«ХамэщIым ди натIэ щыхъуар»

Абазэ Ибрэхьим иужьрей илъэсым къыдигъэкIа тхылъхэм ящыщщ иджыблагъэ къытIэрыхьар, «ХамэщIым ди натIэ щыхъуар» зыфIищар. Ар и бжыгъэкIэ щитху хъууэ Анкара дунейм къыщытехьащ.
«Мы тхылъым тхыдэм и пэжымрэ и гуауэмрэ щызэхуэхьэсауэ къызэрыщыгъэлъэгъуам къыдэкIуэу, адыгэ хабзэмрэ IуэрыIуатэмрэ тегъэщIапIэ ищIащи, ди хабзэхэмрэ хьэл-щэнымрэ ирипхъумэну уасэ зимыIэщ», - щыжеIэ пэублэ псалъэм тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Уэз ФатIимэ. Тхылъым и япэ напэкIуэцIхэм ущрохьэлIэ мыпхуэдэ зы гупсыси: «Тхыдэтххэм псори ятхыжат, ауэ зауэм кIуэ адыгэ щIалэхэм «емыкIущ» жаIэу кIэлъымыгъыфауэ, ягухэр уIэгъэ хъуауэ къэна хъыджэбзхэм, нысэхэм, анэхэм ягъэвар зэи ятхакъым».
Лэжьыгъэм къалэн нэхъыщхьэу иIар арауэ къысщыхъуащ абы седжа иужь. Пэжщ, шэч къызытумыхьэж тхыдэ Iуэхухэри къыщыгъэлъэгъуащ, ауэ абыхэм нэгъуэщI IэдакъэщIэкIхэми ущрохьэлIэ, мащIэми-куэдми дыщыгъуазэщ. ЖыпIэ пэтми пхуэмыухынур мис а Урыс-Кавказ зауэм хэтахэм, зи псэ зытахэм, хамэщIым къыщыхутэу абы щылIэжахэмрэ я псэри ягури Хэкум щхьэкIэ кърисыкIыу псэуахэмрэ я фэм дэкIарщ, яшэча, нобэми яшэч бэлыхьырщ. Ар зыхозыгъащIэ лэжьыгъэщ мыр, адыгэм и щхьэ кърикIуар тхыдэ псалъэ гъущэкIэ мыхъуу, щапхъэ наIуэхэмкIэ щIэблэм я деж нэзыхьэсыфынщ.
ГъэщIэгъуэну удэзыхьэхщ гъуазджэкIэ, усыгъэ гупсысэхэмкIэ гъэпса Iуэхушхуэхэр Абазэ Ибрэхьим, Тхьэгъэзит Рэфикъ, ГъуэгулI Четин, Цей Елмыз, Лу Джихьан, Цей Гулахьмэд, Пщыбий Мэдихьэ, Къущхьэ Нэдим, апхуэдэуи Думэныщ Iэулэдин сымэ къызэраIуатэр. Тхылъыр зэрызэпыуда Iыхьэхэм я фIэщыгъэхэми къыбжаIэ лъэпкъым и псэр хэзыуда, абы и процент 90-р (яукIами хэкум ирахуами) лъапсэрых зыщIа зауэ мыгъуэжьым гуIэгъуэрэ нэпсу къишар, ар илъэсищэрэ щэ ныкъуэм щIигъуами, зэрымыгъущыжыр. Абыхэм ящыщ зыщ «ХэкущIэм зи псэр щызынахэр» Iыхьэр. Абы хэт хъыбархэр къаIуэтэжащ Цей Хьэсэн, Дыгъу Хьалит, Хьэткъуэ Къадир, Цей Санихьэ сымэ. Мыбыхэм я хэщIапIэри зэразыпыпщIэ хъуну телефонхэри щIэтщ я сурэтхэм, зэхуэзэну, зэпсэлъэну илъэс IэджэкIэ Iэмал зимыIа хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ я гугъэ лъэмыж хъууэ.
Куэдым жаIэ, Iэджи тетхыхьащ адыгэхэм къращIэр къагурымыIуа хуэдэу. ЩыIагъэнкIи мэхъу цIыху щхьэхуэхэр, ауэ нэхъыбэм пцIы зыхэмылъыж пэжыр зэрызыхащIэм и щыхьэтщ «Гугъэм и гъуэгурыкIуэхэр» Iыхьэм къыщыхьа мы псалъэхэр: «Гъэрхэр хы Iуфэм яшэ. Ахэр кхъухьхэм ирагъэтIысхьэнурэ Уэсмэн къэралыгъуэм ягъэкIуэнущ. Уэсмэн пащтыхьым ди щIыналъэр, езым ейм хуэдэу, урысым иритащ. Зыр ди Хэкум къипщхьауэ щIыналъэр зыIэрегъэхьэ, адрейр, хейуэ зыкъыщIригъэдзыжыну, IэплIэешэкIкIэ къытпыкъуокI», - жеIэ Темрыкъуэ».
«Гугъэм и гъуэгурыкIуэхэр зышэ кхъухьыр Трабзон и жылагъуэбэ Акчаабат есылIат. Кхъухьыр махуэ енкIэ абдеж щытащ, ауэ зы гъуэгурыкIуи кхъухьым ирагъэхьакъым икIи кърагъэкIакъым. ИужькIэ, «шейтIаным и шым шэсар здыхуейм щепсыхыжыфыркъым» жыхуаIэм хуэдэу, зыри къыжрамыIэу, щIэрыщIэу и хъурзэр иIэтыжри, хым техьэжащ…» Ираш адыгэхэр. Мин бжыгъэкIэ. Хэти узым, хэти жьыгъэм, хэти мэжэщIалIагъэм ехь. Къелахэм ящыщу хамыщIыр натIэ зыхуэхъуахэми къапэплъэр тхъэгъуэкъым. АтIэми, псэр IэфIщ, я псэр къелащи фIыщ. Сыт хуэдиз и фIагъыр?! «УIэгъэхэр хъужынт, къупщхьэ къутахэр кIыжынт, ауэ цIыхухэм ягухэм къытрадза мин бжыгъэ дыркъуэхэр, уIэгъэхэр дауэрэ хъужынут? Хэт и IэпэIэсагъэт мыхэр зыгъэхъужынур, мы мафIаер дэтхэнэ хышхуэм и псырат зыгъэункIыфIыжынур?, – итщ псалъэ пэжу тхылъым.
Гугъэрщ адэ щIэиныфIу хэхэс адыгэхэм яIар. Арагъэнщ и адэм и ныбжьэгъур КавказымкIэ къепщэ жьым къыхуихьауэ зыжраIа щIалэ цIыкIум игъэкIуэда ахъшэри абы (жьым) къригъэгъуэтыжауэ къыщIилъытар. «Сэ абы щыгъуэм илъэси 7-м ситт, иджы си ныбжьыр хэкIуэтауэ лIыку сыхъуащи, адыгэ псоми IэплIэ зыхудэзыгъэщIыжын жьы сыпоплъэ», - жеIэ Цей Елмыз.

Аргуэрыжьти, зауэ. Адыгэхэр здэкIуа мы я хэкущIэми илъэс 60-кIэ кIэ зимыIэж зауэхэм я курыкупсэм щыхэтащ. ЗэкIэлъхьэужьу къатепсыха гузэвэгъуэм игъэгумэщIу игъэткIуа адыгэ лъэпкъым и натIэм зауэр кIыпхъэкIэ трагъэуа нэхъей, уэсмэнлы щIыналъэми щыIущIат а емынэм.
Щапхъэ щхьэхуэхэмкIэ цIыхуфэм ишэчыфынур зыхуэдизыр дегъэлъагъу «ХамэщIым ди натIэ щыхъуар» тхылъым. «А лъэхъэнэм мы гуауэхэр зышэча Темыфыкъуэ Алъхъэс, Зэхьрэт, Мусэ сымэ, нэгъуэщI цIыху мин бжыгъэхэр ди цIыхут. Ахэр Абрагъуэ жыгеижьым и зы къудамэ цIыкIум къыпыкIауэ тхьэмпэ зырызт. ГъащIэм и жьыбгъэм пасэ дыдэу, игъуэ нэмысу, и къудамэхэм къыпащIыкIат. Пэжращи, дэ, адыгэ лъэпкъыр, псори а жыгеижьым и пкъым дыхэпсэухьащ, ауэ лъэхъэнэхэр куэдкIэ зэщхьэщыкIырт», - щыжиIэкIэ арэзы удэмыхъупIэ иIэкъым.
Тхылъыр къулейщ дымыщIэж е щымыIэж хабзэхэмкIэ, дызыщымыгъуазэ псалъэхэмкIэ. Псалъэм папщIэ, дэ тщыщу хэту пIэрэ зыщIэр «шэщэн хьэгъуэлIыгъуэм», «шэщэн зэпеуэм» и мыхьэнэр? Мыбыхэм хъыджэбз щIалэхэр хагъэхьэрти, зэхьэзэхуэ ирагъэкIуэкIырт. Шэщэн псалъэр «шэ», «щэ» псалъитIым къытехъукIащ (шэшэн лъэпкъ къэфэкIэкъым). Шэщэн хьэгъуэлIыгъуэ зэпеуэр илъэс къэс зэ, бжьыхьэм и зы махуэ хуэзэу, ирагъэкIуэкIырт. Зэпеуэм хыхьэну хъыджэбзхэм зэхахын щхьэкIэ, гъуо ягъаджэрт. Зы гуп хахырт шэщэн къэфэкIэр хъыджэбзым хузэфIэкIарэ хузэфIэмыкIарэ и унафэр ящIыну. Мы шэщэн къафэ зэпеуэм хъыджэбзым и анэ-адэр ирагъэплъыртэкъым. ЖыхуаIа махуэм утыкушхуэм щызэхуэсхэрт. Шэщэн къэфэкIэр ислъэмейм хуэдэу псынщIэщ. Утыкум зы хьэтиякIуэ къоувэри, зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ къэфэну ирегъэблагъэ. Литрищ зэрыхуэ шыуанитIым, залэкIэ фIэкIа мыныкъуэу, шэ иракIэри хъыджэбзым IэщIалъхьэ. Мис ар иримыкIуту, лъапцIэу къэфэн хуейщ хъыджэбзыр. ЩIалэм и къалэныр ар иригъэкIутынырщ, ауэ зы IэпэкIи, хъыджэбзым лъэмыIусу. ТекIуа хъыджэбзым и анэм гуфIапщIакIуэ хуокIуэхэр, щIалэгъуалэр гуп зэрыгъэхъуауэ. Шэ зэрыт шыуанитIыр анэм иратри, гуфIапщIэу шэм и щэн уасэр къыIах. Кърат уасэри зы матэ из шхыныгъуэщ. Абы иужькIэт хъыджэбзыр джэгу хыхьэну щыхуитыр. ЖыпIэнурамэ, иджыпсту хуэдэу напэтехыу утыкум илъадэхэр щымыIэным щхьэкIэт а хабзэр щIыщыIэжыр.
Хьэмэрэ «Жьуджалэр мэхашэ» псалъэхэр куэдым дощIэ. Сэ афIэкIа и мыхьэнэкIэ абы пэгъунэгъу щыIэу сщIакъым икIи сфIэгъэщIэгъуэнащ «бгъэнбзийхэр шэсу къэувынущ» жыхуиIэр (бгъэныр «тростник обыкновенный» жыхуэтIэращ). Нэбзыху пщащэр фIыуэ зылъэгъуауэ зи къэшэн Долэчэрий абы и ныкъуэкъуэгъу хъуа Наурызым щиукIым, япэм жиIат: «Сэ сызэрыбукIыр зыми имылъэгъуауэ уфIэщIми, ущоуэ. Еплъыт жьыбгъэм зэрихьэ бгъэнбзийхэм, мис ахэр махуэ гуэрым уэ сызэрыбукIам и шэсу къэувынущ». «Хейр лъашэщ, хуэмурэ зокIуэ», - жаIэ. Уэздыгъей гъуэгум къытехьа хейр, илъэс 16 нэужьым, Тыркум Жанболэтыпщым щиухуа къуажэм нэсат. Долэчэрий жиIар пэж хъуат, бгъэн бзийхэр шэсу къыщхьэщытт Наурыз и псэр щыхэкIым. (Наурыз и анэр Зэхьрэтщ, и къуэм щхьэкIэ иуса гъыбзэри къагъуэтыжауэ тхылъым итщ).
ИгъащIэм хьэщIэкIэ фIы, бысымыр зэрыщытын хуейм и щапхъэу дуней псом щыува адыгэм, абы щыгъуэми хамэщI къыщыхутагъащIэхэм, къагурыIуатэкъым нэгъэцIу (тхылъым ахъшэр къызэрыщыхьарщ) къеIыхын хабзэр зищIысыр.Тырку шхапIэм ирагъэблэгъа адыгэхэм ягугъащ хьэщIагъэ кърахыну арауэ. Бысымым къажриIэр ди лъэпкъэгъухэм зэхамыщIыкIыу Iэпщэрыбанэм Iуэхур хуэкIуэн щыщIидзэм, лIыр зэтеувыIэжащ. АбдежымкIэ блэкI адыгэ гуэрым ахэр къилъагъури, тэрмэш яхуэхъуащ,  яшхам и уасэр иратын зэрыхуейр яжриIащ. Саус дыхьэшхыурэ Темрыкъуэм зыхуигъэзащ жи: «Уэлэхьи, мыбыкIэ щыIэ муслъымэнхэм хабзэ яхэмылъ».
Адыгэ хабзэмрэ муслъымэн динымрэ зэрызэтехуэ-зэрызэщхьэщыкIым ехьэлIауэ щыIэ Iуэху еплъыкIэхэр, псори дызэрыщыгъуазэщи, егъэлеяуэ зэпэжыжьэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ узыгъэгупсысэщ тхылъым къытхуиIуатэ зы Iуэхур, куэдым яхужымыIэр къызэрыгуэкI пэжу къысщызыгъэхъуар. Мэлэч нанэ нэмэз щищIкIэ къаблэмкIэ зэрызимыгъазэр зыжраIа ефэндым щIалэ цIыкIу къеIуэху, пхэнжу зэрищIыр къыжриIэну.
- А ефэндым фIэхъус схуехыж, - жиIащ нанэм. - Сэри сощIэ нэмэз щысщIкIэ къаблэмкIэ зызгъэзэн зэрыхуейр. Ауэ ди къуажэкхъэр дыгъэмыхъуэмкIэ щыIэщ. Сэ нэмэз щысщщIкIэ, кхъэр си щIыбагъым къыдонэ. А кхъэм си адэ-анэр, сипщ-си гуащэр, сыт хуэдиз нэхъыжь щIэлъ. Ахэр псэуху си щIыбагъыр зэи яхуэзгъэзакъым, яхуэфащэ щIыхьри яхуэсщIащ, иджы а емыкIур злэжьу си напэр тесхыжынкъым. Сэ сыадыгэщ, си нэхъыжьхэм пщIэ яхуэсщIыныр си пщэрылъщ. Ислъам фIэщхъуныгъэр къэмыкIуэ ипэ адыгэхэр щыIащ. Ди адэшхуэхэм гъуэгу дагъэлъагъуу, зыми имыкъутэжыфын, цIыху псоми щапхъэ яхуэхъун хабзэ дахэкIей къытхуагъэнащ. Хабзэм емыбакъуэу псэухэмэ, къахуэт щымыIэу адыгэ жыхуаIэжыр ахэращ. Аращ къаблэмкIэ щIэзмыгъазэм и щхьэусыгъуэр. Мыбы къыхэкIкIэ псэкIуэд къэзлэжьмэ, Тхьэм къысхуигъэгъунщ, къысхуимыгъэгъуми, хьэдрыхэ мафIэм сыхисхьэуэ сыпшыныжынкъэ!!»
СфIэгъэщIэгъуэнахэм, зэи зэхэзмыхахэм ящыщщ адыгэхэм Iэнэ лъакъуих зэраIари. Абазэ Ибрэхьим и жыIэращ тегъэщIапIэ сщIыри, абы ныбжьэгъу хуэхъуат Адабэзэр къедза Хьэнхьэблэ къуажэм щыпсэу Жажий Суслу. Зы махуэ гуэрым абы къыжриIащ и адэшхуэм хэкум къришауэ щытауэ Iэнэ лъакъуих зэриIэр. Къригъэлъэгъуащ. Ибрэхьим ар игъэкъабзэри, пхъащIэм деж ихьащ. Зэщхьыркъэпсу тIу къытригъэщIыкIри, Дузджэ къалэм дэс ипхъу Гупсэ зыр иритащ, адрейр хэкум къихьыжауэ езым ехъумэ, хэт хуейми ар Абазэ Ибрэхьим деж щилъагъуфынущ.
Тыркухэм «ящыгъупщэжа» адыгэ лIыхъужьхэм, Уэсмэн къэралыгъуэм и тхыдэм зи лъэужь къыхэзына адыгэхэм, ди лъэпкъэгъу хэхэсхэм къахэкIа цIыху щэджащэхэм я цIэ-унэцIэхэри къыщыхьащ тхылъым. Хъыбархэр къэзыIуэтэжахэм, ахэр зытеухуахэм я IэдакъэщIэкI усэхэмрэ тхыгъэхэмкIи къулейщ. Тхылъым дыщегъэгъуазэ Тыркум щикъухьа Адыгэ Хасэхэм ящыщхэм я лэжьыгъэм, ахэр псори сурэтхэмкIэ щIэгъэбыдащ, укъызэджэр хьэкъыншэу уи фIэщ ящIу.
Куэд дыдэ къыхэбгъэщыфынущ мы тхылъым. Ар зи Iэм IэщIэлъым елъытауэ, фIэгъэщIэгъуэн хъунухэр зэрызэтемыхуэнур гурыIуэгъуэщ. Си щхьэкIэ къыхэзгъэщхьэхукIахэр сэ сызыщымыгъуэза, си псэм пэгъунэгъу хъуа е абы зызыдигъэза Iуэхухэрщ. Апхуэдэ гуэр дэтхэнэ зы щIэджыкIакIуэми лэжьыгъэм къызэрыхигъуэтэнум шэч хэлъкъым.

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: