Си ДохъушыкъуейДэ къытхуатх Дэтхэнэ зы цIыхуми и гум, и псэм щегъафIэ, ирогушхуэ къыщыхъуа, къызыхэкIа и жылэр. Ар абы и гъащIэ гъуэгум и къежьапIэщ. Сэри сропагэ сыкъыщыхъуа си Дохъушыкъуейм. Абы хузиIэ лъагъуныгъэр пхуэмыIуэтэным хуэдизщ. Дохъушыкъуей (Старэ Шэрэдж) и тхыдэр жыжьэ къыщожьэ. Ар жылэу япэу щытIысар иджыри IупщIкъым. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ар 1640 гъэм хуозэ. 1724 - 1727 гъэхэм Псыжь къикIри кърым хъаным и блыгущIэтхэр – беслъэнейхэр Къэбэрдейм къэкIуащ, унагъуэ 300 - 500 хуэдиз хъууэ. Абыхэм я пашэт уэркъ Дохъушокъуэ Раслъэнбэч. Абыхэм къатехъукIауэ хуагъэфащэ къуажэдэсхэм я нэхъыбэр. Дохъушокъуэм и цIэм къытекIауэ къалъытэ къуажэм и фIэщыгъэри. Ди къуажэм къыдэкIащ дызэрыпагэ, дызэрыгушхуэ цIыху цIэрыIуэ куэд. Апхуэдэщ Къэбэрдейм и джэгуакIуэшхуэ, усакIуэшхуэ Агънокъуэ Лашэ. А лIы щэджащэм пасэрей джэгуакIуэжьхэм я щэн куэд хэлъащ. Сыт хуэдэ гуп хэмыхуами, Лашэ гум къинэжын хуэдэ псалъэ, усыгъэм и хабзэкIэ гъэпсауэ, хилъхьэфырт. Къэбэрдей жьэрыIуатэ усыгъэр тхыбзэм хуэкIуэн щхьэкIэ, абы и творчествэм мыхьэнэуэ иIар пхужыIэнукъым. Борыкъуей ТIутIэ цIыхубэм щIэныгъэ яхэлъхьэным зи къару псомкIи елэжьа щIэныгъэлIхэм ящыщ зыщ. И Iуэху нэхъыщхьэм - ныбжьыщIэхэр егъэджэным - ищIыIужкIи абы усэ итхыу щытащ. Бэм щIэныгъэ етынымкIэ абы лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ: адыгэ алыфбейр зэхэлъхьэным, ар егъэфIэкIуэным, школхэм зэрыщеджэн тхылъхэр гъэхьэзырыным, япэ еджапIэхэр къызэIухыным ар емызэшыжу хуэлэжьащ. Абы и цIэр зэрехьэ ди къуажэм и зы уэрамым. Адыгэ литературэм хэлъхьэныгъэ гъуэзэджэ хуэзыщIа хэку усакIуэ ин дыдэхэм ящыщщ КIуащ БетIал. ГъащIэшхуэ имыIами, зэчий абрагъуэ зыбгъэдэлъа усакIуэшхуэм адыгэ усыгъэм гъуэгущIэ щыпхишащ, IуэхугъуэщIэхэр къыщызэIуихащ, и зэманым псэуа цIыхухэм я гурылъ-гуращэхэр куууэ къиIуэтащ, къыдалъхуахэр цIыхугъэм, пэжыгъэм, захуагъэм къыхуриджащ. И лъахэр псэзэпылъхьэпIэ щихуэм, лIыгъэ къигъэлъэгъуам зэи мыкIуэдыжын пщIэрэ щIыхьрэ усакIуэ гъуэзэджэм къыхуахьащ, аращ абы и цIэр хэкум и цIыхухэм гуапэу къыщIапсэлъыр, я гум щIыщагъафIэр. Абы и цIэр къыщалъхуа къуажэм и зы уэрамым фIащащ. Иуан Хьэсэн Совет Союзым и лIыхъужьщ. И цIэр къыщалъхуа къуажэм дэт езанэ курыт еджапIэм зэрехьэ, и фэеплъыр а еджапIэ дыдэм щагъэуващ. Тхьэзэплъ Хьэсэн усакIуэщ, Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэу щытащ. «Литературная Кабардино-Балкария» республикэ журнал цIэрыIуэм и редактор нэхъыщхьэу илъэс куэдкIэ лэжьащ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэщ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Иуан Пётр РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ къудамэм и унафэщIщ. Апхуэдэ цIыху щэджащэхэм дрогушхуэ, дропагэ дохъушыкъуейдэсхэр. Абыхэм яхуэфэщэн щIэблэ дыхъунми дыхущIокъу.
Поделиться:
Читать также:
04.03.2024 - 15:13 →
ЩIалэгъуалэм я зэхыхьэ ин
04.03.2024 - 12:45 →
IэщIагъэрылажьэхэм я пщIэр къаIэту
26.02.2024 - 12:00 →
Хэкужьу дыщэ пхъуантэ
19.02.2024 - 14:30 →
ЩIым и бзэ лъахэбзэ
23.01.2024 - 14:41 →
Адыгэ тхыпхъэхэм дихьэх IэпэIэсэ
|