Къэбэрдей-Балъкьэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

«Муниципальнэ лэжьэкIэ нэхъыфI» Урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр къызэгъэпэщынымрэ егъэкIуэкIынымкIэ щIыналъэ конкурс комиссэм хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
2021 гъэм жэпуэгъуэм и 29-м                              №223-ПП

Къэбэрдей-Балъкьэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Муниципальнэ лэжьэкIэ нэхъыфI» Урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр къызэгъэпэщынымрэ егъэкIуэкIынымкIэ щIыналъэ конкурс комиссэм, Къэбэрдей-Балъкьэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 30-м къыдигъэкIа Унафэ №313-ПП-мкIэ къищтам, мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
1) Сарбашевэ С. М. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкьэр Республикэм и Iэтащхьэм бюджетхэр зэхэлъхьэнымрэ налог политикэр пхыгъэкIын IуэхухэмкIэ и лIыкIуэ хэхар (комиссэм и унафэщIщ)»;
2) Храмцов А. Н. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкьэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм къэрал кIуэцI политикэмрэ щIыпIэ унафэр зегъэкIуэным пыщIа IуэхухэмкIэ и управленэм и чэнджэщэгъур (комиссэм и секретарщ)»;
3) щIыналъэ конкурс комиссэм къыхэгъэкIыжын Къуэжей А. Хь.

Къэбэрдей-Балъкьэр Республикэм и
Правительствэм и УнафэщI    МУСУКОВ Алий

Поделиться: