхэм. 
IэнатIэ гугъум пэрытхэм ящыщщ Налшык къалэ дэт поликлиникэ №3-м и терапевт Хьэмту ФатIимэ. Зыпэрыт Iуэхум хъарзынэу ехъулIэ IэщIагъэлIу зэрыщытым щыхьэт тохъуэ ар зыкIэлъыплъ сымаджэхэр къызэрыхуэарэзыр. Хьэмтур зэрыхузэфIэкIкIэ и нэIэ щIэтхэм дэIэпыкъуэгъу зэрыхуэхъунум хущIэкъуу, узыфэ зэрыцIалэ шынагъуэм зэрыщихъумэным и къарур етауэ мэлажьэ.
Зыпэрыт IэнатIэм хуиIэ фIылъагъуныгъэрщ ФатIимэ лэжьыгъэм зыIууэ гугъуехьхэм зэрыпэлъэщын гуащIэр къызыхихыр. Дохутыр IэщIагъэм зэрысабийрэ щIэхъуэпсахэм ящыщщ а пщащэри. ХъуэпсапIэр нахуапIэ зэрыхъурэ зыпэрыт IуэхумкIэ щыщIегъуэжа къэгъэнауэ шэч къыщытрихьэ къэхъуакъым.IэщIагъэмкIэ зригъэгъуэта щIэныгъэр Хьэмтум Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ факультетым къыщIихащ.
- Узыфэр къыщежьа япэ лъэхъэнэхэм ар зыпкърыт сымаджэм дазэреIэзэну щIыкIэм лэжьыгъэ и пIалъэ дыщыгъуазэтэкъым, - жеIэ ФатIимэ. - Вирусыр зыхуэдэр, абы и зэхэлъыкIэр зэрамыщIэм къыхэкIыу медицинэм и лэжьакIуэхэр гугъуехь куэдым зэуэ Iууащ. Узыр къызыхэкIыр, ар зэрекIуэкIыр, абы и Iэзэгъуэр зэрыубзыхуныр – ахэр псори дохутырхэр япэу зрихьэлIэ Iуэхугъуэт. Дэтхэнэ сымаджэми ар зэрыпкърыкIыр зэщхьтэкъыми, ипэкIэ уплъэу зыри пхужыIэнутэкъым. Иджыпсту куэдкIэ нэхъ тынш хъуащ. Вирусым теухуауэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм япкъ иткIэ, сымаджэм гулъытэ нэхъ щыхуэтщIыпхъэри щытыкIэ щхьэхуэхэм я хэкIыпIэхэри къыдгурыIуэу, Iуэхум тегушхуауэ бгъэдыхьэкIэ худиIэ хъуащ. Си гуапэ зэрыхъущи, коронавирус узыфэр зиIа си сымаджэхэр псори къызэфIэувэжащ. Псом хуэмыдэу абыхэм ящыщ зым хуабжьу срогушхуэ. Илъэс 90-м щIигъуа дадэм узыр къыпкърыхьэри, и Iэпкълъэпкъым нэхъ тIасхъапIэу иIэ и тхьэмбылым хыхьащ икIи хьэлъэу игъэсымэджащ. Сымаджэщми щIэлъащ, иужькIэ амбулаторэ кIэлъыплъыныгъи тхьэмахуэ зыбжанэкIэ игъуэтащ. Дадэм и къарур пэлъэщащ узым икIи къызэфIэувэжащ. Къат куэду зэтет унэхэм я зы щIыхьэпIэм и деж щыт тетIысхьэпIэм тесу щIэх-щIэхыурэ щыслъагъукIэ согуфIэ, езыми гуапэу сэлам къызех. Ар узым къызэрыIэщIэкIыфам сэри си фIыгъэ гуэр хэлъу къызолъытэжри, си IэщIагъэм срогушхуэ.
Узыфэм зэрызыщыпхъумэнум теухуауэ ФатIимэ и чэнджэщхэри ар къызэрежьэрэ дыкъызыхураджэхэрщ: щIэх-щIэхыурэ фи Iэхэр сабынкIэ фтхьэщI, фи нэкIум фызэремыIусэжыным фыхущIэкъу, цIыху куэдым фахэмыхьэ, медицинэ нэкIуIупхъуэр зыIуфлъхьэ. Хьэмтум цIыхухэр къыхуреджэ я гуащIэ зэрахъумэжынум гулъытэ нэхъ хуащIыну, псори зэрыщыгъуазэщи, тIасхъапIэ гуэр зиIэ Iэпкълъэпкъыр псынщIэу къарууншэ мэхъу икIи апхуэдэм сыт хуэдэ узыфэри тыншу къеубыд.
- СызыкIэлъыплъ сымаджэхэм ящыщ куэдым гукъыдэж ящIащ COVID-I9-м зэрыпэщIэт мастэр зыхрагъэлъхьэну, - жеIэ дохутырым. - Хущхъуэр зрахьэлIахэми къатемыхьэлъащэу йокIуэкI, къызэрыгуэкI пыхусыхум и вакцинэр Iэпкълъэпкъым зэрыхэзагъэм хуэдэу – я температурэр мащIэу дригъэкIуей мыхъумэ, нэгъуэщIкIэ закъригъэщIакъым. 

 

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться: