Сымаджэхэр шым ягъэшэсурэ ягъэхъужШыхъуэхэм я хъыбархэм къыхэщ зэпытщ адыгэшыр зэрыгубзыгъэм къыхэкIыу, зи лъакъуэ къыдэмыбз сабийхэри балигъхэри ягъэшэсурэ, сымаджэхэм я гукъыдэжыр къызэраIэтыр, я узыр нэхъ мащIэ зэращIыр. Иджыблагъэ Урысей Президентым и лIыкIуэу СКФО-м щыIэ Чайкэ Юрий акъылэгъу къадэхъуауэ, ЕсэнтIыгу ИппотерапиемкIэ центрым и проектыр утыку кърахьащ. Хъыбарым щыгъуазэ дещI Псыхуабэ щылажьэ «Интерфакс-Юг» хъыбарегъащIэ IэнатIэм. «Урысей ипщэм абы хуэбгъэдэн иджыри иткъым, - дыкъыщоджэ хъыбарым. – Абы узыншагъэр щызэфIэбгъэувэж хъунум и закъуэкъым. Центрым Iэпкълъэпкъ уз зиIэ спортсменхэм Параолимпиадэм шы спортымкIэ зэхьэзэхуэхэм зыщыхуагъэхьэзыр хъунущ. Ардыдэм щылэжьэфынущ сабийхэм папщIэ гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэхэр». КъБР-м сымаджэхэм шым ягъэшэсурэ щеIэзэныр гупыж зыщIар Псыхуабэ-Шэрджэс чыристан IуэхущIапIэрщ. Илъэситху ипэкIэ КъБР-м и Прохладнэ районым хыхьэ Благовещенкэ къуажэм щылэжьэн щыщIидзауэ щытащ иджы зызрагъэубгъуну я мурад ЕсэнтIыгу и ИппотерапиемкIэ центрым и къудамэр. «Иппотерапиер» къыбгурыIуэн зэрыхуейр зи Iэпкълъэпкъым сэкъат зиIэ цIыхухэм, нэхъыбэу – сабийхэм, зэреIэзэ гъэхъужыкIэ Iэмалущ. Апхуэдэ IуэхущIапIэхэр куэд щIауэ щолажьэ Мэзкуу, Волгоград, Тверь, Ставрополь къалэхэми Ингуш республикэми. Дыщыгугъынщ мыгувэу ЕсэнтIыгу щыIэ центрым и къудамэ Налшыки къыщызэIуахыну.
Поделиться:
Читать также:
17.04.2024 - 12:53 →
Урысеймрэ ислъам дунеймрэ
17.04.2024 - 12:45 →
Жыджэру зызыужь IэнатIэ
17.04.2024 - 12:41 →
Спортсменхэр ягъэлъапIэ
15.04.2024 - 12:26 →
«Байконур» космодромыр
15.04.2024 - 12:25 →
Космонавтхэм я шхыныр щхьэхуэщ
|