Дунейм щыхъыбархэрНобэ
ЛъэпкъгъэкIуэд щIэпхъаджагъэм хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж, геноцидыр мыдэным я дунейпсо махуэщ Iулъхьэ тын-къеIыхыным пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ. 2003 гъэм Меридэ къалэм (Мексикэ) щекIуэкIа конференцым Iэ щытрадзауэ щытащ Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм Коррупцэм пэщIэтыным хуэунэтIауэ къищта Конвенцэм. Урысейм щагъэлъапIэ Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэр Урысейм и гъущI гъуэгу транспортым шынагъуэншагъэм щыкIэлъыплъынымкIэ и IэнатIэр къыщызэрагъэпэща махуэщ 1968 гъэм къагупсысащ компьютерым пыщIауэ зэрылажьэ «дзыгъуэ цIыкIур». 1992 гъэм США-м щIэныгъэхэмкIэ и лъэпкъ академием къыщызэрагъэпэщащ «Сорос и Фонд» зыфIаща зэгухьэныгъэр. Ар зи жэрдэмри зи мылъкукIэ лажьэри мелардырыбжэ Сорос Джорджщ (иджыпсту абы доллар мелард 24,9-рэ иIэу къагъэлъагъуэ). 1802 гъэм къалъхуащ урысей армэм и генерал-майор, къэралым и дамыгъэ лъапIэ куэд зыхуагъэфэща Анзор Хьэту. 1944 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Къэрал Эрмитажым и унафэщI Пиотровский Борис. 1953 гъэм къалъхуащ США-м щыщ актёр, продюсер, режиссёр цIэрыIуэ Малкович Джон. 1962 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъШКъУ-м и профессор Шауэхужь Замир. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 6 - 7, жэщым градуси 3 - 4 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Ямылъэгъуа бланэ яукIыркъым, зэхамыха псалъэ яIуатэркъым.
Поделиться:
Читать также:
19.04.2024 - 16:23 →
НОБЭ
19.04.2024 - 15:55 →
Ажэгъуэмэ - уэсхэкIыкI - уэсчэсей
18.04.2024 - 16:13 →
НОБЭ
17.04.2024 - 11:48 →
Дунейпсо щIэиным и махуэ
17.04.2024 - 11:43 →
НОБЭ
|