Ясминэ хьэмэ Дахэжан?

Дунейм къытехьа сабийм цIэ фIэщыным епха Iуэхум мыхьэнэшхуэ ирату ижь-ижьыж лъандэрэ къэгъуэгурыкIуащ адыгэхэр. Къыхаха цIэм сабийм и гъащIэр зэрыхъунур куэдкIэ елъытауэ къащыхъурт. Абы къыхэкIыуи, нэхъыбэу ар пщэрылъ зыщащIыр пщIэ зыхуащI цIыхут. Iуэхум хабзэ дахи къыдогъуэгурыкIуэ: сабийм цIэ фIэзыщIам Iэмал имыIэу цIэфIэщ джанэ игъэхьэзырыжын хуейщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ зы фэилъхьэгъуэ гуэркIэ хуоупсэ.
Псалъэм папщIэ, сабийм фIащыну цIэр къызэрыхахым теухуауэ МафIэдз Сэрэбий и тхылъым къыщегъэлъагъуэ мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэр: 
- лъэпкъым, къуажэм и цIэр фIыкIэ зыгъэIуа цIыху Iумахуэм зэрихьэ цIэр сабийм ирату щытащ, абы ещхь хъужынущ жыхуаIэу;
- нарт эпосым къызэрыщыгъэлъэгъуэжащи, щIалэ цIыкIу къалъхуа нэужь и адэм и цIэр иратыжырт, «къуэ» псалъэр пагъэувэрти. Щапхъэу къэпхь хъунущ Бэдын и къуэ Бэдынокъуэ. Ещхьыркъабзэу, нартхэ хабзэу яIащ унагъуэм хъыджэбз цIыкIу къихъуамэ, абы и анэм и цIэр иратыжу. Псалъэм папщIэ ар IупщIу къыщыгъэлъэгъуащ «Мэлэчыпхъу и пшыналъэм». Абы и анэм зэреджэ Мэлэч цIэр иратыжащ, «пхъу»-р пагъэувэри;
- сабийр дунейм къыщытехьа пIалъэм къриубыдэу а унагъуэм хьэщIэ лъапIэ къахуэкIуамэ, абы и цIэр фIащу щытащ.
Япэм адыгэхэм цIэ зэрыфIащу щыта хабзэхэр нобэ унагъуэхэм я нэхъыбэм IэщIыб ящIыжащ. Иджыпсту дэтхэнэ зы адэ-анэри хущIэкъу хуэдэщ зыми емыщхьу икIи нэхъ гъэщIэгъуэну я быным цIэ зэрыфIащынум. Абы щыгъуэми, ди жагъуэ зэрыхъущи, куэдыр егупсысыркъым цIэ къыхаххэм я мыхьэнэр зыхуэдэм. 
Сыт хуэдэ цIэхэр фIащрэ иджырей сабийхэм?! Ясминэ, Асидэ, Леонеллэ, Сандринэ, Санитэ, Элантэ, Камиллэ, Сафие, Мелиссэ, Дамир, Имран, Айдар, Алхан, Нариман… Мыхэр, шэч хэмылъу, цIэ дахэщ, ауэ псори хамэбзэм къыхэкIащ. 
ДызыщIэвгъэгупсысыжыт: франджыхэм, инджылызхэм, нэмыцэхэм, тыркухэм, хьэрыпхэм я бынхэм фIащыну пIэрэ Дыгъэшыр, Гуащэдахэ, НысэIэфI, Сэтэней, Данэ, Дахэжан, Дыщэнэ, Пщымахуэ, Нартщауэ, Ашэмэз, Шумахуэ, хуэдэхэр?

Тамбий Заремэ.
Поделиться: