Бзылъхугъэ гуащIафIэ

УФ-м и Пенсэ фондым и къудамэу КъБР-м щыIэм Дзэлыкъуэ щIыналъэм щиIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI, щIыналъэм и щIыпIэ самоуправленэм и Советым хэт Мамбэт Люсэ лэжьыгъэм бгъэдыхьэкIэ щIэщыгъуэ къыхуэзыгъуэтхэм, цIыхугъэри къэралым къигъэув хабзэхэри зэзыгъэкIуфхэм ящыщщ, гъащIэм теухуауэ иIэ гупсысэхэри куущ. Лусэ депсэлъылIащи, къыджиIам фыщыдогъэгъуазэ.
- Убзылъхугъэу уунафэщIыныр гугъу?
- Сэ мы IуэхущIапIэм илъэс 20 хъуауэ сриунафэщIщ. Тыншкъым си IэнатIэр, зэманри къарури зытекIуадэщ. Ауэ лэжьыгъэм гурэ псэкIэ сыпэрытщ – нэгъуэщIуи хъунукъым. Иужьрей зэманым пенсэ фондым хуэмыарэзыхэр куэдщ. Абы и щхьэусыгъуэр пенсэ ныбжьыр зэрагъэкIуэтарщ. ЖысIэну сыхуейщ, IуэхущIапIэм цIыхум и псэукIэр тынш зыщI къалэн куэд зэригъэзащIэр. Ар епхащ цIыхухэм пенсэ фондым къыбгъэдэкIыу яIэрыхьэ ахъшэм ехьэлIахэм, IуэхущIапIэм къекIуалIэхэр зыщIэупщIэхэр нэсу къагурыгъэIуэным. ЦIыхум и гъащIэм къриубыдэу илэжьар, страховой мылъкуу фондым хилъхьахэр дэтхэнэми и банк картэм къыщыдогъэлъагъуэ. Ди лэжьыгъэр хъарзынэу къыдохъулIэ. Пэжщ, ар къохъулIэн папщIэ лэжьакIуэ тэмэми уиIэн хуейщ. Си деж щылажьэхэм щытхъу зыхуэмыфащэ яхэткъым. 
КъищынэмыщIауэ, сэ егъэлеяуэ сэбэп къысхуэхъуащ нэхъапэкIэ сызыпэрыта IэнатIэхэр. «Дзэлыкъуэ» щIыналъэ газетым и редакцэмрэ Дзэлыкъуэ куейм и щIыпIэ администрацэмрэ лэжьыгъэ къызэгъэпэщыкIэм, цIыхухэм е нэгъуэщI IуэхущIапIэхэм сазэрыдэлэжьэнум сыхуагъэсащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, унафэщI тэмэмхэри сызэриIар. Си унагъуэми сакъыгурыIуащ, зыкъысщIагъэкъуащ. 
- Уи лэжьыгъэхэм гу къылъатэу, фIыщIэ тхылъхэр къыпхуагъэфащэу упэрытщ. Абыхэм уэркIэ псом нэхъ лъапIэ яхэт?
- ФIыщIэ, щIыхь тхылъхэри къызатащ. Нэхъ лъагэ дыдэхэм ящыщщ Урысей Федерацэм и пенсэ фондым къысхуигъэфэща фIыщIэ тхылъымрэ ди IуэхущIапIэр Ипщэ федеральнэ щIыналъэм щынэхъыфIу къыщалъытам къызатамрэ. Ауэ псом нэхъ гуапэ сщыхъуар Дзэлыкъуэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и щIыхь тхылъращ. «УкъыщамыщIэм ущыгъынщи, укъыщащIэм улIэужьщ», - жиIащ адыгэм. Махуэ къэс уи лэжьыгъэр зылъагъум ущилъытэм, ущигъэпажэм деж, абы уеIэт. 
- Дзэлыкъуэ щIыналъэм и щIыпIэ самоуправленэм и Советым сытхэр щывлэжьрэ?
- Советым 2008 гъэ лъандэрэ сыхэтщ. Iуэху куэд къызэрегъэпэщ абы. Псым, щIым я Iуэхухэр зыхуей хуэгъэзэныр, дэхуэхам дэIэпыкъуныр, уэрамхэмрэ зыгуэрым хухэхауэ яухуа унэхэмрэ цIэ яфIэщыныр, псэупIэ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэр дэмыкIуеиным кIэлъыплъыныр, ди къалэ цIыкIур къабзэлъабзэу щытыныр, цIыхухэм я гъащIэр гъэтыншыныр, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри хохьэ ди къалэным.
- Лусэ, уэ IэщIагъэ зыбжанэ зэбгъэгъуэтащ. Ахэм укъытезгъэувыIэнут…
- СыщыцIыкIум си хъуапсапIэу щытар адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ сыхъунырт. Адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ щрагъэдж къудамэм сыщIыщIэтIысхьари арат. ЕгъэджакIуэ сыхъуакъым, ауэ си щIэныгъэр, «Дзэлыкъуэ» газетым сыщыщылэжьам къысхуэсэбэпащ. Ди университетым «Жылагъуэ IэщIагъэмкIэ факультет» жыхуиIэр иIэти, журналистхэр щагъэхьэзыр и къудамэм сыщеджащ. Корреспонденту, къудамэм и унафэщIу сыщылэжьащ газетым. 
Къэрал къулыкъумкIэ Кавказ Ищхъэрэ академием щIыналъэ администрацэм сигъакIуэри, менеджеру, экономисту, правоведу сригъэджат. Сыт хуэдэ IэщIагъэ зэзгъэгъуэтами, гъащIэм псори къыщысхуэсэбэпащ. 
- Лъэпкъ узыншэм сыт и шыфэлIыфэ?
- Мы жысIэр куэдым ягу ирихьынукъым, итIани къыхэзгъэщынут. Сэ адыгэбзэм сыхуеджэну сыщыщIэтIысхьам щыгъуэ, зэрыжаIэу, ар «моднэтэкъым». Уеблэмэ, адыгэбзэкIэ псэлъэну зэзымыпэс куэд урихьэлIэрт. Дагъэлъахъшэну и ужь итхэт зыкъом. Иджы соплъри, а и пэм къытщIэнакIэу щытахэр дэнэкIи къыщыхокIиикI «адыгэбзэр къэIэтыжын хуейщ» жаIэу. Адыгэбзэр хъумэн, ирипсэлъэн хуейуэ аращ. Птхьэла нэужь, ар уи кIий макъым къигъэушыжынукъым. Лъэпкъ узыншэм и нэщэнэ нэхъыщхьэр - бзэращ! КъардэнгъущI Зырамыку зэрыжиIащи, дунейм теткъым улъэпкъ мащIэн нэхърэ нэхъ гугъу. Уи бзэр уимыIэжмэ, лъэпкъышхуэхэм уахэзэрыхьыжынущи, узэфIэкIащ. 
- ЦIыху насыпыр сытым нэхъ еппхырэ?
- КъызэрыгуэкI адыгэ бзылъхугъэущ цIыху насыпым сызэреплъыр. Унагъуэр, быныр, абы къащIэхъуэжыр, адэ-анэр, къыбдалъхуахэр пхуэузыншэмэ - мис ар дуней насыпщ. «Зи адэ – анэ зыдэжь щыIэкъым», - жиIащ пасэрейм. Ауэ гущIыхьэщ анэкъилъхур игъуэ нэмысу дунейм щехыжым деж. Илъэс пщыкIуийкIэ узэIэбэкIыжмэ, си дэлъхур дунейм ехыжащ. «Сэр нэхъ насыпыфIэ дунейм теткъым», - жысIэнт ар сиIэжамэ…
ГъащIэр езыр насыпщ. ЗэрыжаIэщи, пщэдджыжьым гукъыдэж уиIэу лэжьапIэ укIуэмэ, пщыхьэщхьэм уи унагъуэм уахуэпабгъэу уекIуэлIэжмэ, ар насып ирокъу. Насыпщ гурэ псэкIэ къыбдэхъу ныбжьэгъу уиIэмэ. 
 

 

Епсэлъар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться: