Къэбэрдей-Балъкъэрыр Дагъыстэным щыпашэщ

Каспийск къалэм дэт Алиев Алий и цIэр зезыхьэ спортым и уардэунэм щекIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и чемпионат. Зэхьэзэхуэм и саугъэтхэм щIэбэныну Дагъыстэным щызэхуасат Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэ псоми икIа спортсмени 150-м щIигъу.

Я хьэлъагъ елъытауэ гуэшауэ щыта гупхэм дыщэ медалхэр къыщахьащ Къурашэ Беслъэн (кг 55-рэ), Къалмыкъ Ислъам (кг 63-рэ), Наурыз Мухьэдин (кг 67-рэ), Хьэжнэгъуей Елдар (кг 87-рэ) сымэ. Килограмм 97-м нэблагъэ зи хьэлъагъ Шыгун Алим ди республикэм и командэ къыхэхам дыжьын медаль къыхуихьащ.

Ди щIалэхэм я зэфIэкI лъагэхэм япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гуп къыхэхам япэ увыпIэр иубыдащ.

МЭЗКУУ Къан.
Поделиться: