Журналист ныбжьыщIэхэр ягъэпажэ

Бахъсэн къалэм «Мамы­рыгъэмрэ щэнхабзэмрэ я парк» къызэрыщызэIуахым ирихьэлIэу, «Баксан» газетым хэIу­щIыIу ищIауэ щытащ ­къалэм и гъащIэр къызыхэщ тхыгъэхэм я зэпеуэ зэ­ры­ригъэ­кIуэкIым теухуа хъыбар. Абы къыхэжаныкIахэр газетым и редакцэм щэкIуэ­гъуэм и 17-м ирагъэблагъэри, саугъэтхэр къратащ. 
 
Адыгэбзэрэ урысыбзэкIэ зи тхыгъэхэр зэхьэзэхуэм езыгъэхьа еджакIуэхэм нэхъ Iэзэ­хэр къахэбгъэщыну гугъут, - къэп­щытакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ. Я къалэр фIыуэ зэра­-лъагъур тхылъымпIэ напэм къы­щызыIуатэ еджакIуэхэм, дауи, ялъэкI къагъэнакъым ­Бахъсэн и дахагъымрэ абы щыпсэу цIыхухэм я щэныфIагъымрэ къагъэлъэгъуэн пап­щIэ. ИтIани, къэпщытакIуэхэм    я къалэн гугъур ямыгъэзащIэу хъунутэкъыми, пэрыт увыпIэ­хэр къыхэжаныкIахэм мыпхуэ­дэ щIыкIэу трагуэшащ: 
Япэ увыпIэ - Хъуэт Дамир ­(Бахъсэн дэт школ №5)
ЕтIуанэ увыпIэ - Нэгъуей Дарье (Бахъсэн дэт школ №6);
Ещанэ увыпIэ - Азычэ Ясми­-нэ (Бахъсэн дэт школ №5);
Саугъэт щхьэхуэ хуагъэ­фэщащ етIуанэ классым щIэс, ­Бахъсэн курыт школ №4-м и еджакIуэ Къардэн Дисанэ. 
Газетым и редактор нэхъыщ­хьэ Балъкъыз Аминэ редак­-цэм къеблэгъа ныбжьыщIэхэм щехъуэхъум зэпеуэм зэрыхэ­там щхьэкIэ фIыщIэ яхуищIри, КъБР-р илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу екIуэкIыну тхыгъэ зэхьэзэхуэми хэтыну къыхуриджащ.
«Ди зэпеуэхэм фымышынэу фыкъыхыхьэ, фыщытекIуэ, - яжриIащ Балъкъыз Аминэ сабийхэм. - Нобэ ар зэхьэзэхуэ цIыкIу къыффIэщI щхьэкIэ, хэт ищIэрэ, зэман дэкIмэ, фэ фщыщ гуэр журналист, тхакIуэ, усакIуэ хъункIи хъунщ. Нэ­гъуэщI IэщIагъэ къыхэфхыу щытми, фыкъыщалъхуа къалэр фIыуэ зэрыфлъагъур къы­зыхэщ сатырхэр тхыдэм къы­хэнэнущ». 
 
 
Чэрим Марианнэ.
Поделиться: