Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентыр QR-кодхэр къэщтэным арэзы техъуащ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутатхэр «Санитар-эпидемие щытыкIэр зэтес щIыным теухуауэ» къэрал унафэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» федерал унафэм и №17357-8-нэ проектым» дыгъуасэ хэплъащ.

Проектым ехьэлIауэ КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, жылагъуэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и къудамэм и унафэщI Къэжэр Хъусен къыщыпсалъэм къыхигъэщащ ар цIыхур нэхъ зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм зэрытеухуар, къэрал унафэм халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэр къудамэм хэтхэм я нэхъыбэми къызэращтар.

Къэжэрым кърибжэкIащ QR-код зимыIэ, къекIуэкI узыфэм ущызыхъумэ мастэр зыхезымыгъэлъхьахэр здыщIамыгъэхьэну щIыпIэхэр. Абы хеубыдэ нэгузыужьыпIэхэр, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ епха IуэхущIапIэхэр, шхапIэхэр, бэзэрыр, нэгъуэщIхэри.

«Къэрал унафэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр ялъэIэсыркъым шхынхэкIхэмрэ цIыхур зыхуей-зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэмрэ щащэ тыкуэнхэм, хущхъуэ щапIэхэм», – жиIащ Къэжэрым, къагъэхьа унафм и проектым щхьэкIэ и лэжьэгъухэм Iэ яIэтыну къыхуриджэу.

«Роспотребнадзорым» и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и унафэщI Пагуэ Жыраслъэн зэрыжиIамкIэ, дуней псор зэщIэзыщта узыфэм земыгъэубгъуным, абы пэщIэтыным ехьэлIауэ Урысейм и щIыналъэ псоми къыщызэдащта Iуэхугъуэхэм я фIыгъэкIэ, сымаджэ хъухэм я бжыгъэр нэхъ къызэтеувыIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр къапщтэмэ, иужьрей тхьэмахуэм а бжыгъэр проценти 9,2-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ.

Апхуэдэу щыт пэтми, узыфэм пэмылъэщу дунейм ехыжым и бжыгъэр иджыри зэрыинщ. «Коронавирус узыфэм нэхъыбэу зыIэщIиубыдэр зи ныбжьыр илъэс 65-м щхьэдэха цIыхухэращ. Ди нэхъыжьхэр тIэщIокI. Иужьрей тхьэмахуиплIым къриубыдэу сымаджэ хъуахэм уеплъмэ, а ныбжьым нэсахэращ нэхъыбэу сымаджэ хъури, а гупым щыщхэращ кIэрыху нэхъыбэ здэщыIэри», – жиIащ Пагуэм.

УнафэщIым адэкIэ и гугъу ищIащ илъэсым и кIэм зыкъэзыIэт пыхусыхумрэ коронавирусымрэ зэтрихьэнкIэ шынагъуэ зэрыщыIэм, абы узыфэм зэреIэзэ Iэмалхэм къызэрыщигъащIэм. Зы узым ехьэлIэн хуей хущхъуэгъуэр адрей узым къимыщтэу цIыхур гугъу зэрыхидзэнур, абы икIуэдыкIынкIэ зэрыхъунури жиIащ.

Пагуэм зэрыжиIэмкIэ, зи ныбжь хэкIуэтахэм узыфэр къахуэзыхьыр я Iыхьлыхэращ. «Къэбэрдей-Балъкъэрым нобэкIэ курыт щIэныгъэ щызрагъэгъуэт еджапIиплI зэхуэтщIын хуей хъуащ, коронавирус узыфэм зэрызыщиубгъуам къыхэкIыу. Сабий 480-рэ хуэдиз унэм щIэсщ. IэщIагъэлIхэр хуабжьу егъэгумэщI щыIэ хъуа щытыкIэм. Иджыпсту Урысейм и щIыналъэ 46-м пыхусыхум щыIэ эпидемие мардэхэр къызэранэкIауэ, зыщеубгъу, абы коронавирусыр хыхьэжмэ, щытыкIэр зэтес яхуэмыщIынкIэ хъунущ. Узыншагъэр хъумэнымкIэ IуэхущIапIэхэмрэ сымаджэщхэмрэ щытыкIэр зэтрауIэфIэну хэт пэтми, къатегуплIэ хьэлъэр яхуэмыхьынкIэ шынагъуэ щыIэщ. Абы къыхэкIыу, мастэ зыхрагъэлъхьэну цIыхубэр къыхуеджэн, жьыри щIэри а гупсысэм Iэмалыншэу къешэлIэн хуейщ. ДиIэкъым дэ апхуэдиз дохутыри, сымаджэхэр щыдгъэгъуэлъын апхуэдиз щIыпIи», – жиIащ Пагуэм.

Унафэм и проектыр къащтэну депутатхэр щытригъэгушхуэм, ар зэрытемыубыдар, мазих пIалъэ фIэкIа зэримыIэри къыхигъэщащ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам зэрыжиIамкIэ, коронавирусым илIыкIым я бжыгъэм хохъуэ. «Ди жагъуэ зэрыхъунщи, мастэ зыхезыгъэлъхьахэр щIыналъэм щыпсэу цIыхухэм я процент 44-ращ, абы тегушхуэри кIуэ пэтми нэхъ мащIэ мэхъу. Зэры-Урысейуэ къапщтэмэ, вакцинэр зыхезыгъэлъхьа цIыху щхьэ бжыгъэмкIэ дэ 32-нэ увыпIэр тIыгъыу аращ», – жиIащ Къалэбатэм.

АдэкIэ мастэр зыхэлъхьэнымкIэ щIыналъэм щыщыIэ щытыкIэм и гугъу щищIым, Къалэбатэм къыхигъэщащ: «Пэжщ, сымаджэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ хъууэрэ макIуэ. Ауэ реанимацэм хьэлъэу нобэкIэ цIыхуи 149-рэ щIэлъщ. Абыхэм ящыщ цIыху зыбжанэм мастэр зэрызыхрагъэлъхьамкIэ яIэщIэлъ щыхьэт тхылъхэр зэрынэпцIымкIэ заумысыжащ. Кавказ Ищхъэрэм хиубыдэ щIыналъэхэм вакцинэ зыхегъэлъхьэнымкIэ щыщыIэ щытыкIэр гугъущ, цIыхухэр течыгъуейщ, тегъэгушхуэгъуейщ. Дунейм ехыжхэм я бжыгъэр щIэлъагэри аращ. Ауэ щыхъукIэ, вакцинэм куэд елъытащ. Дзэлыкъуэ икIи КъалэкIыхь щIыналъэхэм дунейм ехыжыр нэхъ мащIэ щыхъуащ, абы къыдэкIуэуи мастэ зыхезыгъалъхьэхэри щынэхъыбэщ. Iуащхьэмахуэ щIыналъэм вакцинэр зрахьэлIэнымкIэ къэрал къулыкъущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм цIыхухэр трагъэгушхуэурэ бжыгъэм зыкъыщиIэтащ. Адрей щIыналъэхэм Iуэхур щыщIагъуэу пхужыIэнукъым – процент 40 нэхърэ нэхъ мащIэщ».

Къалэбатэ Рустам зэрыжиIэмкIэ, щIыналъэм узыншагъэр хъумэнымкIэ ит IуэхущIапIэхэр иджыри полъэщ щыIэ щытыкIэм, ауэ абы сыт хуэдиз икIунуми гугъущ жыпIэну, дохутырхэр жэщи махуи ямыIэу IэнатIэ гугъум пэрытщ. «Дохутырхэри цIыхущ, сыт хуэдиз яхуэхьынуми жыIэгъуейщ. Пэмылъэщу зыщIыпIэ деж къыщиудынкIэ сошынэ», – жиIащ министрым къыхалъхьа проектым щхьэкIэ Iэ яIэтыну депутатхэр къыхуриджэу.

Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим вакцинэр зыхегъэлъхьэным зэрителъхьэр, и Iыхьлыхэм мастэр зэрызыхрагъэлъхьар, узыншагъэ и IуэхукIэ зыми гуныкъуэгъуэ зэрамыIэр и псалъэм къыхигъэщащ.

Къэпсэлъэнухэм жаIэнур и кIэм нагъэса нэужь, унафэм и проектыр къэщтэным арэзы техъуащ цIыху 43-р, ар ямыдэу Iэ зыIэтар цIыху 11 мэхъу, зы депутатми зэрыгуитIщхьитIыр къигъэлъэгъуащ.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: