Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджетым хохъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щIыналъэм и экономикэм зиужьын папщIэ къэрал къулыкъущIапIэхэм къапэщылъ Iуэхугъуэхэмрэ зэфIэхыпхъэхэмрэ я гугъу щищIащ иджыблагъэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм ядригъэкIуэкIа зэIущIэм.

Iэтащхьэм къызэрыхигъэщамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр къызэрыунэхурэ илъэси 100 зэрырикъур щагъэлъапIэкIэ, мыхьэнэ зиIэнур махуэщIым иращIэкIыну гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм я закъуэкъым. Къэралыгъуэр къэзыIэт икIи зэтезыIыгъэ экономикэм и зыужьыныгъэр здынэсар къэзыгъэлъагъуэ щапхъэ узыншэхэри цIыхубэм зыхащIэн икIи ялъагъун хуейщ.

«КъызэрысфIэщIымкIэ, дызэрыт щытыкIэм теухуауэ упсалъэмэ, ди гуращэхэр къыдэхъулIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджетыр, хэтхам и мызакъуэу, абы дяпэкIэ халъхьэжынухэри къэплъытэмэ, сом мелард 60рэ нэхъ мынэхъ мащIэ мэхъу. 2019 гъэм щIышылэ мазэм зэ жысIауэ щытат ди Iэ имылъ щхьэусыгъуэ къыхэмыкIмэ, 2024 гъэри а бжыгъэм къыщымыщIэу зэритхынур. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу цIыхухэм я бюджетыр къызэгъэпэщынымкIэ мыр бжыгъэшхуэщ. Зи псалъэрэ зи гулъытэрэ пщIэ зыхуэсщI экономикэ лэжьакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, апхуэдэ экономикэ зыужьыкIи хэхъуи щыIэкъым. Арами, дэ ди резервхэм яхузэфIэкIынумрэ къыпхуищIыкIынумрэ зыхуэдэр слъэгъуащ. Шэчыншэу, 2022 гъэм ди бюджетыр сом мелард 60-м къехынукъым», – тригъэчыныхьу жиIащ КIуэкIуэ Казбек.

И псалъэмакъым къыпищэу, Iэтащхьэм адэкIэ и гугъу ищIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и псэуалъэ фондым щыщу зэгъэпэщыжын хуейуэ унапIэ 75-рэ зэрыщыIэр.

«Къыхэгъэщыпхъэщ зэгъэпэщыжын хуейуэ къэдгъэлъэгъуа унапIэ 75-м еджапIэхэр зэрихимыубыдар, абы текIуэдэну мылъкури бюджетым иджыри зэрыхэмылъытар. Щхьэхуэу къыжыдоIэ къэгъэщIэрэщIэжын хуейми, зэгъэпэщыжын хуейми ди щIыналъэм еджапIэ 50 зэрыщыIэр, абы щыщу 25-м я Iуэхур 2022 гъэм ирихьэлIэу зэрырахьэжьэнур. Мыбы текIуэдэну мылъкур бюджетым къедгъэIэтыну дызыщыгугъ бжыгъэм хэтлъхьэжмэ, сом мелард 70-м нызэрыхьэсынущ. 2018 гъэм къэтщтэгъа бюджетым сом мелард 29 хэтлъхьэжауэ щытащ. Хамэ къэрал ахъшэкIэ къапщтэмэ, сомыр пуд мыгъэхъун щхьэкIэ, бюджетыр доллар мелуан 500-м нэблагъэ мэхъу. Иджырей бюджетым, долларкIэ къапщэтэмэ, зы мелард хуэдиз къеIэт. Ари илъэсищым тещIыхьауэ. Дэ иджыри бюджетыр зэхэттхыкIыу зытегъэкIуэдэн хуейхэр дубзыхуну, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу цIыхухэм я щхьэпэ зыхэлъхэм хуэдутIыпщыну къытпэщылъщ», – жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: