Зи лъэпкъымрэ IэщIагъэмрэ хуэпэж

ЩакIуэ Мусэлий Мардас и къуэр 1946 гъэм щэкIуэгъуэм и 20-м Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм хыхьэ Малэ Зеленчук (Ботэщей) къуажэм къыщалъхуащ. Къуажэ пэщIэдзэ еджапIэр къиуха нэужь, Черкесск дэт еджапIэ-интернатым курыт щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ.

Алма-Ата дэт Къэзахъ къэрал университетым ЖурналистикэмкIэ и факультетым 1965 гъэм щIэтIысхьэри, 1969 гъэм ехъулIэныгъэхэр иIэу къиухащ. Абы иужькIэ ар ди къэралым и хэгъуэгу зэмылIэужьыгъуэхэм щылэжьащ. 1976 гъэм Мусэлий Къэрэшей-Шэрджэсым къигъэзэжри, япэщIыкIэ Хьэбэз дэт заводым, иужькIэ район радиом щыIащ.

1982 гъэм Къэрэшей-Шэрджэс телерадиокомитетым лэжьэн щыщIедзэ хъыбарыщIэхэр, сабийхэм, щIалэгъуалэм ятеухуа нэтынхэр игъэхьэзыру. ИтIанэ жылагъуэ-политикэ Iуэхухэм хухэха нэтынхэм зрепщыт. Абы зэфIэкIрэ хэлъэту иIэр къалъытэри, радиом и редактор нэхъыжь IэнатIэр, иужьыIуэкIэ редактор нэхъыщхьэ ящI.

Мусэлий и псалъэхэр шэрыуэщ, адыгэбзэр IэкIуэлъакIуэу къегъэсэбэп, зытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэр куууэ зэпкърех, журналистикэм и Iэмалхэр къигъэсэбэпурэ и тхыгъэхэр гукъинэж пщещI. Ар фIыуэ щыгъуазэщ дунейпсо литературэм, тхыдэм, псом хуэмыдэу езыр къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэм, щэнхабзэм. Географиеми, зекIуэн Iуэхуми, спортми хуэхамэкъым.

Иужьрей илъэсхэм Мусэлий щолажьэ Къэрэшей-Шэрджэс телерадиокомпанием и Адыгэ къудамэм, ар абы и унафэщIщ. И къалэн нэхъыщхьэу къелъытэ зи пашэ лэжьакIуэ гупыр игъэгушхуэнымрэ цIыхухэм гунэс ящыхъун нэтыныфIхэр ягъэхьэзырыным и жэрдэмщIакIуэу щытынымрэ.

1968 гъэ лъандэрэ Мусэлий СССР-м, Урысейм и Журналистхэм я союзхэм хэтщ, «Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щIыхь зиIэ и журна­лист» цIэ лъапIэр 1995 гъэм къыфIащащ, абы къыкIэлъыкIуащ Адыгейм щIыхь зиIэ и журналист цIэ лъапIэри. 2001 гъэм абы къыхуагъэфэщащ Къэрэшей-Шэрджэсым и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и Президиумым и ЩIыхь тхылъыр.

Сабиигъуэ

Адыгэм я хабзэтэкъым къыщалъхуа махуэр ягъэлъапIэу, ар кърагъэкIуртэкъым. Нобэ зи илъэс 75-р зыгъэлъапIэ журналист цIэрыIуэ ЩакIуэ Мусэлий къыщалъхуа махуэр и анэм и махуэу къелъытэ.

«Хьэблэжь сыкъыщалъхуам сыдэплъэжмэ, абы щыгъуэм псэуахэмрэ иджырейхэмрэ я дунейр зызогъапщэ. Ди адэжь-анэжьхэм ятелъа хьэзабыр хьэлъэу си плIэм дэлъщ, гукъеуэмрэ губгъуэ лэжьыгъэмрэ къыдэмыхуэу я гъащIэр зэрахьар си нэгу къыщIохьэж. Зауэри, гуауэри, къэралым и псэукIэ гугъусыгъухэри – а псори нобэ ебгъапщэмэ… ГъащIэм зэрызихъуэжар япэу зэрызыхэсщIэр ди нэхъыжь Iумахуэхэр зэрыщымыIэжымкIэщ. Абыхэм я шыуан-лэгъуп зехьэкIэр, пщэфIэкIэр, я дуней тетыкIэ дахэр нобэрей зэманым хуэчэмщ. Сытуи псэ къабзэу дунейм тета ахэр! Ди лIыжьхэм сахоплъэжри, шыхъуэу, мэлыхъуэу, Iэхъуэу псэу защIэт. ИтIанэми, ахэр ди уэрамым щрикIуэкIэ, мывэ кIэщхъ къудей гъуэгум телъу ямыдэу, баш яIыгъымкIэ еуэрти, лъэныкъуэ ирагъэзырт.

ТеплъэгъуитI си нэгу къыщIохьэж си сабиигъуэм щыщу. Япэ теплъэгъуэу къысхуэнар зэрыхьзэрийрщ. Уей, фоч макъыр къуажэм щхьэщыIукIыу, цIыхухъухэм фочыр ягъауэу уэрамымкIэ дэжу си нэгу щIэтщ. ИлъэсиплIым ситт абы щыгъуэм. Ди анэ мыгъуэми жэз тасыр къипхъуатэри, баш цIыкIукIэ еуэу пщIантIэм дэжащ. Хьэблэ фызхэри хэт пэгун, хэти кIэструл яIыгъыу, абыхэм макъ ирагъэщIым езым я макъри хыхьэжауэ хьэблэм зэрыдэхыу си нэгу къыщIохьэж. «МацIэр къуажэбгъум щылъ гъавэм къыхыхьауэ хьэлэч ещI!» - жаIэри, зи лъэ вакъэ изылъхьэу къуажэм дэсыр зэрыдэхыу арат ар ягъэщтэну.

ЕтIуанэ теплъэгъуэри къыщыхъуар а пIалъэращ. Ди адэшхуэм къитIауэ псыкъуий куу диIэт. Мывэ къэси зыр-зым хуэкIуэу зэтелъхьауэ - ауэ сытми псыкъуийт ар! Мис а псыкъуийм шэдыгъуэ жыг бэлыхьхэр къегъэтIысэкIауэ щхьэщытт. Си шынэхъыщIэ Мусэбий и гущэ хэлъыгъуэт. Ди анэри дэстэкъым. Си адэм и анэр КIытIэхэ япхъут, еджагъэшхуэ КIытIэ Ахьмэд и адэм и шыпхъу дыдэт. И щхьэм лъы дэуейри, и щIэлъэныкъуэр иубыдауэ нанэр пIэхэлът. Ар къыщIашри, дыгъафIэм къыхагъэтIысхьат, сэ жыгым сытест, сIыгъ пыIэ цIыкIум шэдыгъуэ къыпысчхэр ислъхьэу. Зэуэ дыгъэр иубыдри, дунейр кIыфIыбзэ къэхъуащ.

Сыгужьеяуэ согъ, жыгым сыкъехыжынуи сошынэ. «Уэ си сабий мыгъуэр! Уэ си сабий мыгъуэр!» - жиIэу ди нанэ и макъыр къоIу. Мо игъащIэм зи макъ зэхэзмыха ди нанэм и макъри си нэIуасэкъыми, сэри гъыныр щызгъэткъым. Ди гъунэгъу лIыжь бэлыхь, Мамбэт Мыхьэмэтджэрий, къыдыхьэри: «Iэминат, сыт къэхъуар?», - жиIащ. «Сабий мыгъуэр кIыфIым игъэгужьеяуэ жыгым къехыжыфкъым», - щыжриIэм, Мыхьэмэтджэрий накIуэри, жыг къудамэм сыкъыпихыжауэ щытащ».

Лъэпкъыбзэ

Илъэс куэд щIауэ анэдэлъхубзэм ирилажьэ ЩакIуэ Мусэлий, ар хъумэным, щыIэным, щIэблэм яIурылъыным и Iыхьэ хъарзыни хилъхьащ. И IэщIагъэм щигъэнэхъыщхьэри ар зэрылажьэ анэдэлъхубзэращ.

«Уи лъэпкъыбзэм нэхърэ нэхъ узыгъэлъэпIэнрэ узыгъэлъагэнрэ щыIэу къэслъытэркъым. Ди хэгъуэгум щыпсэу лъэпкъхэм уахэплъэмэ, адыгэхэм нэхърэ зи бзэм пщIэ нэхъ хуэзымыщIыж, фэ езымыплъыж яхэту къыщIэкIынкъым. Къэрэшеи, абази, нэгъуеи, зэрыжаIэу, ар къуажэдэс е къалэдэс ирехъу, я быныр я лъэпкъыбзэкIэ ягъэпсалъэу, утыкум ихьэмэ я бзэмкIэ «иракъутыхьу» долъагъу. Пэжщ, адыгэхэми къахокI зыгуэр зыщIэ, зи гур лъэпкъыбзэм хуэгузавэ, ауэ и нэхъыбэм мы Iуэхум хуаIэ бгъэдыхьэкIэм укъегъэуIэбжь.

Сэ куэдрэ жысIащ: бзэм бгъэдыхьэкIэ къыхуэдгъуэтынымкIэ щапхъэ тхуэхъупхъэу къэслъытэр Израилым щыпсэу адыгэхэрщ. Абыхэм я сабийхэр анэдэлъхубзэм зэрыхурагъаджэр, ар зэраIуралъхьэр щапхъэ ирокъу.

Мис а гъуэгуращ Израилым щыпсэу адыгэхэр зытетыр. Рихьэниерэ Кфар-Камэрэ къуажитIым я еджапIэм анэдэлъху­бзэ зыIурымылъ сабий къащтэнукъым. Зи анэдэлъхубзэр лъабжьэ зыхуэхъуа сабийхэм журтыбзэри, инджылызыбзэри, хьэрыпыбзэри тыншу къапхъуатэ. Ар ди дежкIэ щапхъэу къы­золъытэ.

Хуабжьу сызыгъэгужьейр анэдэлъху­бзэ зыIурылъу сабий гъэсапIэм кIуэ ныбжьыщIэм мазэ бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу ар зэраIэщIэхурщ. Къалэдэс адэ-анэ гуэрхэри хъийм икIарэ, я лъэпкъыбзэм хуэмеижу, я быным ар ирагъэджын ямыдэу, уеблэмэ абыкIэ лъэIу тхылъ еджапIэхэм щIалъхьэу - хэплъэгъуэщ дызэрыт зэманыр. Абыхэм къагурымыIуэр зыщ: уи лъэпкъыбзэм щIэныгъэм хегъахъуэ, армыхъумэ хигъэщIыркъым».

Журналистикэ

Лъэпкъ журналистикэм хэлъхьэныгъэ ин хуищIащ Мусэлий. Абы и блэкIами фIыуэ щыгъуазэщ, нобэ зэрыт щытыкIэми хещIыкI, дяпэкIэ зыхуэкIуэнум и теухуа жиIэри гъэщIэгъуэнщ.

«Псалъэм нэхърэ нэхъ лъэщ цIыхум и акъылым къигъэщIауэ къыщIэкIынкъым. Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор цIэрыIуэ Бэчыжь Лейла утыкум къыщихьэкIэ «Псалъэр...» жиIэу къызэрыщIидзэм куэдым сригъэгупсысырт. Лейла жиIэн имыгъуэту аратэкъым абыкIэ сыт щыгъуи къыщIригъажьэр. АтIэ, псалъэм и мыхьэнэм, и купщIэм, «псэм илъу» зэрыщытым гу лъыдигъэтэну арат. Сэ си щхьэкIэ абы къигъэуш гупсысэм сришажьэрти, ди тхыдэмрэ анэдэлъхубзэмрэ я гъуэгуанэ хьэлъэм сытришэжырт.

Адыгэ журналистикэм и тхыдэм дыхэплъэжмэ, ар кIэщIу жытIи хъунукъым. ЕпщыкIубгъуанэ лIыщIыгъуэм къыщегъэжьауэ ди лъэпкъым узэщIакIуэу, еджагъэшхуэу, публицист псалъэкIэ утыкум ихьэу диIа цIыхушхуэхэм къадежьащ адыгэ журналистикэм и тхыдэри. Апхуэдэщ журналистикэм и IуэхукIэ псом япэ изгъэщ КIашэ Адэлджэрий (Къалэмбий), итIанэ Тамбий Пагуэ, Къазджэрий, Хъанджэрий, Бырсей Умар сымэ. Абыхэм я фIыщIэщ журналистикэм и япэ лъагъуэхэр». 

 

 

КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.
Поделиться: